Даур Амир къуажэдэсхэм ягъэлъапIэ

БэнэкIэ хуит

Красноярск къалэм Ярыгин Иван и цIэр зэрихьэу дэт спорт уардэунэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 54-м я спортсмен 450-рэ, я ныбжькIэ илъэс 16-м щIимыгъуауэ.

МахуищкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэри икIи ехъулIэныгъэфIхэр абы щызыIэрагъэхьащ. Килограмм 48-рэ зи хьэлъагъхэм я деж дыщэ медаль къыщихьащ Бахъсэненкэ къуажэм щыщ Даур Амир. Финалым ди щIалэр щытекIуащ Мэзкуу областым щыщ Гурбанов Ислъам.

Килограмм 41-рэ зи хьэлъагъхэм я деж дыжьын медаль къыщихьащ Бакъей Имран. КIэух зэхьэзэхуэм ди щIалэр къыщыхигъэщIащ Красноярск крайм щыщ Кондрашов Никитэ. А гуп дыдэм ещанэ щыхъуащ Щад Iэдэм.

Даур Амир и унэ къигъэзэжа нэужь, къуажэдэсхэр гуапэу къыIущIащ икIи щIалэщIэм и текIуэныгъэм гуфIэгъуэ зэхуэс иращIэкIащ: адыгэ джэгукIэ, IэгуауэкIэ ирагъэблэгъэжащ, саугъэтхэмкIэ ягъэпажащ, абыхэм нэмыщI, Бахъсэненкэ къуажэ администрацэм и унафэщI Абрэдж Хьэутий чемпионым щIыхь тхылъ иритащ.

Иджы Даур Амир къыпэщылъщ УФ-м и командэ къыхэхам хэту Европэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм Италием щыкIуэкIыну зэхьэзэхуэм и зэфIэкIхэр щигъэлъэгъуэну.

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.

 

Поделиться: