Ахъшэр зыхалъхьэну унэтIыныгъэхэр![]() Инвестицэ ахъшэ нэхъыбэ зыхэплъхьэ хъунухэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ещанэ увыпIэр КИФЩI-м щиIыгъщ - сом мелард 24-м щIигъу къыпхуешэлIэнущ. ИкIи, экспертхэм зэрыжаIэмкIэ, а ахъшэр зыхуэбунэтI хъунур псори зэхэту тонн мин 20-м нэблагъэ пхъэщхьэмыщхьэ зыщIэхуэ хъумапIэхэр ухуэнымрэ зэкIэщIэсауэ хасэу къагъэкI мыIэрысейхэмрэ зехьэнырщ. Япэ увыпIэр Кавказ Ищхъэрэм щиIыгъщ Ставрополь крайм. Абы иIэщ фейдэ къуиту сом мелард 79-рэ зыхэплъхьэ хъун IэнатIэхэр, етIуанэр Осетие Ищхъэрэ – Аланиерщ: сом мелард 37-рэ къыпхуешэлIэнущ а щIыналъэм. Кавказ Ищхъэрэм и мэкъумэш-промышленнэ комплексым зегъэужьыным пыщIа пэхуэщIэхэм инвестицэ ахъшэу сом меларди 192-рэ къыхашэнущ 2030 - 2031 гъэхэм ирихьэлIэу. ЛэжьыгъэкIэ абыхэм къыщызэрагъэпэщынущ цIыху мини 10-м нэблагъэ. Минводы къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа Кавказ инвестицэ зэхуэсышхуэм ар щыжиIащ «Урысеймэкъумэшбанкым» и унафэщIым и къуэдзэ Константинов Денис.
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
01.09.2026 - 12:58 →
Узыр къызэращIэ щытыкIэхэр
31.08.2026 - 16:38 →
Франджы пащтыхьым пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ
30.08.2026 - 10:59 →
Кхъужьей жыгым и тхыдэр
29.08.2026 - 12:41 →
Зэрагъэпэщыж икIи куэду яухуэ
| ||





