ЩIалэгъуалэр республикэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм, жылагъуэ гъащIэм, спортым, щIэныгъэм, щэнхабзэм зэрыдрагъэхьэх Iэмалхэр зэхуэмыдэщ. А Iуэхум хэлэжьыхьхэм ящыщщ АфэщIагъуэ Анзор. Ар Налшык къалэ администрацэм щIалэгъуалэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщIщ, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и 8-нэ зэхуэсыгъуэм и унафэщIу щытащ, 2024 гъэм, илъэс 27-м иту, щIалэр физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат хъуащ. Мы зэманым КъБКъУ-м щрегъаджэ.
Ди республикэм щыпсэу щIалэгъуалэр щIэщыгъуэ гуэрым дегъэхьэхыным и ужь итщ АфэщIагъуэр зи унафэщI IуэхущIапIэр. Спортым, медицинэм, щIэныгъэм, гъуазджэм ехьэлIауэ щытынкIэ хъунущ апхуэдэ Iуэхухэр. Управленэм илъэсым къриубыдэу щалэжьынур ягъэбелджылы. Дэтхэнэ Iуэхури траухуэ щIэблэр унэтIыным, IуэхуфIхэм тегъэгушхуэным. Зы илъэсым апхуэдэ Iуэхуу 50-м щIигъу ирагъэкIуэкI, псалъэм папщIэ.
- I94I-I945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 80 зэрырикъум и гъэщ 2025-р. Дауи, абы гулъытэ худощI. ЩIэблэм Хэкур фIыуэ ялъагъуу, къэралым и тхыдэр яфIэгъэщIэгъуэну, блэкIар ялъытэу гъэсэным тедухуащ Iуэхугъуэ куэд. Ди Iэтащхьэр, ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэхэр, район, къалэ администрацэхэр – псори дызэрыщIэу, дызэчэнджэщу дызэдолажьэ. ЩIалэгъуалэм ди гупэр яхуэгъэзащ, ахэр зыхуей хуэзэу, IэщIагъэрэ щIэныгъэкIэ республикэм сэбэп хуэхъуфу тлъагъуну дыхуейщ, - жеIэ Анзор.
Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьэрэ илъэс 80 зэрырикъум теухуауэ ирагъэкIуэкIахэм ящыщщ «Узэкъуэтмэ, улъэщщ» зэхыхьэр. Пневматическэ кIэрахъуэкIэ уэнымкIэ щIалэгъуалэр зэпрагъэуащ. Кърагъэблэгъащ СВО-м хэтхэр, абы и ветеранхэр. Ди зэманым и лIыхъужьхэм ирагъэкIуэкIащ дзэ Iуэхум ехьэлIа дерсхэр, тепсэлъыхьащ лIыхъужьыгъэм и мыхьэнэм, хахуагъэр къыздикIым, ди япэ итахэм я лIыгъэр щапхъэ зэрыхъум. Хэку зауэшхуэм и зэман лъандэрэ щыIэ кIэрахъуэ тIорысэхэр ирагъэлъэгъуащ щIалэгъуалэм, ар псынщIэу зэпкърпах-зэпкъралъхьэу ирагъэсащ.
НыбжьыщIэхэм я театрым (ТЮЗ) щрагъэкIуэкIащ дзэ Iуэхум, щIэблэр хэкупсэу гъэсэным теухуа зэIущIэ. Iуэхум хэтащ ныбжьыщIэ 70 хуэдиз. Абыхэм зэрызагъэпщкIу (маскировочный) хъархэр зэрахъащ икIи ахэр дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм ирагъэшащ.
Ди республикэм ис щIалэгъуалэм, ахэр нэхъ зыдихьэххэм, яхузэфIэкIхэм, я зэхэтыкIэм щытепсэлъыхьым, къыхигъэщащ зызужьыну зыфIэфI щIалэгъуалэ дызэриIэр, абыхэм гъуэгу етыным къэралри республикэри зэрыхэлэжьыхьыр.
- Иужьрей илъэсхэм къэралым гулъытэшхуэ хуещI щIалэгъуалэм гъуэгу етыным, заужьыным, IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ яIэным. ИлъэсипщIым щIигъуащ сэ курыт еджапIэр къызэрызухрэ. ШколакIуэу сыщыщытамрэ иджырей зэманымрэ зызогъапщэри, гу лъызотэ иджырей ныбжьыщIэхэм заужьыну хуеиххэмэ, къэралым, республикэм абыхэм къахуигъэлъагъуэ Iэмалхэр нэхъри куэд зэрыхъуам. НыбжьыщIэхэм зыкъыщагъэлъагъуэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, щIэнIуатэхэм, зэIущIэхэм, дерс зэIухахэм. Ди къэралым и Президентми ди республикэм и Iэтащхьэми я нэIэ тетщ щIалэгъуалэм. ЩIэныгъэм щыхагъахъуэ, спортым щытрагъэгушхуэ, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ щыдрагъэхьэх, щIалэгъуалэ политикэм щыхагъэгъуазэ, жылагъуэ Iуэхур щрагъэцIыху утыкущIэхэр къоунэху. ЖыпIэнурамэ, зэманым удекIунумэ, гъуэгу куэд яхузэIухащ щIалэгъуалэм, хэкIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ щыIэщи, зыхэдэни ягъуэтынущ. ЩIалэгъуалэм хъарзынэу къагъэсэбэп а Iэмалхэр. Жану, хэлъэт яIэу Iуэхум зезыпщыт, ерыщу зи гъуэгу пхызышхэр диIэщ, - жиIащ абы.
АфэщIагъуэ Анзор КъБКъУ-м ЭлектроникэмкIэ, зэхэщIыкI IэрыщIымкIэ, робототехникэмкIэ и институтым и студентхэр хурегъаджэ зэхэщIыкI IэрыщIым и Iэмалхэмрэ и щэхухэмрэ.
- Институтым хьэулеину хуейуэ къыщIэтIысхьэIакъым. Абы зыщыхуедгъаджэ унэтIыныгъэхэр апхуэдэуи куэд хъуркъым, предмет лей яхэткъым жыхуэсIэщ. Аращи, гурэ псэкIэ IэщIагъэр къыхэзыхахэр егугъуу йоджэр. ДызыхуэкIуэ зэманым зэпыу имыIэу къэсэбэпыну IэщIагъэлIхэм щIэупщIэ яIэнущ, - жеIэ.
ЩIалэгъуалэ Парламентым и унафэщIу щытащ АфэщIагъуэр илъэситхукIэ. «КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и 8-нэ зэхуэсыгъуэм хэтахэм Iуэху куэд дгъэзэщIащ. Зыбжанэ къэзгъэлъэгъуэнщ щапхъэу: «ЩIалэгъуалэм я хьэрычэт Iуэхум и зыужьыныгъэр», «Республикэм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр», «ЦIыхум псынщIэу медицинэ дэIэпыкъуныгъэ игъуэтыныр», «Ахъшэ зэгъэзэхуэкIэм и Iэмалхэр» проектхэм делэжьащ а зэманым къриубыдэу, хабзэубзыху мардэу къагъэлъэгъуащ бгъу», - жеIэ Анзор.
Интернетым и сэбэпынагъымрэ зэраныгъэмрэ щытепсэлъыхьым, жиIащ унагъуэм гъэсэныгъэ щамыгъуэтмэ, щIалэгъуалэр къэралми, республикэми, министерствэхэми, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэми зэрахуэмыгъэсэнур.
- Унагъуэм къыщежьэ гъэсэныгъэр еджапIэм, щIалэгъуалэм япыщIа IуэхущIапIэхэм щIагъэбыдэу арагъэнущ, - жиIащ, - Интернетыр щIэблэм я Iэдэжщ ди зэманым, нэгъуэщIуи хъунукъым. Сыт хуэдэ напэкIуэцIхэм ихьэнуми зэлъытар абы и псэм и зыужьыкIэмрэ и хьэл-щэнымрэщ Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ зи гум къыщыушар мыхъумыщIагъэм дихьэхыну си фIэщ хъуркъым. Дэ щIалэгъуалэм яжыдоIэ икIи ядогъэлъагъу щIэныгъэ къызэрыпх хъуну сайтхэр. «Гиперпатруль» жери интернет программэ щыIэщ, зэраныгъэ къэзышэ сайт къуейщIейхэр къыщIигъэщрэ игъэбыдэу. Ар къыдогъэсэбэп.
Гу лъыдмытэу къэнакъым, Анзор ди упщIэхэм адыгэбзэ шэрыуэкIэ къызэрыпэджэжам. Ар зи фIыгъэми дыщыщIэупщIэм, къыджиIащ: «ЦIыхур къызыхэкIа лъэпкъым щыщ япэрауэ зыщIыр и анэдэлъхубзэрщ. Адыгэ унагъуэ ущапIауэ уи бзэр умыщIэныр сфIэемыкIущ, пэжым ухуеймэ».