ИкIутар из хъужкъымАдыгэхэм ди Щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIыну Iуэхухэм хэтын мурад иIэу, махуэ бжыгъэкIэ Хэкум къэкIуэжат Тыркум и Анталье къалэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу Безыр Забит. Интернетым и фIыгъэкIэ цIыхугъэ тхуэхъуам дедгъэкIуэкIа псалъэмакъщ адэкIэ щыгъуазэ фызыхуэтщIынур.
- «ИкIутар из хъужкъым» жыхуиIэм хуэдэщ иджыкIэ ди Iуэхур! Ауэ иужьрей технологие зэпыщIэныгъэхэм я фIыгъэкIэ зэпыщIэныгъэфIхэр диIэ хъуащ щIыпIэ хамэм щикъухьахэмрэ Хэкужьым исхэмрэ. Урысейм нэгъуэщI къэралхэм кIуэн-къэкIуэжыныр хуит зэрищIрэ нэхъ тыншу дызэлъоIэс. «Хамэ хэку сыщытхъэ нэхърэ си хэкужь сыщылIэ!» жыхуиIэращи, мыбыкIэ щызэхашэ сыт хуэдэ адыгэ Iуэхуми си гум щызу сыхэтыну си нэр къокI. Ауэ, Хэкужьым сызэрыпэIэщIэм къыхэкIыу, щIэх-щIэхыурэ сыкъихьэжыфкъым. СыкъызэрыкIуэжа махуэ бжыгъэм къызэхъулIащ Iуэхугъуэ щхьэпэу тIум сыхэтыну. Япэрауэ ПащIэ Бэчмырзэ и музейр къызэрызэIуахрэ илъэс 20 щрикъум ирихьэлIэу ящIа зэхуэсым срагъэблагъэри сыщыIащ. Абы иужькIэ адыгэхэм ди Щыгъуэ махуэм иращIэкIа дауэдапщэхэми сыхэтащ. ТIури хуабжьу си гум дыхьа Iуэхугъуэщ. ЗэрытщIэщи, дуней псом щикъухьа ди лъэпкъэгъухэм накъыгъэм и 2I-м, псэкIэ дызэдэщIыгъуу, гулъытэ хэха худощI. Дэри а махуэм ирихьэлIэу Хэкужьым дыкъихьэжмэ ди гур хохъуэ. КъызэрыслъытэмкIи, адыгэу зызыбжыж дэтхэнэми ди къалэнщ мы Iуэхум траухуэ зэхыхьэхэм, пэкIухэм кърихьэлIэну зыхузэфIэкIахэри хэмытыфахэри щхьэхуитыныгъэм папщIэ зи псэр зыта ди лъэпкъэгъухэм зы дакъикъэкIэ дахуэщыгъуэну, гукъэкIыж папщIэу псалъэ дахэ яхужытIэну. Псэр зыпэIэщIэ си Хэкум сыкъыхуеплъэкIыу, пкъыр зыхуемыпIэщIэкI хамэ щIыпIэм согъэзэж. Гукъеуэм зэгуитхъ си псэр зэ псэхужыну пIэрэ жысIэу согупсысэ. Ауэ, насып схуэхъумэ, сыкъэкIуэжыну си мурадщ сызыщIэхъуэпс си Хэкум. Си адэм къызжиIэу щыта псалъэхэр си гум илъщ: «Си Хэкум си псэр хуэлIэу дунейр собгынэ. Уэ, си щIалэ, лъахэм уи лъэр нэхьэсыж», - жиIауэ зэрыщытар. Дызыхэс лъэпкъыр зыкIэ къыджьэхэмыуэми, Хэкум дыкъыхуэпабгъэу, зэрытпэIэщIэр ди гуныкъуэгъуэу допсэу, - жеIэ Безырым.
Хэкужьым пэIэщIэ ди лъэпкъэгъухэм, хамэ щIыпIэр тIысыпIэ яхуэхъуами, бзэмрэ хабзэмрэ зэрызыщамыгъэгъупщэным хущIокъу. Иджырей зэпыщIэныгъэхэр IэмалыфIщ ди щыIэкIэ-псэукIэм нэхъри щыгъуазэ зыхуэтщIынымкIи дызэрыубыдыжынымкIи.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
15.12.2025 - 11:30 →
Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ
15.12.2025 - 11:21 →
«Адыгэ» фIэщыгъэ зиIэхэр
15.12.2025 - 11:15 →
Куэдым хунэс зэгухьэныгъэ
12.12.2025 - 15:30 →
ЗэхъуэкIыныгъэр ягу ирихьащ
| ||




