Накъыгъэм и 19 - 21-хэм Налшык къыщызэрагъэпэщащ «ХабзэкIэ цIыхубэм къадекIуэкI динхэр иджырей нацизмэмрэ мажусиигъэм и лIэужьыгъуэщIэхэмрэ зэрапэщIэтыр» зэхуэсышхуэ.
Ар къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ КИИУ-м и ректор Шыбзыхъуэ Мурат. КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI, муфтий Дзасэжь Хьэзрэталий и къэпсэлъэныгъэм къыщыхигъэщащ щIалэгъуалэр бэлэрыгъыгъуафIэ щIэхъур абыхэм я адэ-анэхэм Iиманышхуэ зэрабгъэдэмылъым, я быным жраIэн зэрамыIэм къызэрыхэкIыр. «Утыкум кърахьэ шыпсэхэр занщIэу къыщIапхъуатэр езыхэм лъабжьэ зэрамыIэрщ, ар и лъэпкъым теухуа щIэныгъэ, къэралым и тхыдэ, къызыхэкIа диным и тегъэщIапIэ ирехъу. Аращи, хэти къыжриIэр, ди жагъуэ зэрыхъущи, я фIэщ хъуну хьэзырхэщ. Фэ фыкъызытехъукIахэр щIэныгъэншэт, ахэр ислъамым и пхэнжырщ зытетар къызэрыжраIэу, псори я фIэщ мэхъу. Дин гъэсэныгъэ узыншэм щIапIыкIа ныбжьыщIэр апхуэдэ гупсысэ утхъуахэм ириудыфынукъым, аращи, къыдэкIуэтей щIэблэм и гъэсэныгъэм нэхъ набдзэгубдзаплъэу дыхущывгъэт».
«Гупсэхуу седэIуащ ди муфтийм и псалъэхэм, - жиIащ лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ министр КIурашын Анзор. – Хэплъхьэжынуи хэбдзынуи зы псалъэ хэткъым. Си щхьэкIэ зыкъэсщтэжмэ, сытым дежи си анэшхуэм и дуней тетыкIамрэ абы жиIэу зэхэсхахэмрэ си нэгум щIэтщ, си тхьэкIумэм итщ. Ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм игъащIэ лъандэрэ къадекIуэкI а хабзэмрэ гъэсэныгъэмрэ къыпхыкIар иджырей гупсысэ пхэнжхэм дахьэхынукъым».
Зэхуэсым хэтхэм хъуэхъу псалъэкIэ зыхуэзыгъэзахэм ящыщ Налшыкрэ Пятигорскрэ я чыристан зэгухьэныгъэм и унафэщI Бобылёв Валентин. «Мы гъэм дэ дгъэлъэпIащ ди къэралым Хэку зауэшхуэм къыщихьа ТекIуэныгъэшхуэр илъэс 80 зэрырикъуар. Абы и мыхьэнэр пэжу къыдгурыIуапхъэщ. Дуней псом ягу къэгъэкIыжын хуей мэхъу Урысейм къарукIэ, IэщэкIэ узэрыпэмылъэщынур. Ар езыхэми ящIэри, иджы ди щIэблэм я гупсысэкIэр ягъэутхъуэну мурад ящIащ. «Неонацизм», «неоязычество» жыхуаIэ идеологиещIэхэр къыщежьар иджыкъым. Зы лъэпкъыр адрейм нэхърэ нэхъ лъагэу, абы зыщIыхиIэтыкIын щхьэусыгъуэ иIэ хуэдэу пхызыгъэкIын щIэзыдзауэ щытар Гитлерщ. Абы и гупсысэкIэрщ Украинэм къыщагъэщIэрэщIэжауэ Урысейм щыпсэухэм я чыристан диным къызэреныкъуэкъур. «Неоязычество» жыхуаIэр зищIысыр сыт жыпIэмэ, ар урысхэм я къэралыгъуэр зытет православ диным ягу щагъэкIын папщIэ, «родноверие» фIащауэ, пасэрей хабзэжьхэр, Урысейм чыристан диныр къищтэн ипэкIэ зытетахэр къызэрагъэщIэрэщIэжырщ. Мес, моращ фэ урыс дыдэ фызыщIыр, армыхъумэ грекхэм къахьа чыристаныгъэракъым жаIэу. «Урыс фашизмэщIэ» жыхуаIэм, ди жагъуэ зэрыхъущи, тегъэщIапIэ хуэхъур аращ. Абыхэм гъуэгуи лъабжьи зэрамыIэр щIалэгъуалэм къагурыдгъэIуэн хуейщ».
АдэкIэ зэхуэсым къыщыпсэлъахэщ ищхьэкIэ зи цIэ къыщитIуа Пятигорск дэт университетым и егъэджакIуэхэр. Осипов Станислав и докладым куууэ щызэпкърихащ Украинэм зыкъыщызыIэта бандеровецхэм я лъабжьэр къыщежьэри, ахэр Хэку зауэшхуэм иужькIэ Канадэмрэ Германиемрэ Iэпхъуауэ, иджы я щIэблэм ди къэралыр къызэрагъэутхъуэри, цIыхур цIыху зыщIыж, ар адрейхэм яхуэзыгъадэ, хабзэкIэ цIыхубэм къадекIуэкI динхэр а псом зэрапэщIэтри. «Сталиным и коммунизмэм дызэрыпэщIэувэн гупсысэкIэрщ дэ дызытетыр», - жаIэ хуэдэурэт Гитлер и телъхьэхэр къызэрежьар. Нобэ а тхыдэ напэкIуэцIхэм уахутепсэлъыхьмэ, а тIури цIыхум залымыгъэ езых гуэру, коммунизмэри гитлеризмэри зэразэщхьэщыкIышхуэ щымыIэ хуэдэу къагъэлъагъуэ, тIури фашизмэм ирапхыну хэту. А псоми я зэхэгъэкIыпIэр зыщ: зы цIыхур адрейм зэрыхущытыр. «Сэ уэ нэхърэ нэхъыфIу зыкъыщIэслъытэжын гуэр збгъэдэлъщ» жозыгъэIэ фашизмэм дауэ, минрэ уи гупсысэкIэм темыхуэми, ди къэралым щызекIуа идеологиехэр зэребгъэщхьынур? Хьэмэрэ «родноверие» жаIэу кърахьэжьа, Библиер къэгъэнауэ, «Велес и тхылъ» жыхуаIэм деж дгъэзэжыным дыкъыхуезыджэр нэхъ щIагъуэ? Ди къэралым щыпсэухэр абыкIэ дызэрауштыну хуейуэ аращ. Нобэ дызытет динхэм, ар ислъам е чыристаныгъэ ирехъу, зыр адрейм дыпэщIигъэувэркъым. ЛIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ зетхьэ динхэм цIыхугъэр я тегъэщIапIэщ, абыхэм фэкIи, бзэкIи, лъэпкъкIи зэмыщхьхэр дызэкъуагъэувэ. А зэкъуэтыныгъэр ди къэралым щыпсэухэм къыттрахын папщIэщ а псори къыщIаулъэпхъэщыжыр».
Пятигорск университетым щолажьэ «Зэманым и псыежэх» клуб. Абы екIуалIэхэр тхыдэми щэнхабзэми утыку къыщрахьэ лэжьыгъэхэм щытопсэлъыхь, еплъыкIэ зэмыщхь зиIэхэр «щызодауэ». А клубым и лэжьыгъэм тепсэлъыхьащ зи гугъу тщIа Центрым и лэжьакIуэ, Пятигорск университетым и егъэджакIуэ Каспарян Константин. Хэку зауэшхуэм къыщахьа ТекIуэныгъэм и мыхьэнэм ди къэралым щыпсэу псори зэрызэкъуигъэувэр ялъагъурти, абы и пщIэм кIэрагъэхуну, ар Америкэм къахуихьа хуэдэу къагъэлъэгъуэну зэрыхэтым тепсэлъыхьащ Пятигорск университетым и егъэджакIуэ Колесников Илья.
ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа егъэджакIуэхэр неофашизмэмрэ мажусиигъэм и лIэужьыгъуэщIэхэмрэ щытепсэлъыхьым, тегъэщIапIэ ящIар къэралым и тхыдэмрэ чыристаныгъэмрэщ. ГупсысэкIэ пхэнжхэм ислъамым япэщIигъэувэ гупсысэхэр утыку кърихьащ КИИУ-м и егъэджакIуэ, муфтийм и къуэдзэ Сыжажэ Алим. КъурIэн лъапIэми хьэдисхэми IупщIу къахощ муслъымэн диным пагагъэр зэримыгъэдахэр, «джихад» жыхуаIэ псалъэри зытеухуар аращ. Нэхъыбэм ар бийм къарукIэ пэщIэтыным хуахь щхьэкIэ, Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам щэхьабэхэм яжриIауэ щытар дощIэж: «Джихьад цIыкIум фыкъикIыжащи, иджы джихьадышхуэм феувалIэ». «Абы къригъэкIар щхьэж ди цIыхугъэм емызэгъ, зыхэтIэтыкIыну дыкъыхуезыджэ шейтIанымрэ цIыхум и псэ щхьэзыфIэфIымрэ дапэщIэт зэпыту дыпсэун зэрыхуейрщ, - жиIащ Сыжажэм. - Нобэ «хабзэкIэ къекIуэкI дин зехьэкIэ» щыжытIэм деж, апхуэдэ щыIэкъым жаIэ. АрщхьэкIэ диныр къыщежьар хьэрып щIыналъэрами, ар щызэрахьэ щIыпIэм, зезыхьэ лъэпкъым, абы и дуней тетыкIэм и нэпкъыжьэ къытренэ сыт щыгъуи ислъамым. ЛIэщIыгъуэкIэрэ ди адэжьхэм зэрызэрахьам ар лъэпкъ дин зехьэкIэ ищIакIэщ. «Хьэрыпыр мыхьэрыпым нэхърэ зыкIи нэхъыфIкъым, и тхьэшынагъэр мынэхъ инмэ», - жиIэгъауэ щытащ Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам. Мыбдежым «хьэрып» псалъэм и пIэкIэ сыт хуэдэ лъэпкъыцIэри ибгъэувэ хъунущ. Зыр адрейм нэхърэ нэхъыфI, нэхъ лъагэ дызыщIынкIи хъунур ди Iиманырщ, ауэ щыхъукIэ, Iиман куу зыбгъэдэлъым зэи сэ уэ нэхърэ сынэхъыфIщ жиIэнукъым».