Лымрэ джэдыкIэмрэ хохъуэКъэбэрдей-Балъкъэрым и Iэщыхъуэхэм лырэ джэдкъазылу къалэжьым (псэууэ шэчауэ) и куэдагъым хагъахъуэ зэпытщ. ЖыпIэнурамэ, 2025 гъэм и щIышылэм - мэлыжьыхьым апхуэдэу къыщIагъэкIам процент 14,5-кIэ хагъэхъуащ е тонн мин 15,5-рэ хъуащ. Апхуэдэ хъыбархэр иджыблагъэ зэбгригъэхащ Росстатым. Къыхэдгъэщынщи, лыуэ псори зэхэту къалэжьам щыщу тонн мин 12,6-р джэдкъазылщ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ процент 13,3-кIэ абы хэхъуащ, тонн мини 2,2-р - былымылщ (процент 18,3-кIэ нэхъыбэщ), тонн мин 0,7-р - мэлылрэ бжэнылрэщ (процент 27,1-кIэ нэхъыбэщ).
Поделиться:
Читать также:
16.12.2025 - 16:30 →
Ди Пщызэбий
16.12.2025 - 16:15 →
И зэран къомыкIмэ…
16.12.2025 - 13:02 →
ЩIыналъэхэр ягъэдахэ
16.12.2025 - 09:00 →
Iуащхьэмахуэ лъапэ зрагъэужь
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
| ||




