Тхыдэр нэхъыфIу пщIэну ухуеймэ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 80 ирокъу. Зэрыкъэралу ТекIуэныгъэр дяпэкIэ ягъэлъэпIэнущ, ар къытхуэзыхьа нэхъыжьыфIхэр ягу къагъэкIыжынущ, зауэ тхыдэ къэхъугъэхэм зыхуагъэзэжурэ Iэнэ хъурейхэр, щIэныгъэ зэхуэсхэр, жылагъуэ пэкIухэр ирагъэкIуэкIынущ.

Зауэм и кIэр хьэдагъэщ. Къыпхуэмылъытэну инщ абы цIыхубэм къахуихьа гузэвэгъуэр, къарита хэщIыныгъэр, я нэгу щIигъэкIа гуауэр. Хэку зауэшхуэр зылъэмыIэса унагъуэ щыIэжкъыми, абы и тхыдэр зыпэмыгъунэгъу, а лъэхъэнэм къэхъуа Iуэхугъуэхэм захуэзымыгъазэ куэд бгъуэтынукъым. Гур хэзыгъэщI куэд къыхуехь зауэм цIыхум. Ауэ Хэку зауэшхуэм и тхыдэ хъугъэщIагъэхэм уащыхэплъэжкIэ, укъэзыгъаскIэ, щхьэм имытIасэ, цIыхугъэм къыпхуемыгъэзэгъ хьэкIэкхъуэкIагъэ куэдым урохьэлIэ. Мис апхуэдэ Iуэхугъуэхэращ зытеухуар Налшык къалэм дэт Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тедзапIэм къыщыдэкIа тхылъ цIыкIур.

«ЦIыкIу» щхьэкIэ, тхылъыр зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэр лъэщIэхщ, зы едзыгъуэ фIэкIа уемыджэми, апхуэдэ гуIэгъуэхэр къэхъуныр цIыхум игу къызэрыкIам, а псом ирикун щIэхъуам урегъэгупсыс. «Зи пIалъэ имыкI» фIэщыгъэм щIэту дунейм къытехьа «СД-10Б» – ажалым и зондергупыр» тхылъыр теухуащ 1942 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м Налшык къалэм къыщыхъуа щIэпхъаджагъэм – нэмыцэ зондергупым щэ бжыгъэкIэ цIыхухэр зэрызэтраукIам, абыхэм ящыщ куэдыр Псыхуабэ кърахуа «псэукIхэм», тхыдэм «душегубка» цIэмкIэ къыхэнахэм, гъуэзыр ираутIыпщхьэу зэрыраукIыхьам. Илъэс 80-м нэблагъэкIэ а Iуэхугъуэм теухуауэ дэфтэрхэр архив хъумапIэхэм хэлъащ, хэIущIыIу зэрыхъуари куэд дыдэ щIакъым. Арыххэуи, къыдэкIыгъэр архив тхылъымпIэхэмрэ цIыхухэм я гукъэкIыжхэмрэ ятещIыхьащ. Абы къыщыхьа бжыгъэхэмрэ щыхьэтыгъэхэмрэ шэч къызытумыхьэн щапхъэхэмкIэ щIэгъэбыдыхьыжащ.

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хуит къащIыжа нэужь, зэрыпхъуакIуэхэм ди щIыналъэм щызэрахьа щIэпхъаджагъэхэр зэхэзыгъэкI Къэрал комиссэм къыщIигъэщащ гъэру яубыдахэр щаIыгъа хьэпс КъалэкIыхьым зэрыдэтар (цIыху мини 10-м щIигъу щаIыгъауэ жызыIэ дэфтэрхэр щыIэщ), абы исахэм ящыщу цIыху 1976-рэ зэраукIар, танкым пэщIэтын щхьэкIэ ящIа щIытIым цIыху 600-м нэблагъэ зэрыраукIыхьар, Налшык къалэрэ Тамбовскэ къуажэмрэ щыщу цIыху 60-м я псэр зэрагъэнар. Апхуэдиз укIыгъэр зи Iэужь «СД-10Б» зондергупым хэта цIыху 60-р наIуэ къащIащ. Абыхэм ящыщу цIыху 29-м я цIэ-унагъуэцIэхэр ящIэ, нэхъыбэр здэщыIэр иджыри къыздэсым зэхэгъэкIа хъуакъым, дунейм ехыжахэри хамэ къэрал щыпсэухэри яхэтщ. КъыщIагъэщахэм я нэхъыбэр нэхъапэкIэ ялэжьа щIэпхъаджагъэхэм папщIэ тезыр тралъхьэу щысахэращ.

Тхылъыр къыдэзыгъэкIа Котляров Виктор зэрыжиIэмкIэ, ар дунейм къытехьэныр зи жэрдэмыр езыращ. «Мы къыдэкIыгъэм зэужькIэ уеджэ хъунущ. Абы щызэщIэкъуащ зауэ илъэсхэм ди щIыналъэм щекIуэкIа Iуэхугъуэ бзаджэхэм ятеухуауэ Къэрал шынагъуэншагъэмкIэ комитетым и архивхэм илъэс пщIы бжыгъэкIэ щахъума тхылъымпIэхэр. Ахэр цIыхухэм я деж къэмысу щIахъумам щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэщ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, щIэпхъаджагъэ зылэжьа куэдым я цIэр нэгъуэщI Iуэхугъуэ бзаджэхэми мызэ-мытIэу къызэрыхэщар. Ахэр абыкIэ щыхьэту гъэувын хуейуэ къэралым унафэ ищIат, зи хэтыр хъума хъумэ, щIэпхъаджагъэ нэхъыбэ зэхэгъэкIа хъунут. Ауэ ди цIыхур иужьрей илъэсхэм тхыдэр къизытхыкIыжыну хущIэкъу куэдым я хъуагъэщагъэм Iуоуэ. Абы упэщIэтын папщIэ мы тхылъым ихуа тхыдэ къэхъукъащIэхэм ящыщхэр цIыхухэм ялъэгъэIэсын, Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм къыщекIуэкIахэм я пэжыр зыхуэдэр захегъэщIэн хуейщ. Дэ ди мурадщ тхылъыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и библиотекэхэмрэ еджапIэхэмрэ яхуэдгуэшыну, ныбжьыщIэ нэхъыбэм яIэрыдгъэхьэну», – жеIэ Котляров Виктор.

Тхылъым едзыгъуэ зыбжанэ иIэщ. Абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм зы далэм къриубыдэу щалэжьа Iуэхугъуэхэр къаIуэтэж. КъищынэмыщIауэ, цIыхухэм я нэгу щIэкIа гузэвэгъуэхэр щызэхуэхьэсыжауэ тхылъым гуэдзэнитI иIэщ.

Котляров Виктор зеумысыж: «Пэжыр жысIэнщи, Хэку зауэшхуэм теухуа тхыгъэхэм уеджэныр къызэрымыкIуэу хьэлъэщ. Аращ абы и зэхэгъэувэнри гугъу къытщызыщIар – зэрызэкIэлъыдгъэкIуэнумрэ нэхъапэ идгъэщ хъунумрэ тхузэхэгъэкIыртэкъым: псори зэхуэдэу зэхьэлIар гукъутэгъуэт, дэтхэнэми нэгум къыщIигъэувэр узыпэмылъэщ гузэвэгъуэщ. Ар мы лъэхъэнэм хэIущIыIу щIащIыжми щхьэусыгъуэ иIэщ – ди щIалэгъуалэм я гупсысэр зэтрахуу гъуэгу пхэнж тезыгъэувэну хущIэкъухэр мащIэкъым. УазэрыпэщIэтыфынур зы къару закъуэщ: щIэныгъэращ. КъБР-м щеджэ студентхэм илъэс зыбжанэ хъуауэ упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ захудогъазэ. Ахэр теухуащ Хэку зауэшхуэм ехьэлIауэ ябгъэдэлъ щIэныгъэр здынэсыр къэхутэным. Пэжщ, щIэныгъэншэу пхужыIэнукъым, курыт еджапIэм къыщрагъэщIа мащIэм мыбзаджэу хащIыкI. Ауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыпхъуакIуэхэм щызэрахьа хьэкIэкхъуэкIагъэхэм ятеухуауэ аркъудей зыри ящIэркъым. Ауэ щыхъукIэ ди щIыпIэхэм зауэ гуащIэхэр щекIуэкIащ, хьэпсхэр итащ, цIыху лажьэншэхэр щэ бжыгъэкIэ щызэтраукIащ. Дауэ а псор зэрыпщыгъупщэнур? Пщыгъупщэ хъунукъыми аращ жэрдэмхэр къыхэтлъхьэурэ мыпхуэдэ тхылъ цIыкIухэр дунейм къыщIытедгъэхьэр. Фэеплъыр хэубыдыкIауэ щытын хуейкъым, апхуэдэ гулъытэр псоми зэхуэдэу ялъэIэсыпхъэщ: фIыр дигу къызэринэм хуэдэу, ери тщIэжыпхъэщ. Хэку зауэшхуэм бийм ди цIыхухэм къыкIэлъызэрахьа лейм и пIалъэр икIыркъым. Тхыдэр нэхъыфIу пщIэнумэ, пщэдейрей махуэхэм мамыру ущыпсэунумэ, ахэр дэтхэнэми зэпэлъытауэ икIи зэгъэзэхуауэ ищIэн хуейщ».

Мыбдеж къыхэгъэщын хуейщ КъБР-м и прокурор Хабаров Николай Хэку зауэшхуэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэрахьа лейр нэсу зэрызэхэмыгъэкIамкIэ, ахэр щIэпхъаджагъэу къэлъытэн зэрыхуеймкIэ КъБР-м и ХейщIапIэ нэхъыщхьэм 2024 гъэм тхылъкIэ зэрызыхуигъэзэгъар. ХеящIэм и пащхьэ иралъхьа щыхьэтыгъэхэм къызэрыхэщымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыпхъуакIуэхэм щаIэщIэлъа пIалъэм (1942 гъэм шыщхьэуIум и 12-м къыщегъэжьауэ 1943 гъэм щIышылэм и 11-м нэсыху) лажьи хъати ямыIэу совет цIыху 4241-рэ яукIащ. Абы къищынэмыщIауэ, ди щIыналъэм щыщу цIыху 2188-рэ зэтраукIащ, абы щыщу 469-р цIыхухъут, 344-р цIыхубзт, 271-р сабийт. Хабзэр зэфIэгъэувэжыным зи нэIэ тет IуэхущIапIэми прокурорым и дауафэр къабыл ищIащ.

Дунейм къытехьа тхылъыр къэрал хабзэм и лэжьакIуэхэм я жэрдэмым «Фэеплъыр зи щIэинхэр» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ зэгухьэныгъэм диIыгъащ. КъаIэта Iуэхугъуэхэм поджэж дунейм къытехьа тхылъыр, зыIэрыхьэнухэми, шэч хэлъкъым, блэкIам щыщ Iуэху зыбжанэ щIэуэ къызэращIэнур.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться: