1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр къызыжьэхэмыуа щыIэкъым. Псоми яIэщ лIыхъужь, и хахуагъэр щапхъэ яхуэхъуу. Хэт и лIыхъужьым и псэр щитащ зэуапIэ губгъуэм, нэгъуэщIым ейм псэууэ къигъэзэжри, унагъуэм, Iыхьлыхэм я IэфI зыхищIэу псэужащ. Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм ящыщ зым и хъыбар къытхуетх НафIэдз Людэ.
ГЪУЭТ Синэ.
Унагъуэм и тхыдэм теухуауэ нобэ къапщIэ хъунур пщэдейм помыгъаплъэ. Псом хуэмыдэу а хъыбарыр зыхъумэм и ныбжьыр хэкIуэтамэ… Мыпхуэдэу итщ Мартышинэ В.С. и «Твоя родословная» зыфIаща и тхылъым. Мы псалъэхэр нобэ еспхынут Хэку зауэшхуэм. Ар зыжьэхэмыуа щыIэкъым. Зауэм и хъыбар гуузхэм ноби дагъэгумэщI, лIыхъужьхэм дрогушхуэ. ЗауэлIхэр къыщыжырт Хэкум, унагъуэм, къэкIуэнум, абыхэм къазэурт мамырыгъэ. Зауэ губгъуэм ихьэхукIэ ягу къыщIэзыIэтэр псэууэ я унагъуэм къахыхьэжын хъуапсапIэрт. И гугъу фхуэсщIынущ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда зы зауэлIым - сызыхэс лъэпкъым ди лIыхъужьым.
1905 гъэм Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ НафIэдз Мзетэ. Абы зы къуэшрэ шыпхъуиплIрэ иIэт. Зауэр къэхъейри, фронтым кIуащ. 323-нэ фочауэ дивизэм хэту Брянск щызэуащ. ИлъэситIкIэ Брянск ягъэзджызджащ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм: цIыху мин 75-рэ зэтраукIащ. Абыхэм ящыщу минитхур сабийт. 1943 гъэм фокIадэм и 17-м къалэр хуит къащIыжащ. ЗэрыпхъуакIуэхэм я танк 48-рэ къыщагъэуащ, кхъухьлъатэ 12 къраудыхащ, лагъым 200-рэ Iэщэ-фащэ гъэпщкIупIэу 12-рэ къагъуэтащ дыдейхэм. Бийм и сэлэтрэ офицеру 3500 хагъэщIащ. Брянск хуит къащIыжыным я псэр щIатащ Дзэ Плъыжьым и зауэлI куэдым. Абыхэм ящыщщ НафIэдз Мзети. Зауэр иухри зэман дэкIыжауэщ абы и кIуэдыкIам и хъыбар унагъуэм къащыIэрыхьар. 1972 гъэ пщIондэ Мзетэ хабжащ хъыбарыншэу кIуэдахэм. ЛъыхъуакIуэ гупым зауэлIым и унагъуэм письмо къыхуатхащ къуэшыкхъэм дэт фэеплъ сыным и сурэт щIыгъуу. «Мыбдеж НафIэдз Мзетэ щыщIалъхьащ, игъащIэкIи лIыхъужьу къэнащ» жиIэу итт. Брянск къикIа письмор къыIэрыхьа нэужь, Хьэсэн, и анэми жримыIэу, адэм и кхъащхьэм кIуащ. Ар я япэ зэIущIэт. Езы зауэлIым ищIэххэртэкъым, щIэблэ иIэу… Мзетэ и щхьэгъусэ Аминат и щIалэ закъуэр зэман хьэлъэм къыхигъэтэджыкIащ зыхуей хуэзэу. И щIалэм, къуэрылъхуитIым, абыхэм къащIэхъуэжахэм я IэфI илъэгъужащ. Илъэс 65-кIэ кIэлъыпсэужащ щхьэгъусэм.
НафIэдз Мзетэ и къуэ Хьэсэн пщIэ зиIэ цIыхуу щытащ. Иужьрей илъэсхэм лэжьащ Мэкъумэш техникэмкIэ Шэджэм цехым и унафэщIу. Ауэ гъащIэ мащIэт – 2007 гъэм дунейм ехыжащ. Хьэсэн и щхьэгъусэ Лидэ 1971 гъэм КъБАССР-м и Налшык хэхакIуэ округым къыбгъэдэкIыу РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату хахауэ щытащ. Абы иригушхуэу ехъумэ и гуащIэм папщIэ къыхуагъэфэща къэрал дамыгъэ куэд. Хьэсэнрэ Лидэрэ щIалитI къащIэхъуащ. Олег псэуху мэкъумэш IэнатIэм пэрытащ, Валерэ полицэм и полковникщ. Абыхэм къащIэхъуэжахэри балигъ хъуащ: хэт юристщ, хэт экономистщ, хэт дохутырщ.
НафIэдз Мзетэ псэууэ зауэм къикIыжатэмэ, дауэрэ и гъащIэр екIуэкIынут?! Зыми ищIэркъым. Хьэкъыр зыщ: ар иригушхуэнут къыщIэхъуа щIэблэм! Хэку зауэшхуэр зэман жыжьэу къэзылъытэ щыIэщ. Ар пэжкъым. Зауэм и Iэужьыр ди нобэм хэтщ. Ди гум илъынущ игъащIэкIэ а гуауэр. Арами, дрогушхуэ икIи тщыгъупщэркъым ди япэ итахэм я хахуагъэр. Абыхэм я щапхъэм даунэтI.
Зауэм и фэеплъым иIэкъым пIалъэ. НафIэдз Мзетэ и щIэблэр щIыдопIыкI абы и хъыбархэм. Ар щапхъэ тхуохъур Хэкур фIыуэ тлъагъунымкIэ!