Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм

Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къызэгъэпэща зэрыхъуну щIыкIэм теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек епсэлъащ республикэм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт.

«Псори зэхэту республикэм мы гъэмахуэм щылэжьэнущ лагеру 13-рэ еджапIэхэм къыщызэрагъэпэщауэ 22-рэ. Махуэ къэс лэжьэну лагерхэм зыщагъэпсэхуну икIи я узыншагъэр щызэфIагъэувэжыну Iэмал яIэнущ ныбжьыщIэ миниблым, еджапIэхэм епхахэм минрэ щитхурэ екIуэлIэнущ, - щитхащ КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым. - Къызэрагъэпэщыну я мурадщ ныбжьыщIэ­хэмрэ щIалэгъуалэмрэ хабзэм тетыным хуэущииным, ахэр хэкупсэу гъэсэным, урысейпсо лъапIэныгъэхэр хъумэным хуэгъэза Iуэхухэр.
А лэжьыгъэм къыхыхьэнущ Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм, Урысей студент гупхэм, щIалэгъуалэ центрхэм я къудамэхэр.
Гъэмахуэм абыхэм я лэжьыгъэр нэхъ тегъэщIауэ щытынущ къуажэдэс еджакIуэхэм. Нэхъ егугъун хуейщ ныбжьыщIэхэр гъэмахуэм зи нэIэ щIэтыну гъэсакIуэхэр гъэхьэзырыным, а Iуэхухэр зэхьэ­лIа мынистерствэхэм быдэу япыщIауэ ядэлэжьапхъэщ абы и лъэныкъуэкIэ.
Iуэху пыухыкIахэм ятеухуауэ щытыну сменэхэм хэтынущ ныбжьыщIэ мин хуэдиз. Абыхэм ящыщу 500-м щIигъур мы гъэмахуэм республикэм къыбгъэдэкIыу хэтынущ къэрал егъэджэныгъэ программэхэм - Тавридэ, Мыхьэнэхэм я щIыналъэ, ШУМ, КъежьапIэ зыфIащахэм, нэгъуэщIхэм. Иужьрей илъэсхэм ди щIалэгъуалэ нэхъыбэм я зэфIэкI къыщагъэлъагъуэ хъуащ къэрал зэхьэзэхуэхэм икIи а унэтIыныгъэм нэхъри зрагъэужьыну я мурадщ.
 Абы нэмыщI ныбжьыщIэ 500 хэтынущ щIыналъэ зэхуэсхэм - «5642» профилактикэ щIыналъэ форумым, волонтерхэм я зэхы­хьэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ зэлъэпкъэгъухэм, къэзакъ щIалэгъуалэм я зэхуэсхэм.
Гъэмахуэм ди республикэм щекIуэкIынущ «Зарница 2.0» хэкупсэ джэгукIэм и щIыналъэ Iыхьэм и кIэух зэпеуэхэр, дзэ къулыкъум ираджэным хуагъэхьэзыр щIалэгъуалэр махуитхукIэ щагъэсэну «Авангард» хэкупсэ зэхуэсхэр, футболым дихьэххэм я республикэ зэхьэзэхуэхэу «ЩIыналъэхэм я зэпеуэ» зыфIащар, гъуэгухэм къыщыхъу насыпыншагъэхэр гъэмэщIэным хуэгъэза Iуэхухэр, щэнхабзэ фестивалхэр, «Бизнес 07» щIыналъэ стартап-еджапIэр, футбол цIыкIумкIэ хьэблэ-хьэблэкIэрэ ирагъэкIуэкI «Бутса Первых» турнирыр, «Ди пщIантIэм дэс ныбжыщIэхэр» проектыр, нэгъуэщI­хэри».

Поделиться: