ТхакIуэ икIи журналист цIэрыIуэ

   

ТхакIуэ, журналист цIэрыIуэ Тхьэмокъуэ Барэсбий псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут.

Тхьэмокъуэ Барэсбий Гъумар и къуэр I940 гъэм накъыгъэм и 25-м Шэджэм Езанэ къуажэм (иджы Шэджэм къалэм) къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым Барэсбий щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетым.

 1965-1968 гъэхэм ар щылэжьащ Пермь, Свердлов областхэм къыщыдэкI газетхэм, Каменск-Уральск къалэ газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу щытащ. I968 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къигъэзэжри, Барэсбий журналистикэм и IэнатIэ зыбжанэм щылэжьащ – телевиденэм и редактор нэхъыщхьэу, абы и къудамэхэм ящыщ зым и унафэщIу. Илъэс куэдкIэ ар лэжьащ КъБР-м Печатымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщIу. 2003 гъэм щегъэжьауэ «Адыгэ псалъэ» газетым щылэжьащ политикэ Iуэхум тетхыхьу.

Тхьэмокъуэ Барэсбий УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтащ. Журналистикэм щиIэ фIыщIэм папщIэ абы къыфIащауэ щытащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр, «И къару емыблэжу зэрылажьэм папщIэ» медалыр, министерствэ, ведомствэ зыбжанэм я щIыхь тхылъхэр къратащ.

Барэсбий и IэдакъэщIэкIхэм ящыщ зы тхыгъэ – «Анэ» Iуэтэжыр - фи пащхьэ идолъхьэ.

Анэ

(Iуэтэж)

… Жэщыбгщ. Казармэр щымщ. Си напIэр зэтелъми, сыжеифыркъым. ГупсысэкIэ сызэпхоплъыж зэманым, илъэсрэ ныкъуэрэ хуэдизкIэ згъэзэжауэ. Си нэгум щIэтщ спэжыжьэ си къуажэ цIыкIур, абы и уэрамхэм, и унэхэм ящыщ зы…

ЩIалэгъуалэ зыбжанэм агитатор къалэнхэр ди пщэ къыдалъхьауэ, хьэблэ-хьэблэкIэрэ къэткIухьырт: хэхыныгъэхэр зэрырагъэкIуэкI щIыкIэм, депутату хахынухэм я гугъу тщIырт, хэхакIуэхэм я унэцIэхэр дгъэтэмэмыжырт…

Уафэм щIэуэным хуэдэу, щиху псыгъуэ закъуэр къызыщхьэщыт унэ плIимэ цIыкIур нэщхъей-нэщхъейуэ къысIуплъащ: пщIантIэм хьэи джэдкъази дэттэкъым. Зи лэчыр текIыжа бжэр, сыщытеуIуэм, кIыргъри, зэIужащ. Iэнкун сыхъуауэ, къесшэлIэжри:

- ХьэщIэ нокIуэ! – сыджащ.

- КъыщIыхьэ, тIасэ, - къэIуащ фызыжь макъ.

СызыщIэбэкъуа пэшыр ныкъуэкIыфIт, зыхэпщIэуи щIыIэт. Пхъэ гъуэлъыпIэшхуэм ист фызыжь кхъахэ дыдэ, щхьэнтэ щабэшхуэхэр къегъэтIылъэкIауэ, цы Iуданэ гуэрхэр зэрихъэу. УнэлъащIэу пэшым щIэтри а зы гъуэлъыпIэшхуэрат зэрыхъур, шэнтщхьэгуэ зыбжанэм къыщинэмыщIауэ. Пэшхьэкущхьэм шыуан, нэгъуэщI хьэкъущыкъу гуэрхэр тетт, ауэ ахэр зыгуэркIэ къагъэсэбэпу зэрыпщIэн щыIэтэкъым, апхуэдизкIэ пэшыр бгынэжаифэти.

- Сыагитаторщ, нанэ, - жысIащ сэ, гъунэгъуу щыт шэнтщхьэгуэмкIэ сыкIуэурэ.

- Хъарзынэщ, тIасэ, тхьэм фIыкIэ зэрыуигъэхьэ уи къулыкъур. Къеблагъэ. ТIыс.   

ГъуэлъыпIэм пэгъунэгъуу сыщетIысэхащ.

- Ухэлъ хуэди-тIэ…

- Сыт мыгъуэр тщIэн, жьы дыхъуащ…

Iуданэ зэрыхъэр и куэщIым ирилъхьэри, и напщIэр хишу дакъикъэ хуэдэкIэ къызэплъащ, бжьыхьэ пщIащэм хуэдэу гъуэжь хъуа и нэкIум иIэ лэдэххэм, куууэ итIысхьэжа и нэхэм нэщхъыфIагъэ мащIэ къащIыхьауэ:

- Хэтхэ уарей, тIасэ? – къызэупщIащ.

- Нэзрэн Хьэмид срикъуэщ, - жысIащ, къызэрызэджэр Лиуанщ.

Фызыжьыр мащIэу хэщэтыкIри, кIыхьу хэщэIукIащ.

- А-а-а, си Лиуан цIыкIу мыгъуэ, дэнэ гущэм ущыхэту пIэрэ?..

Жьы къыкъуэуам щхьэгъубжэIупIэр Iуидзри, пэшыр зытIэкIукIэ нэхъ нэху къэхъуащ, ауэ а нэхугъэ мащIэри щIэх дыдэу хэгъуэщэжащ – пшапэр зэхэуэрт.

Нанэм сеупщIащ и цIэ-унэцIэмкIэ, зэрыхъуа илъэс бжыгъэмкIэ. Жэуапми сыпигъэплъакъым:

- Агънокъуэ Марусэ жыхуаIэр сэращ, тIасэ. Илъэс Iэджи сыхъуащ, тхьэм ещIэ абы и пэжыпIэр… Илъэс тIощIым щIигъуащи, уи цIэджэгъум къигъэзэжыркъым… Бзэха мыгъуэщ.

Марусэ и гугъу къысхуищIыжащ и щхьэгъусэр фин зауэм зэрыхэкIуэдам. И къуэ Лиуан, дахэ-дахэу школым щеджакъым, къафIыщIэкIыжри, зыкъомрэ, жылэр игъэгузавэу, къуейщIейхэм, бзаджащIэхэм яхэтащ.

Илъэс тIощI япэкIэ зэуэзэпсэу къуажэм дэбзэхыкIащ. И анэми, и Iыхьлыхэми зы псалъэ яжриIакъым. Зы письмо закъуэщ къитхар (ари зы илъэскIэ хъыбарынша нэужь). Абыи псалъитI-щыт итыр: «Умыгузавэ, къулей сыхъуауэ сынэкIуэжынщ».

- Сыт мыгъуэкIэ сыхуейт сэ абы и къулеягъэм?.. Си закъуэ дыдэу сыкъигъэнащ… Хэт сыщIэзылъхьэжынур?..

Сэ сыкъэпIейтеящ: «И щхьэ мыгъуагъэ хуезгъэхьыжу, и хъыбарыр нэхъри тезгъэуэндэгъуауэ пIэрэ? Сы-Лиуануи щхьэ жесIат?»

- Хьэуэ, Марусэ, - жысIащ, щымыгъэ гуемыIур зэпызудри. – Дэ зэи уи закъуэ дыдэ утщIынкъым… ДыкъэкIуэнкъэ!.. Мыдэ къызжеIэт нэхъ узыхуэныкъуэхэр…

Куууэ итIысхьэжа и нэ утхъуахэр нэпсым игъэщIытащ, «фIыгъуэр къыпхуищIэ, сыт сыхуеиж сэ», жиIэри, и щхьэр хуэм дыдэу игъэсысащ.

Хэхыныгъэхэм я гугъу хуэсщIыну сыхунэсакъым. Iэуэлъауэшхуэ ищIу бжэр къызэIуидзри, пощтзехьэ Исуфышхуэ къыщIыхьащ.

- Къащтэ гуфIапщIэ, Марусэ! – макъыхъуу жиIащ абы, и пащIэкIэхэр гуфIэгъуэм хагъэлъэтри. – Уи Лиуаныр дунейм къытехьэжащ!..

И куафэм кIэрылъ сумкэшхуэм къыдипхъуэтри, письмо щIыху плIимэ нанэм и пащхьэм щигъэсысащ:

- Къытехьи къафэ иджыпсту!..

Марусэ, сыну жам ещхьу, зыри жимыIэу заулкIэ щысащ, итIанэ, и щхьэр и IитIымкIи иубыдыжри, и напэ псор зыщIэзыубыда лэдэххэр нэхъыбэж хъуа къыпфIэщIу, Iущэщащ:

- Къеджэт, тIасэ! Сыт хуэдиз щIауэ сыпэплъэрэ сэ а тхылъымпIэ кIапэм.

Исуфышхуэ напIэзыпIэм письмор зэтриудри, къыдипхъуэта тхылъымпIэ напэм къеджэу щIидзащ:

«Сэламым и ужькIэ сыпсэущ, солажьэ, иджыри къэс зыгуэрурэ дыкъекIуэкIами, дяпэкIэ си гъуэгур зэIуха хъуащи, умыгузавэ, дянэ, ди мурадщ дынэкIуэжыну. Си щхьэгъусэри, си бынитIри сщIыгъунущ. Ауэ, дянэ, IэнэщI дыдэу дынэмыкIуэжын щхьэкIэ, зы тIэкIурэ дылэжьэжмэ нэхъ тфIэкъабылщи, къэнэжа мащIэм щхьэкIэ умыпIэщIэж…»

- ЖиIэр сыт зищIысыр?! – къыхэкIиикIащ фызыжьыр, и макъыр псыгъуэ дыдэ къэхъуауэ. – Зы махуэ, зы сыхьэт зумыIэжьэж… УфIэмащIэ укъызэрытар?!. УфIэмащIэ илъэс тIощIым щIигъур?!..

Тхыгъэм адэкIэ къеджэ Исуфышхуэ и псалъэхэр зэпиуду нанэр пыхьэрт, шхыдэрт, лъаIуэрт, нэпсхэри мыувыIэжу къыфIыщIэжырт.

Письмом къеджэн иухщ, тхылъымпIэр сэ къысIэщIилъхьэри, «ГуфIэгъуэ кIыхь ухъу…» - хъуахъуэурэ, Исуфышхуэ бжэм хуиунэтIыжащ.

- Модэ Къанщауэхи яхуэсхьыжын хуейщ мыпхуэдэ письмо…

- Ааа, си щIалэ цIыкIу, зэ догуэт… ГуфIапщIэр!..

- Ухэмыт, аууей! – щIэбзэхыкIыжащ пощтзехьэр.

- Си псэм ищIат, пщIыхьэпIэу слъэгъуат, угъурлыуэ укъэкIуат, - бзэрабзэрт фызыжьыр, и IэлъэщI Iувыр зришэкIауэ къэтэджурэ. – Си псэр зышхын цIыкIу, тIысыт, къысхуеджэт иджыри!..

Письмом и кIэм сынэблэгъауэ, бжэм макъ ирамыгъэщIу, фызыжьитI къыщIыхьащ. «ГуфIэгъуэ кIыхь ухъу…» - хъуахъуэурэ Марусэ IэплIэ хуащIри шэнтщхьэгуэхэм тетIысхьащ. Фызыжьхэм кIэщIу я ужь итт уэс дадэм ещхьу зи жьакIэхур зи бгъэгум къытелъ лIыжь лъахъшэ цIыкIу.

- ХъыбарыфI зэхэсхащ, - жиIащ абы, и цей къуапэ ижьыр дрихьейуэрэ гъуэлъыпIэ кIапэм тетIысхьэри. – Сыт къатхыр?..

Письмом щIэрыщIэу сыкъеджэу щыщIэздзэм, псори щым хъуащ. Я щхьэхэр щIаупскIэу яфIэгъэщIэгъуэну къызэдаIуэхэрт. Ауэ «IэнэщI дыдэу дынэмыкIуэжын щхьэкIэ» жыхуиIэ псалъэхэм сызэрынэсу, мыарэзыуэ фызыжьхэр зэIущэщащ, тIэкIу-тIэкIуурэ я макъым зрагъэIэтащ:

- КърекIуэж псынщIэу, зыхэмытын хэмыту!..

- КъэкIуэжынщ, на…

- Хуэтхын хуейщ, къепIэщIэкIыну… Иджыпсту дывгъэтх…

- Махуэ зытхухкIэ къэкIуэжыну пIэрэ?..

- КъэмыкIуэжу ддэрэ?! – и башыр тригъэуащ лIыжь жьакIэхуми.

- Уи насыпым къигъэзэжащ, Марусэ, гуфIэгъуэшхуэщ…

Зыгуэрым уэздыгъэр пигъэнащ. АпхуэдизкIэ пэшыр нэху къэхъуати, гуфIэгъуэм зэщIищта нэкIухэри нуру блэ къыпфIэщIырт. Къэгумэхауэ, зэми гуфIэу зэми пыхьэу, Марусэ письмор и нэм хуихьырт, и бгъафэм щIикъузэрт, зэпиплъыхьырт. Куэдрэ къытригъэзэжурэ хъуахъуэрт:

- Си гъунэгъухэращ дамэуи псэуи фызиIэр, сIуэтэжыхукIэ сызыгъэпсэуар, си лъэнкIапIэр щIэзымыгъэхуар… ФIыгъуэм щымыщIэнхэ, си псэр щхьэузыхь зыхуэхъунхэ, къурмэн сызыхуэхъунхэ…

 

***

… Жэщыбгщ. Казармэр даущыншэщ. Си напIэр зэтелъми, сыжеифкъым. Си гум къопIэстхъ, иужьрейуэ дыдейхэм къысхуатха письмом ит псалъэхэр: «Агънокъуэ Лиуан и унагъуэр, икIэм-икIэжым, къэсыжащ. Бетэмал, къэгувэIуащ. Зы мазэ хуэдэкIэ нэхъ пасэу къежьэжатэмэ, Марусэ тхьэмыщкIэр псэууэ кърихьэлIэжынут…»

ИлъэситIым щIигъукIэ пэплъэжащ анэр и къуэм, иужьрей письмор къыIэрыхьа нэужь… Махуэ къэс, и узыншагъэм къыщихьым, зыбжанэрэ куэбжэпэм Iухьэурэ, уэрамым ириплъэрт, Лиуан епсалъэрт, еубзэрт, елъэIурт къэпIэщIэну.

Письмо Iэджэ иригъэжьащ, зым нэхърэ адрейр нэхъ угъурлы хъуну щыгугъыурэ, еджакIуэ куэдым Iуэхутхьэбзэ къаригъэщIащ, сэр дыдэми тIэунейрэ письмо сигъэтхащ…

Хэт ищIэн апхуэдизу Лиуан къэзылъэхъар? Письмо Iэрыхьэхэм я лъэIур щыхуэмыгъэзащIэми, имыгъэгувэу жэуап къаритыжыну хузэфIэкIыртэкъэ? Къаритыжыни хуеякъэ? Зиущэхужри, къэсыжыхункIэ къитхаIакъым. Абы, дауи, зыхищIакъым темыпыIэжу къежьэ и анэм и гум хьэзабу телъар, гугъапIэу щигъэфIахэр; зыхищIакъым анэхэм я гъащIэр егъэлеяуэ зэрыпсынщIэрыкIуэри…

… МэIэуэлъауэ жьыбгъэр… Е радиом макъамэ гуэр къиту ара? Е, нахуапIэмрэ пщIыхьэпIэмрэ зэхэзэрыхьыжауэ, Шэджэмыпсым и даущ макъыр зэхэсхрэ?..

Хьэуэ, уэрэдщ си гур зыгъэпхъэрыр, акъужь телъыджэу щIылъэм щызеуэр, аузхэри жылагъуэхэри къыдежьууэрэ, уэгум зыщызыIэтыр, дуней псом зыщызыубгъур. Ауэ уэрэдщ…

«Анэр ухуэдэщ нэм, анэр ухуэдэщ псэм,

Анэм уэ пхуэдэ теткъым дунейм…»

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

 

 

 

 

 

Поделиться:

Читать также: