Къэрал гулъытэ щагъащIэркъымУФ-м и IТ-технологие IэнатIэм щылажьэхэм худэчых зыхэт кредиту банкхэм къыIаха ахъшэм я Iыхьэ гуэрхэр яхуэпшыныжыным сом мелард 60,8-рэ трагъэкIуэдэнущ. Дэфтэрым иджыблагъэ Iэ тридзащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил. УФ-м и Правительствэм и ахъшэ гъэтIылъыгъэм къыхэкIынумкIэ кредиту мин 91,5-м нэхърэ мынэхъ мащIэ субсидие пхуэщIынущ, ипэIуэкIэ къыIахахэри, дызэрыт илъэсым и кIэм нэсыху къыIахынури хэту. IТ-технологие IэнатIэм пыщIа IуэхущIапIэхэм ящыщу аккредитацэ зиIэхэм я лэжьакIуэхэм худэчых зыхэт кредитхэр етынымкIэ УФ-м и Правительствэм къыхилъхьа программэр 2022 гъэм щегъэжьауэ мэлажьэ икIи ар хуэунэтIащ а IэнатIэр дэIыгъынымрэ IэщIагъэлIхэм защIэгъэкъуэнымрэ. Псалъэм къыдэкIуэу, худэчых зыхэт ипотекэ кредитыр къыIах хъунущ зи ныбжьыр илъэс 50-м щIимыгъуахэм. Абы и ставкэр илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, проценти 6-м щIигъуркъым. Къэрал субсидие зратынухэм хиубыдэнур худэчых зыхэт кредиткIэ псэупIэ къэзыщэхуну сом мелуани 9-м нэблагъэ банкхэм къыщызыщтахэрщ. Ипотекэ кредитыр ират къат куэду зэтету яухуэ унэщIэхэм, е хьэзыр хъуахэм фэтэр къыщащэхун, е унэ езыхэм ящIын папщIэ. УФ-м и Правительствэм иджыблагъэ къищта унафэм теухуауэ Мишустин Михаил жиIащ IТ-технологие IэнатIэм щылажьэхэм защIэгъэкъуэным ехьэлIауэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр зэрырагъэкIуэкIыр. ЖыпIэнурамэ, программэр зэрырагъажьэрэ IэщIагъэлIу мин 84-м худэчых зыхэт кредитхэр процент цIыкIухэмкIэ иратащ икIи мы гъэм а Iуэхугъуэхэм щхьэкIэ къэрал бюджетым сом мелард 59-м нэблагъэ къыхэкIынущ. «IТ-технологие IэнатIэм щылажьэхэм етт къэрал дэIэпыкъуныгъэхэм адэкIи пытщэнущ икIи абыхэм я фIыгъэкIэ ди цIыхухэм я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуэфынущ», - къыхигъэщащ Мишустин Михаил.
Поделиться:
Читать также:
16.12.2025 - 16:30 →
Ди Пщызэбий
16.12.2025 - 16:15 →
И зэран къомыкIмэ…
16.12.2025 - 13:02 →
ЩIыналъэхэр ягъэдахэ
16.12.2025 - 09:00 →
Iуащхьэмахуэ лъапэ зрагъэужь
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
| ||




