ЩIэблэм папщIэ зи гъащIэр зытахэр

Ди тхыгъэм фIэтща псалъэхэр зытет фэеплъ пхъэбгъум занщIэу гу лъыботэ, Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт курыт школ №1-м и тхыдэ-хэкурыдж музейм узэрыщIыхьэу. Пхъэбгъум кIэрылъ сурэти 10-м къищхэр а школым и егъэджакIуэу щытахэщ: Апажэ Нэжмудин, Борий Дзэшу, ГъущIынэ Хьэмзэт, Дзагуэ Къэралбий, Къашыргъэ Хьэжысмел, Куэшмэн Исхьэкъ, Куэшмэн Екъуб, Лий Назир, ЛIуп Хъанджэрий, Хьэщыкъуей Хьэмидбий. Хэку зауэшхуэм и 2-нэ махуэм ахэр псори зэгъусэу военкоматым кIуащ, фронтым ягъэкIуэну щIэлъэIуу тхылъ ятхри, зауэм дэкIащ. А щIалэхэм ящыщ зым и хъыбар къытхуиIуэтэжауэ щытащ къуажэдэс нэхъыфIхэм ящыща, «урыс лъэпкъым къыхэкIа адыгэлI» зыхужаIэу щыта Коммодов Геннадий. Ар илъэс куэдкIэ егъэджакIуэу щылэжьащ Щхьэлыкъуэ дэт курыт школ №1-м.

«Зауэшхуэм и губгъуэ иным щикъухьа хъуащ щхьэлыкъуэдэс егъэджакIуэ щIалэхэр. Дэтхэнэри и псэ емыблэжу бий зэрыпхъуакIуэм щыпэщIэтащ, фронт зэхуэмыдэхэм хэту, ауэ псоми я гъащIэр зэхуэдэу яухащ…

Дриплъэнщ зэныбжьэгъу щIалэхэм ящыщ зым и зауэ гъуэгуанэм.

Фронтым Iухьэн ипэкIэ, Дзагуэ Къэралбий еджапIэ ягъэкIуауэ щытащ Орджоникидзе дэта, лъэсыдзэхэр щагъэхьэзыр училищэм. Ар пIалъэ кIэщIым къриубыдэу къиухри, адыгэ щIалэр зауэм Iухьащ, 395-нэ фочауэ дивизэм и 726-нэ фочауэ полкым хэту. Лагъымыдз батареем и взводым и командир къулыкъум пэрыту, Дзагуэр щызэуащ Фанагорийскэ жылагъуэм и Iэшэлъашэхэм. Артиллерие хьэлъэмрэ кхъухьлъатэхэмрэ зи дэIэпыкъуэгъу совет зауэлIхэр езауэрт къебгъэрыкIуэ нэмыцэ лъэсыдзэ дивизэм. Нэмыцэ зауэлIхэм я къалэнт 18-нэ дзэр къаухъуреихьу и пIэм ираукIыхьыну. Советыдзэри ерыщу бий бзаджэм пэщIэтт, и псэ емыблэжу. Зауэ гуащIэхэр щIы IэгупIэ къэс щхьэкIэ екIуэкIырт. Ди зауэлIхэм къагурыIуэрт щIыбагъкIэ къач дэтхэнэ лъэбакъуэми бийр ТIуапсы нэхъ гъунэгъуж къызэрыхуищIыр. А махуэхэр псом я дежкIи хьэлъэт, ауэ Къэралбий ахэр нэхъри нэхъ гугъуж къыщыхъурт: зауэм теухуа хъыбархэр къэзыт Совинформбюром жиIат совет зауэлIхэм Налшык къагъанэу къызэрикIуэтар. «Налшык бийм щыIэщIэлъкIэ, сыщалъхуа си Щхьэлыкъуэри бий зауэлIхэм зэраутэм шэч хэлъкъым», - апхуэдэ гупсысэ хьэлъэхэм зэщIиIыгъэрт Къэралбий.

