Жэщтеуэ усиплIым я хъыбар

Нало Заур и рассказхэм гупсысэ куу ящIэлъщ, я купщIэр инщ. Дэтхэнэми узэщIигъэгупсысыжу, зы гукъэкIыж гуэрхэм ухилъасэу апхуэдэщ. Ди тхакIуэхэм, критикхэм ящыщхэр тетхыхьащ абы и IэдакъэщIэкIхэм, щхьэж езым и еплъыкIэкIэ нэхъ къехъулIауэ къилъытэр къыхигъэщу. Абыхэм ящыщ зыщ КъШР-м щыщ усакIуэ, тхакIуэ Бемырзэ Зураби. Налом и рассказхэм абы къахегъэщ «Жэщтеуэр» икIи абы пэджэжу усиплI иусащ. Абы ипэ къихуэу рассказыр къызэрыщыхъуам фыщыдогъэгъуазэ.

«ГъащIэм узригъэзыр куэдщ, насыпымрэ гуфIэгъуэмрэ къыщыщIэдзауэ, гукъеуэмрэ гуауэмрэ щыщIэкIыжу. Нэхъ лIыфIуи дунейм тетар ихьэжыфащ хьэжыгъэу зэманым, нэхъыбэж зыхьэжар цIыху гупсысэращ. Гупсысэм и джатэр наIуэу умылъагъуми, нэрылъагъуу ухимыгъащIэми, абы нэхъ жанрэ ткIыбжьу къыпхыхьэрэ мы дунейм теткъым. ТхакIуэм е усакIуэм и къалэмымкIэ а джатэр къригъэзэфмэ, къыхихыр тхыгъэщ, къытехуэмэ – фэбжьщ. 
Нало Заур и «Жэщтеуэ» рассказ цIыкIум куэдрэ седжащ къытезгъэзэжурэ. Ауэ си ныбжьым елъытауэ абы еплъыкIэ хузиIахэр зэщхьэщыкIырт. Япэу сыщеджам ар гъэщIэгъуэну къысщыхъуащ. ЕтIуанэу сыщеджэжым бзэ дахэкIэ зэрытхар сфIэтелъыджэ хъуащ, ещанэм – цIыхухэм я гукъеуэр къызэригъэлъэгъуэфым сигъэуIэбжьащ, еплIанэм… Ауэрэ, зы еджэгъуэ гуэрым деж, рассказыр жэщтеуэ гупсысэ хьэлъэу къыстеуэри, нобэр къыздэсым уэлбанэу къысщхьэщынащ. 
Зыгуэрми жиIэнкIэ мэхъу, ар псалъэгъэхущ жоуэ, ауэ литературэм псэкIэ хуэкъабзэ дэтхэнэри а рассказым еджэмэ, гу уэму къигъэнэнукъым. Сыт атIэ Заур мыгъуэм и «Жэщтеуэр» апхуэдизу сигу щIынэсар? Псалъэ аркъэн кIыхь езмыдзуи жысIэнщи, мы тхыгъэм Налор хэпсэукIащ. И лIыхъужь дэтхэнэми я пкъым итащ, я гупсысэр игъэващ, я бзэрэ жьэрэкIэ псалъэхэр жиIащ. Я гъусэу гуауэм хэIубащ, дунейм ехыжам и гъусэу лIащ, псэууэ къэнам и гъусэу адэкIэ гъащIэр пидзэжащ. Сэ си фIэщ игъащIэми хъунукъым мыпхуэдэ тхыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа тхакIуэ-усакIуэхэр ятхам гуузыншэу къыхэкIыжыфу, я гъащIэм и ныкъуэр къыхамынэу.
Ауэ абы и зэчиймрэ литературэ зэфIэкIымрэ нэгъэсауэ наIуэ щыхъур итхам еджэр а гупсысэ хьэлъагъэ дыдэм архъуанэу хригъэлъэфэфмэщ. Заур ар хузэфIэкIащ. НобэкIэ сэ си гъащIэр къызэрыспщ нэщэнэхэм ящыщ зыр мы рассказращ – Налом и жэщтеуэ дапщэ иджыри сщхьэщыкIын сыхущIыхьэну жысIэу…
Мы тхыгъэм хуэстхын сыхущIыхьащ нобэкIэ усиплI. СызэригугъэмкIэ, Заур тхьэмыщкIэм теухуауэ сэ зыгуэр жысIэнумэ, а усэхэм жаIэн хуейщ. Ауэ абыхэм нэгъэсауэ жамыIэфмэ, къызэрыкIуэбзэкIэ пысщэжкIи мыхьэнэ иIэу къэслъытэркъым». 

(Нало Заур и «Жэщтеуэм» сигъэусэу)
Япэ жэщтеуэ
- Сыт къыпщыщIар?
- Си гъащIэр къысщыщIащ,
Щыуагъэрэ пэжагърэкIэ гъэнщIауэ.
- Сыт къыхэпхар?
- Уэ зыр укъыхэсхащ,
Си махуэхэр бжьэцыбэу къызэпщIауэ.
- Хэт урикъан?
- Дыгъужьым срикъанщ,
И нитIым жэщырыкIуэу срашажьэу.
КъуэкIыпIэр къысхуащIыжмэ хьэурхъан,
УэрэдкIэ си пщэдджыжьхэр ирагъажьэу.
- Къэбгъанэр сыт?
- Дуней зэхэуфар,
Си махуэр уэсмэ, жэщыр си уэшхылэу,
Си Инжыджыпсу мы дунейм щисфам
НэгъуэщIи симыIэжу гъуэгугъуэмылэу. 
- Уздэжэр дэнэ?
- Си гур здэпхъэрам,
Си гугъэр щхьэрыпхъуэну нэм къытелъу.
Шу закъуэу си мурад зытесIуэнтIам
Жэщ къэсыхункIи щыхупIэжьу селъэу.
- Сыт къызжепIэн?
- Уэ сыт къызжепIэжын,
Си гъащIэми, си пщIыхьми я жэуапу?
- Шу закъуэ щхьэмыгъазэу узблэжынт,
Жэщ къэскIэ си щыхупIэм уемыпкIатэм…

ЕтIуанэ жэщтеуэ
Хьэщтауэ къызблэжмэ си гъащIэр,
Сытету гъуэгущхьэ ущIам,
Дуней IэщIэкIам хуэгумащIэу
Махуэжьыр къухьэпIэм щещIам,
Жэщтхьэлэу къуэкIыпIэм къыкъуэжмэ
Нэхущым хэфа хьэ плъыжьибл,
КIыфIыгъэр къуэладжэм дахуэжу
ЯщIыжмэ дунейр лъэныкъуиплI,
Гупсысэ къэкIуар къысхуэзэшу
Си дамэм къытрилъхьэмэ щхьэр,
Уэлбанэр IэбжьыбкIэ игуэшу
ИсыкIмэ мазэщIэ къихьар,
Си усэхэр макъыу лъэлъэжмэ,
ЕпщIыхьмэ къэкIуэнур блэкIам,
Си къамэр губгъуэкум хэстIэжу
Сигъуалъхьэмэ Хэку упщIыIуам,
Iэмыр щимыIэжу мы гъащIэм
Шы лъакъуэм къыщIэхумэ дунейр,
ЦIыхугур итхьэлэу лъы гуащIэм
IэфIыгъэу зы псалъэу щыхуейм,
Талор си дзажэпкъым къытепкIэм
ХифыкIыу къэзгъащIэм псэIус -
Налом и «Жэщтеуэм» къысхуеджэ,
Зэхэсхым хэсхыжу гууз.

Ещанэ жэщтеуэ
Пщыхьэщхьэ къэс нэIуасэ зыкъысхуещI
МазэщIэ къыкъуэкIам. Хывыбжьэ хужьыр
Вагъуэбэ быным епыджыну хуейщ,
И нитIыр - шэемыуэ губжьу.
Пщыхьэщхьэ къэс жеIэжыр зы хъыбар
БзэмыщIэм и зы макъ симынэIуасэу.
Мо дыгъэ бзэмыIу дыдэм сыт жепIар
И кIуэцIыр игъэсыжу къыщоуасэм?
Анэшхуэм иутIыпщу уи гущэкъу
Уэр-уэру емрэ фIымрэ уащыхуещIэм
Мы щIыгу пхуэджэрэзам и уафэ жьэгъу
Зэгуэр ущIэтIысхьа кIэмажьэ уещэу?
Жэщтеуэу уитхьэла зэгуэрым гум
Зытебдзмэ, къыпхуэнэнур нэхъ шынагъуэу?
Зэгуэрэм зэ уегупсыса езым -
Зи кIуэцI зыгъэс мо дыгъэр щIэщхьэзакъуэм...

ЕплIанэ жэщтеуэ
Дунейр къутэжауэ щащэу,
Жэщыбгхэр щыджалэм жейуэ,
А зыр къыхызохри гъащIэм -
Сэ соджэ Налом и Жэщтеуэм.
ЖесIари зэхимыхыжу,
Гу пщтырыр си дзажэм къеуэм,
Жэщыкум сыкъотIысыжри,
Сэ соджэ Налом и Жэщтеуэм.
Шы плIэIум сытеубгъуауэ
Сыздэжэм къэуамэ фочыр,
Шэ фIыцIэр къыхэзмыхауэ
Налом и Жэщтеуэм соджэ.
Дунейри симыгъэлъагъуу
Уи нитIым сыщыхуэчэфым,
Налом и Жэщтеуэ закъуэм
Уи зэшыр сщегъэгъупщэфыр.

Поделиться: