2025 гъэм накъыгъэм и 1-м къыщыщIэдзауэ шыщхьэуIум и 1 пщIондэ екIуэкIынущ Урысейм и жыг телъыджэхэр къыщыхах зэхьэзэхуэр. Мы гъэм абы хэтщ ди къэралым и щIыналъэхэм къыщыкI жыг 70.
Ныбжьышхуэ зиIэ жыгхэм яхэтщ тхыдэрэ хъыбаррэ зи щIыбагъ къыдэлъи. Апхуэдэхэр зэрахузэфIэкIкIэ яхъумэ, хэIущIыIу ящI. А мурадырщ «Мэз узыншэ» IуэхущIапIэм и жэрдэмкIэ (Урысейм Мэз IэнатIэмкIэ и федеральнэ агентствэр и дэIэпыкъуэгъуу), УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и комитетхэмрэ ЩIыуэпс щIэиныр хъумэнымкIэ Советымрэ 2010 гъэм щIагъэбелджылари «Жыгхэр щIыуэпсым и дамыгъэщ» урысейпсо Iуэхур.
Абы ипкъ иткIэ, ныбжь зиIэ, тхыдэшхуэ къызыдекIуэкI жыгхэр къэхутэным, ахэр хъумэным, дыкъэзыухъуреихь дунейм цIыхур хуэгъэсакъыным хуэгъэзауэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI, ди къэралым ныбжьышхуэ зиIэ и жыгхэр зэрыт Лъэпкъ реестрыр зэхагъэувэ. КъищынэмыщIауэ, 2017 гъэ лъандэрэ къызэрагъэпэщ зи гугъу тщIы жыг телъыджэхэр къыщыхах зэхьэзэхуэр. Ар щрагъэкIуэкI https://rosdrevo.ru напэкIуэцIым.
«Жыгхэр щIыуэпсым и дамыгъэщ» IуэхумкIэ ягъэбелджылы къэралым и нэIэ зытригъэтыпхъэхэри. Апхуэдэу къыдагъэкIыжащ Урысейм тхыдэ мыхьэнэ зиIэ и жыгхэм я сурэт альбомыр. «ЩIыуэпсым и дамыгъэу» къалъытэр ныбжь зиIэ, хъыбар гъэщIэгъуэн къызыдекIуэкI е цIыхушхуэ гуэрым епхауэ щыт жыгхэрщ.
Абы къыщагъэлъэгъуахэм ящыщщ Краснодар щIыналъэм щыIэ мэзкхъужьей хьэлэмэтыр. Кхъужьейм илъэс 250-рэ и ныбжьу щIэныгъэлIхэм жаIэ. И лъагагъыр метр 20-м нос, и лъэдийр зы метрым щIегъу. Къужьейр къыщокI «Кордон Лаура» щIыпIэм хуэзэ Кавказ мэзгъэфIэным (заповедникым). ЗэрыжаIэмкIэ, и ныбжьми емылъытауэ, абы ноби пхъэщхьэмыщхьэ къыпокIэ. ГъэщIэгъуэныщэ-къэ ар?!
«Жыгыр Кавказ мэзгъэфIэным итщ. Зэгуэр а щIыпIэм деж адыгэ къуажэ щысащ, зэрыхуагъэфащэмкIи, а кхъужьейр шэрджэсхэм ягъэкIыу щыта жыг хадэжьхэм къащIэнахэм ящыщ зыщ», - щыжыIащ «Жыгхэр щIыуэпсым и дамыгъэщ» урысейпсо Iуэхум и напэкIуэцIым.
Абы нэмыщI, зэпеуэм хэтщ Адыгей Республикэм и зы жыг - Тульскэ къуажэм и жыг хадэ нэхъыщхьэм ит бзиихур. Абы илъэс 95-рэ и ныбжьщ, метр 28-рэ и лъагагъщ, и лъэдийр метр 0,94-рэ мэхъу. «Мы жыгыр тхыдэм и щIэинщ икIи щIыуэпсым и дамыгъэ лъапIэщ. 2012 гъэм Тульскэ къуажэр илъэси 150-рэ ирикъуащ, бзиихур щIыналъэр «къызэрацIыхущ», - ятх жыгым теухуауэ.
Зэхьэзэхуэм хагъэхьащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и уэздыгъейри. Зи ныбжьыр илъэс 200 хъууэ къагъэлъагъуэ жыгым метр 30 и инагъщ, Зеленчук районым хыхьэ Архъыз къуажэм и Iэгъуэблагъэм щыIэщ. Захуэу икIи дахэу дэкIея уэздыгъейр къыщокI зыгъэпсэхуакIуэхэмрэ альпинистхэмрэ щызэблэкI Таулу хуей цIэрыIуэм. Абдеж къурш зекIуэхэр щрагъажьэ, зыгъэпсэхупIэхэмрэ хьэщIэщхэмрэ бгъурытщ. А хуейр щIыуэпс телъыджэм хэтщ, Псышрэ Софиерэ щызэхэлъэдэж щIыпIэщ. Лъэмыжым пэмыжыжьэу къыщытщ Хэку зауэшхуэм и зэманым Кавказ бгы щхьэпрыкIыпIэхэм щекIуэкIа зэхэуэхэм папщIэ ягъэува фэеплъ. Абдеж къыщыкI жыг псоми уардэу къащхьэщытщ зи гугъу тщIы уэздыгъейр.
Зэпеуэм хэтщ Суворовымрэ Пугачёвымрэ я жыгейхэр, Лермонтовым и дыкъуэнагъыр (вяз), Чайковскэм и бзиихур, Арсеньевым и кIейр (ясень), сыбыр мыIэрысейр, Коровин Константин и щихур (тополь), нэгъуэщIхэри.
Зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщызыхь жыгыр щыкI щIыналъэм ЩIыхь тхылърэ Сертификатрэ («Мэз узыншэ» IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм жыгым и щытыкIэр къахутэным, зыхуей хуагъэзэным тещIыхьауэ) хуагъэфащэ. Апхуэдэуи абы къыщызэрагъэпэщынущ щIыуэпсым и сурэт нэхъыфI сабийхэм егъэщIынымкIэ зэпеуэ. ЕтIуанэ, ещанэ увыпIэхэр зылъысхэм ЩIыхь тхылъ иратынущ, жыгхэр здэщыт щIыпIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр къыщызэIуахынущ, щIыуэпсым и дамыгъэу зэрыщытыр тету.
Интернетым щрагъэжьа IэIэтым (https://rosdrevo.ru) дыхыхьэу, шэрджэс жыг хадэхэм я фэеплъ папщIэу къэна мэзкхъужьейм ди Iэр хуэтIэтыным мыхьэнэшхуэ иIэу къысщохъу. Урысейр жыгхэмрэ мэзхэмкIэ къулейщ. Ди Хэкур щхъуантIагъэм къаухъуреихь, апхуэдэ дахагъэми, шэч хэмылъу, пщIэ хуэфащэщ. Гулъытэ зыхуэщIыпхъэ, нэгъуэщIхэм къегъэцIыхун хуей куэд абыхэм яхэтщи, «Жыгхэр щIыуэпсым и дамыгъэщ» урысейпсо Iуэхур абыкIэ щхьэпэнущ. Хэкур фIыуэ лъагъуныр абдеж къыщыщIедзэ.