Хьэщэ Артур Аруан къуажэм къыщалъхуащ 1983 гъэм. Къуажэ курыт еджапIэр къиуха нэужь, юрист IэщIагъэм хуеджащ, пIалъэкIэ хэтащ ОМОН-м.
2014 гъэм Артур унагъуэ хъуащ, зэщхьэгъусэхэм зэдагъуэтащ зы хъыджэбзрэ зы щIалэрэ. И унагъуэм хуэгумащIэт, щIэхъуэпсырт дунейр яригъэлъагъуну. Хъыджэбзыр игъафIэрт, щIалэм ткIийуэ зыкъыщигъэхъуну хэтт. Сабийхэм адэр я гъуазэт, я щапхъэт, я лIыхъужьт. Артур сыт щыгъуи жиIэу щытащ, пхъу иIэмэ, и щхьэцыр хуиухуэну зригъэсэну. Аращ зэрыхъуари, и хъыджэбз гъэфIэным и щхьэцыр хузэщIикъуэрт, хуиухуэнт. Сабий фIыуэ илъагъурт, езыхэми зыхащIэ хуэдэт абы и псэм и хуабагъэр – къаухъуреихьырт цIыкIухэм. Ар абыхэм къагурыIуэн, зыхащIэн бзэ щабэт зэрадэуэршэрыр.
И адэ-анэм, и Iыхьлыхэм жаIэж щыцIыкIум ар дырийпсырийуэ, «жьым тесу псым епыджу» зэрыщытар. Сабий садым кIуэн фIэфIтэкъым, и шыпхъухэм я гъусэу унэм щIэсмэ нэхъ къищтэрт. «Артур зэрану е дыхьэшхыу макъ къэмыIумэ, зыгуэр зэхищIыхьри зиущэхужауэ арат е къэлъыхъуэн хуейт», - игу къегъэкIыж и анэм.
Хьэблэ щIалэ цIыкIухэм ящIыгъуу мэзым кIуэхэрт мэракIуэ, дэ къахьыну. ИужькIэ жиIэжырт, езыхэр здынэсу щыта щIыпIэхэм иджырей сабийхэр мыкIуэфыну, абыхэм я сабиигъуэр зыхиубыда зэманымрэ иджыреймрэ зэхуэмыдэу.
Артур егъэлеяуэ фIэфIт бдзэжьеящэ кIуэну. Сыхьэт бжыгъэкIэ къунтхыр иIыгъыу псы Iуфэм Iусыфынут. Бдзэжьей къимубыд щхьэкIи игу ныкъуэтэкъым, ещэнрат фIэфIыр. КъиубыдаIамэ, Iэмал имыIэу езым ипщэфIынут.
СВО-р къэхъеиным ипэ, Хьэщэ Артур ухуакIуэу лажьэрт. Езыр щIалэ IэчлъэкI-зэIэщIэлъти, гугъуехьхэми лэжьыгъэми щышынэртэкъым. ЩIалэр зыхэт лэжьакIуэ гупым фIыуэ къалъагъурт, «Артур къытхэмыту ди бригадэм ищIэн щымыIэ», - жаIэрт, лэжьапIэм щымыкIуа къэхъуамэ. ГушыIэрейт, ныбжьэгъу и куэдт, гупыр зыгъэгупт. И цIыху щIыкIэкIэ щабэт. ЦIыхухэм сэбэп яхуэхъуну фIэфIт, нэгъуэщIым и ехъулIэныгъэм щыгуфIыкIыфырт, и гуныкъуэгъуэр зыхищIэрт.
2022 гъэм и мазаем Украинэм къыщыхъеящ дзэ Iуэху хэхар. 2023 гъэм и фокIадэм Артур СВО-м кIуащ. Куэд дэмыкIыу уIэгъэ хъури, и узыншагъэм кIэлъигъэплъыну къаутIыпщыжащ щIалэр. И узыншагъэр зэтеувэжри, игъэзэжащ. 2024 гъэм и пэщIэдзэм абы хэкIуэдащ.