Самбэ

 

Кстовэ зыхуагъэхьэзыр

Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм я бэнакIуэ 230-м щIигъу, 20II - 20I3 гъэхэм къалъхуауэ икIи я хьэлъагъ елъытауэ ахэр гупи 10-у гуэшауэ щытащ.

Зэхьэзэхуэм и япэ махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм медалитI - дыщэрэ дыжьынрэ - къихьащ. Килограмм 42-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ Тэшу Рэмэзан. Гындыгъу Амир етIуанэ щыхъуащ килограмм 38-рэ зи хьэлъагъхэм я деж.

КъыкIэлъыкIуэ махуэм япэ увыпIэхэр яубыдащ Цей Къантемыррэ (кг 59-рэ) Уэрыш Жэмалрэ (кг 65-рэ). Ещанэ хъуахэщ Шыбзыхъуэ Басир (кг 59-рэ), Бырхьэм Имран (кг 65-рэ), Емкъуж Алий (кг 7I-рэ).

Хъыджэбзхэм я зэхьэзэхуэм дыщэ медалхэр къыщахьащ Бышэн Изабеллэрэ (кг 47-рэ) Черновэ Дарьерэ (кг 65+), Къандрокъуэ Сэтэней (кг 55-рэ) ещанэщ.

Зэхьэхуэм япэ увыпIищыр къыщызыхьахэр хэтынущ УФ-м самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм накъыгъэм и кIэхэм Новгород Ищхъэрэ областым и Кстовэ  къалэм щекIуэкIыну зэпеуэм.

  АЛБЕРДЫКЪУЭ Iэмин.

 

 

 

Поделиться: