Шу пашэУрысей Федерацэмрэ хамэ къэралхэмрэ (Иордание, Сирие, Тырку, Израиль, Германие, Голландие, США, Абхъаз) щыIэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ 17 къызэщIэзыубыдэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм къызэрилъытэмкIэ, къыпхуэмылъытэн хуэдизу куущ МэшбащIэ Исхьэкъ адыгэ, урысей лъэпкъ щэнхабзэм я мызакъуэу, дунейпсо литературэми яхуищIа хэлъхьэныгъэр. УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым и унафэщIым и къуэдзэ, Адыгэ Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-мрэ УФ-мрэ я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Шолоховым, Островскэм я цIэкIэ щыIэ литературэ саугъэтхэм я лауреат, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и саугъэт нэхъыщхьэр зыхуагъэфэща, Урысейм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ Адыгэ Республикэм, Кавказ Ищхъэрэм, Урысей Федерацэм я щэнхабзэм увыпIэшхуэ щызыубыд тхакIуэщ, усакIуэщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр къыщацIыху Кавказым, Урысейм, КъуэкIыпIэ Жыжьэмрэ Гъунэгъумрэ щыIэ къэралхэм. МэшбащIэм и тхылъхэр инджылызыбзэкIэ, испаныбзэкIэ, нэмыцэбзэкIэ, китаибзэкIэ, франджыбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ, тыркубзэкIэ, чеххэм, лыхьхэм, болгархэм я бзэхэмкIэ зэрадзэкIащ. 1I953 гъэ лъандэрэ абы къыдигъэкIа тхылъхэм я тиражыр мелуани 3-м щIигъуащ. Мейкъуапэ къыщыдэкIащ Исхьэкъ и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса том 17 хъу тхылъхэмрэ (адыгеибзэкIэ) том 20-у зэхэтхэмрэ (урысыбзэкIэ). МэшбащIэ Исхьэкъ къалэм къызэрищтэрэ лъахэмрэ лъэпкъымрэ я IэфIагъыр, я дахагъыр хъуэпсэгъуэу къегъэлъэгъуэж, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым гухэлъ пшыналъэмрэ прозэ купщIафIэмрэ щыщIэныгъэншэу къызэрехъулIэри. Абы и IэдакъэщIэкIхэр лъэпкъпсо зыщIэппIыкI хъун защIэщ, и дэтхэнэ тхыгъэри адыгэм и тхыдэ куущ. Исхьэкъ и романхэм къыхэщыр блэкIа жыжьэм и лъэужьым и закъуэкъым, атIэ къэкIуэнум хуэкIуэ гъуэгури IупщIу къыхобелджылыкI. И тхыгъэхэм я закъуэкъым ди шынэхъыжьым дызэригъэгушхуэр. Ар ноби къытхэтщ и жэрдэмымрэ и псалъэ Iущымрэ лъэпкъым къыхуэсэбэпу. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэу къызэрыддэлажьэрэ дэ дгъэунэхуащ ар хэкупсэу, жылагъуэм къыщыхъу демократие зэхъуэкIыныгъэхэм псынщIэу хэзагъэу, къызыхэкIа и лъэпкъымрэ къыщалъхуа и хэкумрэ я зыужьыныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ папщIэ и псэр итыну хьэзыру дунейм зэрытетыр. Гу къабзэкIэ зыхещIэ абы лъахэм къыщыхъу псори. Литературэми гъащIэми щекIуэкIыу хъуам гудзакъэ иIэу якIэлъоплъ. Нэхъыщхьэращи, и акъыл жанымрэ и псалъэ Iущымрэ и чэзум къигъэсэбэпыфу, сыт хуэдэ Iуэхуми и хэкIыпIэр псынщIэу къигъуэтыфу, езым и дуней тетыкIэмрэ и цIыхугъэмрэ нэхъыщIэхэм щапхъэ тхуэхъуу ди япэ ит нэхъыжьыфIщ. МэшбащIэм и ныбжьыр илъэс 95-рэ зэрырикъур Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми щагъэлъапIэ абы и махуэшхуэр, еджапIэхэм, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр щокIуэкI. Исхьэкъ и зэфIэкIымрэ адыгэм и цIэр жыжьэ зэригъэIумрэ дагъэгушхуэм и закъуэкъым, атIэ абы и тхыгъэхэм дерс къыхыдох, блэкIар ди нэгу къыщIэдгъэхьэжыфын хуэдизу къытхуеIуатэ, ар ди нобэрей гъащIэм едгъапщэурэ лъагъуэ пхытшыфыну Iэмал къыдет. Иджыри куэдрэ тхуэузыншэну, и IэдакъэщIэкI куэд дунейм къытехьэну, шу пашэу ди япэ итыну дыхуохъуахъуэ! Сэхъурокъуэ Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
ТIури дыщыуатэкъым Си ныбжьэгъу адыгэ тхакIуэшхуэ МэшбащIэ Исхьэкъ зи щIалэгъуэ дахэм насыпыфIэу къыхэтэджыкIахэм ящыщщ. Сэ ар соцIыху щыстудента илъэсхэм лъандэрэ. Си щхьэгъусэ, сурэтыщI Кончаловская Наталье занщIэу гу лъитат а щIалэщIэр усакIуэшхуэ зэрыхъунум. Ар икIи щыуатэкъым. СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьэну абы тхылъ зэрестамкIэ сэри сыщыуатэкъым. МэшбащIэ Исхьэкъ ящыщщ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм нэхъ пщIэшхуэ дыдэ щызиIэхэм. Абы пщIэ хуэзымыщIрэ ар фIыуэ зымылъагъурэ яхэткъым лъэпкъыбэу зэдэлажьэ ди тхакIуэхэм. МэшбащIэм хуэфащэу пещэ и ныбжьэгъу нэхъыжьыфIхэу щытахэу КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Гамзатов Расул, Кугультинов Давид сымэ я IуэхущIафэ дахэ псоми. Михалков Сергей. 2001 гъэ.
Япэ и цIэр жызоIэ «ТхакIуэ нэхъыфI дыдэу плъагъур хэт сымэ?» - жаIэу къыщызэупщIхэм деж япэ зи цIэ къисIуэхэм ящыщщ МэшбащIэ Исхьэкъ. Абы и творчествэр зэрыщыту гъэнщIащ тхакIуэм ди лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэшхуэмкIи, нэпс къабзэу хущIигъэкIымкIи. Исхьэкъ и тхыгъэу хъуар адыгэхэм ди тхыдэм, ди гъащIэм я гъуджэщ, абы IупщIу къощ езы тхакIуэм и псэ къабзагъри, и гур зыхуэлажьэри. Иджыри куэдрэ тхурелажьэ а гумрэ псэмрэ. КIувэ Риммэ.
СхуэмыгъэтIылъыжу сыкъеджащ Тхьэр арэзы къыпхухъу, Исхьэкъ, схуэмыгъэтIылъыжу сыкъызэджа уи тхылъ телъыджэмкIэ сыбгъэгуфIащ. Уи ехъулIэныгъэхэм дяпэкIи хэбгъэхъуэну, дызыщыгуфIыкIын тхылъхэр уи Iэдакъэм къыщIэкIыу куэдрэ утхуэпсэуну си гуапэщ. Джусойты Нафий. Тхыгъэ уахътыншэ Адыгэбзэр зыхъумэхэм, къулей зыщIхэм ящыщщ МэшбащIэ Исхьэкъ. Абы Алыхьым къыIурилъхьащ адыгэ псалъэм и дахагъри, и шэрыуагъри, и лъэщагъри. Мис а псори IэкIуэлъакIуэу къызэригъэсэбэпаращ Исхьэкъ и тхыгъэхэр уахътыншэ зыщIыр, дэнэкIэ щыIэ адыгэми я гумрэ я псэмрэ щIыдыхьэр, езы тхакIуэр зыгъэцIэрыIуэр. ШащIэ Къэзбэч. Зи гуащIэр ин Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ щэджащэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и къалэмыпэм къыщIэкIащ тхыгъэ купщIафIэ куэд – усыгъэ телъыджэхэр, роман гъуэзэджэхэр, ахэр Адыгейм и литературэм и лъагапIэ хъуащ, ди лъэпкъым и цIэмрэ и пщIэмрэ жыжьэ щагъэIуащ. Исхьэкъ и усыгъэхэр гъэнщIащ гъащIэм и пэжыпIэкIэ, уи акъылыр зыгъэлажьэ, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ къозыт гупсысэ жанхэмкIэ. ТхакIуэм и романхэм лъабжьэ яхуэхъуар адыгэ тхыдэрщ – пасэрей адыгэ дзэпщ Ридадэ деж къыщыщIэдзауэ XIX лIэщIыгъуэм къэс. Къэрмокъуэ Хьэмид. Шэч къытесхьэркъым Зыми шэч къытрихьэну къыщIэкIынкъым МэшбащIэ Исхьэкъ зэчий ин зыбгъэдэлъ усакIуэшхуэу зэрыщытым. Дауи, аращ абы псалъэ гуапэ куэд щIыхужаIэри, дяпэкIи нэхъыбэж щIыхужаIэнури. Ар адыгэ усыгъэм и зэфIэкIым зезыгъэузэщI, зыгъэбжьыфIэ усакIуэшхуэщ. Иванов Всеволод. 1971 гъэ. Урысеймрэ Кавказымрэ я къуэр Талант ин зиIэ, тхакIуэшхуэ, и лъэпкъым хуэпэж, и псэм пищIу и лъахэри Урысейри фIыуэ зылъагъу МэшбащIэ Исхьэкъ и творчествэ лъэщым щхьэкIэ гъунапкъэншэу фIыщIэ хузощI. И роман телъыджэхэмкIэ къыдит гуфIэгъуэр щэрэ минкIэ гъэбэгъуауэ езым тхьэм къыбгъэдилъхьэж. Прокушев Юрий. 2001 гъэ. Тхыдэ гъуджэ Сыкъеджэн щIэздзэри, схуэмыгъэтIылъыжу и кIэм сынэсыху сиIыгъащ МэшбащIэ Исхьэкъ и «Хъан-Джэрий» роман лъэщым. Ар адыгэ лъэпкъым и тхыдэ гъуджэщ. Апхуэдэ романхэращ Урысей прозэр дунейпсо литературэм и фIыпIэхэм ящыщ зыщIыр. А тхыгъэм къеджэм, шэч хэмылъу, къищIэнщ адыгэхэм я хэкумрэ езы лъэпкъымрэ зищIысыр, абыхэм тхыдэшхуэ зэраIэр. Архипов Владимир.
Тхыгъэр зейр НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:
Читать также:
16.12.2025 - 16:30 →
Ди Пщызэбий
16.12.2025 - 16:15 →
И зэран къомыкIмэ…
16.12.2025 - 13:02 →
ЩIыналъэхэр ягъэдахэ
16.12.2025 - 09:00 →
Iуащхьэмахуэ лъапэ зрагъэужь
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
| ||




