Псыжь лъэныкъуэм Iэпхъуа къэбэрдейхэм я пашэу щытащ пщы, лIакъуэлIэш, уэркъ пщIэрэ щхьэрэ зиIэхэр - ХьэтIохъущокъуэхэ, Наурызхэ, Къарэмырзэхэ, Къэсейхэ, Къетыкъуэхэ, Трамэхэ, Къундетхэ. ЛIыгъэ зэрихьэу хэкум и хуитыныгъэм щIэзэуахэм я дзэ пашэу, хьэжрэтхэм я псэукIэр къызэрагъэпэщу щытащ а зэман бзаджэм - ХьэтIохъущокъуэ Алий Мысост Талъостэн, Кургъуокъуэ Мусэ, Рослъэмбэч Ислъам, Къарэмырзэ Алий, Бэтокъуэ Мыхьэмэт, Наурыз Ислъам, Къэсейхэ Ислъамрэ, Мысострэ, Къетыкъуэ Жанхъуэт, Къазийхэ Къесынрэ Къэрэщейрэ, Къундетхэ Хьэжы-Къарэхъу, Нэгъуей, Мыхьэмэт, нэгъуэщI пщы, уэркъ хахуэ Iэджэр.
Урыс пащтыхьым и блэгущIэтхэм хьэжрэтхэм къулейсызыгъэ куэд къыхуахьащ. Ягъэсащ Къарэмырзэ Алий и къуажэшхуэр, абы дэса цIыху миным нэблагъэр зэтрау-кIащ. Къуажэм и лъыр ящIэжу къэбэрдейхэм зэхакъутащ Солдатскэ къэзакъ станицэр. Абы теуахэм яхэтащ Къэбэрдейм и пщы уэлий Жанхъуэт Кушыку и къуэ Жамболэт. Жамболэт Ермоловым фIыуэ къилъагъурт. Ауэ адыгэ щIалэм игу техуакъым пащтыхьыдзэм зэрахьэ хьэкIэкхъуэкIагъэр. Езы Жамболэт щраджэм, урыс генералым деж кIуащ, Iэщэр зыпщIэхихыну яхуидакъым икIи лIыгъэ хэлъу и гъащIэр итащ. А псор илъэгъуащ и адэ Жанхъуэт.
Къэбэрдейм къинахэри, Псыжь Iэпхъуахэри, КIахэм иса адыгэхэри зэкъуаудат, зэпызыщIэ гъуэгухэр бийм иIыгът, ауэ абыхэм къыхэкIырт лIыхъужь пхъашэхэу адыгэ псом хуэлэжьэным я гъащIэр щIэзытхэр. Тхыдэм къыхэнащ пщы, уэркъ хахуэхэм я цIэ: ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт (Мыхьэмэт Iэшэ), Къанокъуэ Етэч, Къарэмырзэхэ, Къэсейхэ, Ажджэрийхэ ящыщ пщыхэр.
Ар пэжщ, ауэ зауэм и хьэлъагъыр зышэчар адыгэ цIыху къызэрыгуэкIхэрщ. Абыхэм къахэкIащ лIыгъэшхуэ зыхэлъа куэд. Абыхэм я нэхъыбэр лъэпкъым ищIэжыркъым. Апхуэдэ зым и цIэри и лIыгъэри къэзыгъэлъагъуэ тхыдэ уэрэд 1992 гъэм къигъуэтыжащ Пщыбий Инал. Ар къэзыIуэтэжар Брамтэ щыщ Хьэту МыкIакъщ. Уэрэдым и цIэр «Хьэжрэт зауэщ». Зытеухуар Лъхукъуэщауэ Жанджэрийщ, ар илъэс 40-м итт, шыбгым ису и гъащIэр ихьырт. Уэрэдыр сатыр 40-м нос, гъэщIэгъуэнщ и ухуэкIэри и зэхэлъыкIэри. Инал зэритхымкIэ, «макъамэ дахэ гурыхь щIэтщ».
«Хьэжрэт» псалъэм и мыхьэнэр зэхуэмыдэу къаIуатэ. Зым жеIэ «Iэпхъуа» мыхьэнэ иIэу, адрейхэм (псалъэм папщIэ, Дыгъужь ФуIэд) «псэемыблэж» мыхьэнэр кърах. Пэжу, псэемыблэжу я хэкур хъумэным хущIэкъуащ Псыжь лъэныкъуэ Iэпхъуа хьэжрэтхэр. Ахэр зыкъомкIэ зыгъэпуд «беглые кабардинцы» цIэр фIащащ урыс пащтыхьым и блыгущIэтхэм. Сыт хуэдэ фIэщыгъэцIэт яхуэфащэр адыгэхэр я хэкум изыхуахэм, абыхэм я къуажэхэр зыгъэсахэм, фызхэр, сабийхэр, лIыжьхэр зэтезыукIахэм?
Псэууэ къэна хьэжрэтхэм я нэхъыбэр икIэм-икIэжым щетIысэхащ Инжыдж, Инжыджышхуэ, Псыжь я Iуфэхэм, ноби абдеж щысщ адыгэ къуажэ пщыкIух. А къуажэхэр лIакъуэ зэхэдзи хьэблэ зэхэдзи хъуащ. Зэхэзэрыхьащ къэбэрдейхэри, абазэхэри, беслъэнейхэри. Беслъэнейхэр къэбэрдеибзэм нэхъ пэгъунэгъу дыдэ диалекткIэ мэпсалъэ. Ахэр ижь-ижьыж лъандэрэ Инжыдж, Лабэ, Уарп псы Iуфэхэм Iусащ. ЛIакъуэ лъэщу щытащ, зы зэман гуэр мин блыщIым щIигъуу. Иджы КъШР-м беслъэней къуажитI исщ - Беслъэнейрэ ВакIуэжылэрэ, Краснодар крайм хохьэ жылэ цIыкIухэу - Бэчмырзей (Кургъуокъуей), Щхьэщэхужьыр (Урупская). Беслъэнейхэр нэхъыбэу тыркум Iэпхъуахэщ, мащIэкъым зауэм хэкIуэдари. Беслъэней къуажэхэм я пашэу XIX лIэщIыгъуэм щыта пщыхэр, лIакъуэлIэшхэр: Къанокъуэхэ (Щолэхъу къуажитху, Бэчмырзэ къуажитI яIыгъащ), Тхьэстокъуэхэ, Дэхъущокъуэхэ, Сэнэшокъуэхэ, Кургъуокъуэхэ. 1822 гъэхэм инми цIыкIуми беслъэней къуажэхэр щэщIым щIигъурт. XIX лIэщIыгъуэм икухэм Псыжь, Инжыдж цIыкIу, Инжыджышхуэ Iуса хьэжрэт къуажэхэм щызэхэзэрыхьащ къэбэрдейхэри, абазэхэри, абазэхэхэри, беслъэнейхэри. Нобэ къуажэ пщыкIух мэхъу зи паспортым «шэрджэс»-у иратха къэбэрдей хьэжрэтхэр щыпсэухэр (абыхэм я паспортхэм, анкетэхэм 1924 гъэм нэсыху урысхэм иратхэу щытащ «къэбэрдей» жиIэу, нобэр къыздэсым абазэхэр шэрджэсхэм зэреджэр къэбэрдейщ). Псыжь Iуфэм къыIунэжар зы къуажэ закъуэщ - Хъумэрэнщ (пасэм АбыкъухьэблэкIэ еджэу щытащ, Абыкъухэ къуажищ яIыгъащ. Гумыпсым деж къэнар зы къуажэщ, Первомайскэ цIэр зэрихьэу (Абыкъухьэблэу щытащ, абы дэсар Дзэлыкъуэкъуажэ къэкIуэжащ, адыгэу къыдэнар унагъуэ зыбжанэщ, нобэ къэрэшей къуажэ хъуащ, Нартсанэ пэмыжыжьэу щысщ).
Хъумэрэн Карачаевск къалэм пэгъунэгъущ, Черкесск ипщэкIэ километр 54-кIэ пэжыжьэщ, цIыху минитI хуэдиз дэсщ, адыгэхэм къэрэшейхэри къахэтIысхьащ. Къэбэрдейм Абыкъухьэблэр зэрыхэкIрэ куэд щIащ, хуагъэфащэ 1725 гъэрауэ, здэщыс щIыпIэр зыбжанэрэ ихъуэжащ, Хъумэрэн цIэр къыщищтар 1862 гъэрщ. 1925 гъэм мы къуажэм унагъуэ зыбжанэ иIэпхъукIри къуажэщIэ (Хъумэрэн цIыкIу, иджы Бэвыкъуэ) къэунэхуащ - Хьэбэз куейм деж. Езы къуажэм къищтащ Хъумэрэныжь цIэщIэр. Хъумэрэныр щIыпIэцIэщ, нобэ ар здэщысым зыгъэтIысар Абыкъу Алийщ. Хьэжрэтхэр щыIэпхъуа зэманым мыбы дэсащ Абыкъухэ, ГъукIэмыхъухэ, Дыгъужьхэ, Дзэмыхьхэ, Жэгуэтэхэ, Ещрэхэ, Лыхьхэ, ЛъэпсэкIуэхэ, Тамбийхэ, Темырхэ, Уэкъуейхэ, Цэгъэхэ, Хъуажьхэ. Совет зэманым мы къуажэм къыдэкIащ щIэныгъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр, артист Iэзэхэр. Астэжь Кърым Алий и къуэр Шэрджэс окрисполкомым и тхьэмадэу лэжьащ. Астэжьым Темирязевым и цIэкIэ щыIэ Мэкъумэш академиер, абы и аспирантурэр къиухащ, 1936 гъэм абы и кандидат диссертацэри щыпхигъэкIащ, «Нижне-Волгпроект»-м ухуэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIу щылэжьащ, яхэтащ Днепро ГЭС-р зыутIыпщахэм. 1937 гъэм лажьэ имыIэу ягъэкIуэдащ. Хъумэрэныжьым къыдэкIащ РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист, уэрэджыIакIуэ Iэзэ Жэгуэтэн Мухьэмэд, япэрей адыгэ роман «Инжыдж и Iуфэхэм» (I930) зытха Абыкъу Хьэмид (1937 гъэм ягъэкIуэдащ), илъэс куэдкIэ Къэрэшей-Шэрджэс обкомым и етIуанэ секретару лэжьа Темыр Умар, Социалист ГуащIэдэкIым и ЛIыхъужь Дыгъужь Мэржан, нэгъуэщI цIыху цIэрыIуэхэри.