Къэшэж ТIалибI зи IуэхущIафэкIэ щэджащэ узэщIакIуэщ. Зи гъащIи, зи гуащIи цIыхум щIэныгъэ егъэгъуэтыным хуэзыунэтIа егъэджакIуэт ар. Апхуэдэущ ТIалиб нэхъыбэм зэрацIыхур. Ауэ абдежым къыщынэркъым… Къэшэжым и зэфIэкIым къихьар зы цIыху гъащIэм къитIэсэфыныр фIэщ щIыгъуейуэ къыпщохъу, ар зыхэпсэукIа лъэхъэнэр къэплъытэмэ. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм къэбэрдей адыгэхэм сыт хуэдэ ехъулIэныгъэ ямыгъуэтами, абыхэм Къэшэжым и Iэужь хэмыту къэнакъым – и акъыл нэхумкIэ хэлIыфIыхьащ, и гъэсэн къомымкIи къыхэуващ.
Дауэ мыхъуами, Къэшэж ТIалиб и гъащIэри и щIэинри и кIэм нэсу, арэзы удэхъуу джа хъуакъым. ТIалиб теухуауэ зыгуэр дыщыгъуэзэххэмэ, ар зи фIыщIэр ди щIэныгъэрылажьэ гъуэзэджэхэм я лэжьыгъэхэрщ - къэрал архивым къыхэна дэфтэрхэмрэ, псэуху езым къытрыригъэдза тхыгъэхэмрэ я тегъэщIапIэу, ар зыдэса жылэм щыжаIэжхэри къыхэлъытэжауэ, зэхуахьэсыжащ Къэшэжым и щIэиныр. Нэхъ тэмэмыIуэу жыпIэмэ, и щIэиным щыщу къэнэжар.
ТIалиб Къэшэжхэ Псэбыдэрэ Быхуэрэ я унагъуэ къихъуа сабииблым я нэхъыжьт. Псэбыдэ цIыху губзыгъэти, щIэныгъэм гу хуэзыщIа и къуэ пажэм пэрыуэгъу хуэмыхъуу, иригъэджащ. Къуажэ мыдрисэр япэ лъэбакъуэти, къыкIэлъыкIуэу, чыристан диным нэхъ Псыхуабэ дэта школхэм я зым щIэтIысхьащ. А зэманыр дэнэ къэна, ноби муслъымэн адыгэм тщыщу зыми и щхьэ тримылъхьэну апхуэдэ еджапIэ щIэтIысхьэну. Ауэ щыхъукIи, Къумыкъу Рашад итхыр пэжу къэлъытапхъэу къыщIэкIынщ. А лъэхъэнэм Къармэхьэблэ дэса урыс писарым и унагъуэм яхыхьэрейуэ зэрыщытар, ахэр зэрытхэф-зэреджэфым зэрехъуэпсар.
А еджапIэми фIы дыдэу щеджауэ яIуэтэж ТIалиб. Иужьым Псэбыдэ и къуэ нэхъыжьыр егъакIуэ Псыхуабэ дэт прогимназием.
Псыхуабэ дэт гимназием иужькIэ еджапIэ нэхъыщхьэ щIэтIысхьэн мурадкIэ Къэшэжыр кIуауэ щытащ Бытырбыху. Мис абдеж ТIалиб теухуауэ ятхыжхэр зэщхьэщокI. Хэти ТIалиб еджапIэм щIэмытIысхьэфауэ етх, хэти Бытырбыху дэт император университетыр къиухауэ къелъытэ, тIум щыгъуэми, абы щыхьэт техъуэн дэфтэр къэнауэ щыIэкъым.
Бытырбыху университетыр къимыухами, абы щыщыIа лъэхъэнэм - 1896 гъэм - «Санкт-Петербургские ведомости» газетым къытехуауэ щытащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм зэрахьэ фащэм теухуауэ ТIалиб и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэ. Ар къэзыгъуэтыжауэ щытари Къумыкъу Рашадщ.
Бытырбыху къикIыжу зи унэ къекIуэлIэжа ТIалиб къуажэдэсхэр къыщыгуфIыкIащ. ЩIэныгъэ иIэ зэрыхъуам, къэрал хабзэ зехьэкIэми зэрыхищIыкIым я фIыгъэкIэ жылэм пщIэшхуэ щиIэт.
Къуажэдэсхэм къыхуащI пщIэр игъэкIуэдакъым: ТIалиб захуэм и телъхьэу, абы и Iуэхур пхигъэкIын папщIэ, фэжагъуэрыхь хъуми, лъэкI къимыгъанэу къекIуэкIащ. Абы и щыхьэту къэрал архивым къыхэнащ дэфтэр куэд.
1899 гъэм Къэшэж ТIалиб тэрмэшу Налшык судым уващ. А лэжьыгъэм къыдэкIуэу этнографие и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ тхыгъэ «Хьэнцэгуащэр» къытрыригъэдзащ «Этнографическое обозрение» журналым. Абы къыкIэлъыкIуащ «Къэбэрдей адыгэхэм я хьэгъуэлIыгъуэ дауэдапщэхэр» зэрыдахым теухуа тхыгъэр. А лэжьыгъэхэр уасэ зимыIэт, сыту жыпIэмэ, нэхъапэIуэкIэ ямытхыжа хэтт, дауэдапщэхэр ипэм щыщIэдзауэ икIэм нэс зэрырагъэкIуэкI щIыкIэр къаIуатэрт.
Судым йокIри, ТIалиб 1902 гъэм Налшык Iэгъуэблагъуэм и тетым деж тэрмэшу макIуэ. Ауэ а гъэ дыдэм къыIуагъэкI, шэч зыхуащI студентхэмрэ курсистхэмрэ япыщIа зэрыхъуам щхьэкIэ. Ауэ егъэджакIуэу щытыным ар зэран хуэхъуакъым. 1901 гъэм лъэпкъ училищэхэм я унафэщIу Тэрч щIыналъэм щыIам Къармэхьэблэ пэщIэдзэ еджапIэ къыщызэIуахыну хуит ищIащ.
1904 гъэм зэпэщ хъуа пэщIэдзэ еджапIэр къызэIуахащ.1905 гъэм къэпщытакIуэ папщIэу еджапIэм яхуеблэгъа инспекторым итхыжауэ щытащ ТIалиб ехъулIэныгъэ дилъэгъуахэр – щIалэ, хъыджэбз цIыкIухэр зэхэсу зэреджэр. Псори зэхэту еджакIуэхэр цIыху 63-рэ зэрыхъур, урысыбзэр хъарзынэу зэрызэрагъащIэр, гъэсэныгъи Къэшэжым зэрахилъхьэр.
Хъыджэбз цIыкIуи щIалэ цIыкIуи зэхэсу ебгъэджэн жыхуэпIэр а лъэхъэнэм цIыхум я дуней еплъыкIэм къемызэгъхэм щыщт, ауэ ТIалиб апхуэдизкIэ пщIэрэ Iулыджрэ щиIэт щалъхуа къуажэми, Къэшэжым и дзыхь кърагъэзри хъыджэбз цIыкIуий къыщIагъэтIысхьат еджапIэм. Ауэ еджакIуэхэм я бжыгъэр хуэм-хуэмурэ нэхъ мащIэ щыхъум, еджапIэр зэхуащIыжащ, «ягъэлэжьэн папщIэ хуэфэщэн мылъку зэракъуэмылъым къыхэкIыу». 1904 гъэм ежьа хъуа Iуэхур илъэситI къуэдейщ зэрекIуэкIар. Апхуэдэу щIэхъуами щхьэусыгъуэ иIэщ. Дэфтэрхэр щыхьэт зэрытехъуэщи, урыс тхыпкъылъэр и лъабжьэу, урыс школхэм къадэкIуэу мыдрисэхэр щыIащ, куэдкIэ нэхъыбэу. А лъэхъэнэм цIыхум яIа дуней еплъыкIэм, псэукIэм нэхъ пэгъуэнэгъур мыдрисэрат.
ТIалиб къэрал хабзэхэм фIыуэ хищIыкIт, захуэм и телъхьэт. 1906 гъэм цIыхубэм я лIыкIуэу япэ Къэрал Думэм хэтын хуейуэ къагъэлъэгъуауэ щытат. Ауэ къуажэ унафэр тетхэм пхагъэкIакъым. А гъэ дыдэм екIуэкIа къуажэ зэхыхьэм унафэу къыщащтауэ щытащ Къармэхьэблэ щыщу Къэбэрдейм и лIыкIуэу Думэм Къэшэж ТIалибрэ Думэн Елмырзэрэ ягъэкIуэну.
Къэрал Думэм лIыкIуэ папщIэу бгъакIуэ хъуну къэбэрдей къуажэхэм къагъэлъэгъуа цIыхуищэрэ хыщIым щыщу хэдэхэри Къашэж ТIалибрэ Абзууан Тыгъуэнрэ къыхахауэ щытащ етIуанэу зэхуешэс Къэрал Думэм кIуэну. Абы къегъэлъагъуэ ТIалиб а лъэхъэнэм хуабжьу цIэрыIуэу зэрыщытар.
1910 гъэм Къэшэж ТIалиб къуажэ унафэщIу хахащ. Сыт и щхьэусыгъуэми, тетыгъуэр илъэсищ пIалъэти, абыи нагъэсакъым ТIалиб. Илъэс иримыкъущ а къулыкъур зэрырихьэкIар. Ауэ 1915 гъэм аргуэру къуажэдэсхэм хахауэ щытащ Къэшэжыр къуажэ унафэщIу. Лъэпкъ Iуэхум хэша хъуа ТIалиб иджы итхыу къытрырагъэдзэр этнографием, IуэрыIуатэм епхатэкъым – жылагъуэ Iуэхухэм я зехьэкIэ хъунрат иджы нэхъыщхьэр. ЩIэныгъэншагъэращ мыхъумыщIагъэу щыIэр къызыхэкIыр – абы шэч къытримыхьэу, дэни щыжиIэт Къэшэжым.
Къэшэж ТIалиб и цIэр нэхъыбэу узэщIакIуэ, егъэджакIуэ къалэным хуахь щхьэкIэ, зэхэщIыкI иIам и фIыгъэми и зэранми, жылагъуэ Iуэху зэрыхьзэрийуэ къекIуэкI куэдым хэмыту хъуакъым. Апхуэдэу Къалмыкъ БетIал къызэригъэпэщауэ щыта Къэрэхьэлъкъ зэгухьэныгъэм Къашэж ТIалиб хэтащ. ЗыплъыхьакIуэ хуэдэу ди щIыналъэ мызэ-мытIэу къихьа революционер Киров Сергейри и цIыхугъэт.
1920 гъэм Къармэхьэблэ къыщызэIуаха еджапIэм и унафэщI хъуащ Къэшэж ТIалиб – адыгэбзэмрэ урсыбызэмрэ щригъаджэу. Иригъэджари сабийхэм я закъуэкъым. Балигъхэм ящыщу еджэным гупыж хуэзыщIа дэтхэнэ зыми диIыгъащ. 1923 гъэм еджапIэм цIыху 45-рэ щеджэрт, къыкIэлъыкIуэ гъэм школым къекIуалIэхэр тIукIэ нэхъыбэ хъуащ. ШколыщIэ къэунэхуахэм я пщIэ къыщыдэуеяр лъэпкъ мащIэхэм я бзэр Iэмал имыIэу яджыжын хуейуэ унафэ къыщащтам щыгъуэщ.
Егъэджэн Iуэху теухуауэ 1922 гъэм къэунэхуагъэщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр автономнэ округым щекIуэкI Iуэхугъуэ псоми жыджэру хэтащ Къэшэж ТIалиб. Налшык къыщадэгъэкIыу яубла газетым сабийр егъэджэным пыщIа гугъуехьхэм теухуа тхыгъэхэр къытрыригъэдзащ. БжьыхьэлI Лиуан теухуа хъыбарыр «Красная Кабарда» газетым 1922 гъэм къытехуауэ щытащ, езы ТIалиб къэкIуэну гъащIэм фIы куэд къытхудэкIуэнкIэ зэрыщыгугъым и щыхьэту Лиуан и псалъэхэр къихьу.
НобэкIэ щыIэжкъым ТIалиб и уни щригъэджа еджапIи. ЯщIыжыну щIэхъуэпсу Къэшэж лъэпкъыр зыщIэлъэIуат ТIалиб зыщIэса и унэри, къикIаIакъым.
И лъапсэр къызыхуигъэнэн быни къыщIэнакъым ТIалиб. Ауэ и бын хуищIэфын хуэдиз яхуищIащ иригъэджахэм. А IуэхумкIэ зыщысхьыжакъым. 1931 гъэ пщIондэ… Псыхуабэ щыIэу, газет еджэу здэщысым зэуэзэпсу и гур зэгуэудащ.
Къэшэж ТIалиб и япэIуэкIэ лъэпкъыр узэщIыным зи гъащIэр щхьэузыхь хуэзыщIахэм я цIэ къызэрынам хуэдэу, ТIалиби и цIэр къэнащ, абыхэм ящыщ куэдым ялъымыса пщIэ игъуэтыжу. Пэжщ, фэеплъ фэеплъ хуагъэувакъым, ауэ и цIэкIэ уэрам щыIэщ щалъхуа къуажэми Налшыки.