1942 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм и кIуэцIкIэ 18-нэ дзэм зауэ гуащIэхэр щригъэкIуэкIащ ТIуапсы и Iэгъуэблагъэм. ЩэкIуэгъуэм и пэщIэдзэхэм, советыдзэм бгылъэ, мэзылъэ щIыпIэхэм щригъэкIуэкIыфа ебгъэрыкIуэныгъэм и фIыгъэкIэ, бийр адэкIэ Iуадзащ. Апхуэдэу абы щыхъума хъуащ ТIуапсы къалэр. 1943 гъэм и щIышылэ мазэм Дзагуэр зыхэт 395-нэ фочауэ дивизэм ебгъэрыкIуэныгъэщIэхэр къызэригъэпэщащ, ахэр къехъулIэри, Псыжь и Iуфэм нэсащ. Псым зэпрысыкIа ди дзэм Краснодар хуит къащIыжри, къалэм дыхьащ. Фашистхэм Краснодар щызэрахьа бзаджэнаджагъэхэр егъэлеят. Ди зауэлIхэм абы къыщахутащ мамыр цIыхухэр гъуэзым щрагъэукI тутнакъэщ. «Душегубка»-кIэ зэджэу щыта автомобилхэр фашистхэм япэу къыщагъэсэбэпауэ щытар Краснодарщ.

Куэд дэмыкIыу Къэралбий гуфIэгъуэ хъыбархэр къыIэрыхьащ: Къэбэрдей-Балъкъэрыр хуит къащIыжащ, псэухэщ я унэ исыж и анэр, и шыпхъухэр, зауэм дэкIа и къуэшхэр.

Краснодар и Iэшэлъашэм лIыгъэ хэлъу зэрыщызэуам папщIэ, Дзагуэм щытхъу псалъэхэр къыхужаIащ икIи лагъымыдз батарее псо и IэмыщIэ къралъхьащ. Апхуэдэ къалэнышхуэ и пщэ дэлъу, абы зауэм пищащ. Адыгэ щIалэр зыхэта 395-нэ фочауэ дивизэр 56-нэ дзэм хагъэхьащ. Иджы ахэр бийм щыпэуват Кърым и деж, Киевскэ, Варениковскэ жылагъуэхэр хуит къащIыжу, нэмыцэдзэр адэкIэ ямыгъэкIуэн мурадкIэ. Капитан Дзагуэм и лагъымыдз батареем бийм и «Линие щхъуантIэ» зыхъумэжыныгъэ ухуэныгъэхэр зэпритхъын хуейт. А къалэныр абыхэм щагъэзэщIащ Таманскэ, Азтанизовскэ, Кизилташскэ унэтIыныгъэхэм щызауэурэ.

Зауэ гуащIэхэр екIуэкIыурэ, Дзагуэр зыхэта гупым хуит къащIыжащ Старотитаровская, Вышестеблинская станицэхэр, нэгъуэщI ди жылэхэри. Бийр губжьауэ зауэрт, икIуэтыну хуэмейуэ, ауэ ди зауэлIхэри гуащIэт. 1943 гъэм жэпуэгъуэм и 6-м Темрыкъуэ куейм хыхьэ Солёный къутырым деж щекIуэкIауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыиужьрей зэхэуэ ин. А зауэм и псэр щитащ щхьэлыкъуэдэс щIалэщIэ Дзагуэ Къэралбий. Абы щызэрихьа лIыгъэм папщIэ Дзагуэм къыхуагъэфэщауэ щытащ Хэку зауэ орденым и 1-нэ нагъыщэр.

… Щхьэлыкъуэдэсхэм ящыщ егъэджакIуэ щIали 10 зэгъусэу зауэм дэкIахэм ящыщ дэтхэнэри гъащIэмащIэт. Абыхэм я псэр ятащ я хэкум, республикэм, щалъхуа Щхьэлыкъуэ къуажэм я хуитыныгъэм папщIэ. Абыхэм я цIэхэр нобэ жылэ уэрамхэм зэрахьэ. Къуажэ школым и музейм щыфIэдза пхъэбгъум ит сурэтхэри абыхэм я фэеплъ мыкIуэдыжу щхьэлыкъуэдэсхэм къахуэнащ. Ахэр ди гум зэрыщIалэ дыдэу къинащ».

Зыгъэхьэзырар ТАМБИЙ Линэщ.
Поделиться:

Читать также: