Пащтыхь къулыкъури хуэфащэу къалъытатУрыс пащтыхь Иуан Шынагъуэм (Грозный Иван), и щыкъу адыгэ щIалэ Мамстрыкъуэ лъэужь мыкIуэдыжын тхыдэм къыщигъэнащ. Мамстрыкъуэ къэрал Iуэху къэзыIэтыфу щыта, зи хэкум, къызыхэкIа лъэпкъым и сэбэп, и хъер зыхэлъ зылэжьыф, зи псалъэ пхыкI, япэкIэ плъэф цIыхуу щытащ. Лъэпкъхэр зэгурыIуэу, псалъэ зэщагъуэту зэдэпсэуным и телъхьэ адыгэ щIалэм Iуэхугъуэ мащIэфащIэ зэрихьакъым – хэкум шынагъуэ къыщылъэIэсам Iэщэ япэу къэзыщтахэм яхэтащ, цIыхухэр иригушхуэу, ахэр зэщIигъэуIуэу. Мамстрыкъуэ зэрихьа лIыгъэм, къыкъуэкIа хахуагъэм теухуа щытхъуу мащIэ уащрихьэлIэркъым урыс летописхэм, архив документхэм, IуэрыIуатэм. Дунейм ехыжыху, Мамстрыкъуэ зыпылъар цIыхухэр дахагъэм, щыпкъагъэм, къабзагъэм, захуагъэм хуэущиинырщ. Абы ирихьэкIа къулыкъу Iуэхутхьэбзэр пщIэншэ хъуакъым. И цIэр тхыдэм хыхьащ, уэрэд траусыхьащ, и фэеплъ къэнащ. УнэтIыкIэ зэхуэмыдэ иIэу урыс IуэрыIуатэм хэтщ Мамстрыкъуэ теухуа уэрэд. Абы зэреджэр «Кастрюкщ». АдыгэцIэ Мамстрыкъуэр урысыбзэм къызэрищтар «Кастрюк» жиIэущ. Зыгуэрхэм нэ лейкIэ еплъын, ар иIэтын е и фIыщIэхэр игъэмэщIэн папщIэ IуэрыIуатэр пэжым щытекI къохъу. Ар щыдолъагъу «Кастрюк» уэрэдым. Тхыдэм Мамстрыкъуэ къызэрыхэщымрэ уэрэдым зэрыхэтымрэ зэщхьэщокI. Псалъэм папщIэ: уэрэдым ар къызэрыщыгъэлъэгъуар щхьэщытхъуущ, зыкъыфIэщIыжауэщ. Дипломату, дзэпщу, хэкулIу къекIуэкIа Мамстрыкъуэ къуищ къыщIэнащ. НэхъыщIэ дыдэм зэреджэр Къанщауэт. НэгъуэщI дин щихьэм, абы и цIэр зэрахъуэкIащ – Дмитрий фIащащ. И адэм хуэфащэу къыщIэкIащ Дмитрий - Къанщауэр. Ар щIэх къулыкъукIэ дэкIуеящ, цIэрыIуэ хъуащ, зэхэзекIуэшхуэ иIащ. ЩхьэкъэIэт имыIэу, псэхугъуэ имыхуэу япэщIэтащ Урысейр зыIэщIэзыубыдэну къеныкъуэкъуахэм. Дзэзешэ Дмитрий Мамстрюкович Мэзкуу зыхъумахэм, Калугэ, Вязьмэ хуит къэзыщIыжахэм яхэтащ. ХэгъэщIэн мурад яIэу Урысейм къыпэщIэувахэм, езэуахэм жыджэру зэрыхэтам Дмитрий къыхуихьащ фIыщIэшхуэ, и щIыхьри лъагэу иIэтащ. Зэадэзэкъуэм (Мамстрыкъуэрэ Дмитрийрэ) Урысейм и пащхьэм щаIа пщIэр цIыхубэм я гум къинащ, ар къамылъытэуи къэнакъым. Мэзкуу Дмитрий и унэр зытета уэрамдэкIым и адэм и цIэр фIащыжауэ щытащ. Иджырей гуэшыкIэмкIэ Суворовскэ бульварым дэкIуэ Герцен и уэрамымрэ Арбат утыкумрэ зэпызыщIэ уэрэмдэкIым фIэщыгъэ зэрихьар «Мамстрюков», «Мамстрюкинэ» жиIэущ. Иужьым, уэрамдэкIым зэреджэр яхъуэжащ, усакIуэ Александр Федорович и унэцIэмкIэ еджэ хъуащ – «Мерзляковский переулок». Мэзкуу зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжа нэужь, бояр думэм хэтхэм, къэралым и бжаблэм итхэм я пащхьэм къалэн мытынш къиуващ – цIыхухэр зэдэIуэн, къэралыр зезыхьэфын хахын хуейуэ. ЦIыху цIэрыIуэ куэд хузэпещащ пащтыхь тIысыпIэм. Ауэ къыхахар Трубецкой Дмитрий, Мамстрыкъуэ и къуэ Дмитрий, Романов Михаил сымэщ. Iэ Iэтыным щынэсым, зи пхъэ къикIар Романовырщ. Апхуэдэу урыс къэралыгъуэм и пащтыхь ар хъуащ. БлэкIа лIэщIыгъуэхэм адыгэ лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэм зэрахьа Iуэху телъыджэхэм нэIуасэ зыхуэзыщIыну гукъыдэж зиIэхэм щхьэпэ къахуэхъунщ професор Скрытников Р. Г. и тхылъ «На страже московских рубежей» жыхуиIэр, 1986 гъэм къыдигъэкIар. Зыгъэхьэзырар Аслъэн Каринэщ
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
15.12.2025 - 11:30 →
Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ
15.12.2025 - 11:21 →
«Адыгэ» фIэщыгъэ зиIэхэр
15.12.2025 - 11:15 →
Куэдым хунэс зэгухьэныгъэ
12.12.2025 - 15:30 →
ЗэхъуэкIыныгъэр ягу ирихьащ
| ||




