• Егъэджэныгъэ
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ щIыналъэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ щиIэ и центрым «ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ я бжыгъэрылъанэ зыужьыныгъэр» зыфIаща VI Урысейпсо щIэныгъэ щIэнIуатэр щекIуэкIащ. КъищынэмыщIауэ, къызэгъэпэщакIуэхэм Информациер хъумэнымкIэ зэгухьэныгъэм я зэхуэсри а махуэм зэхишащ. Информацие шынагъэншагъэмкIэ цIыхухэм я пащхьэ къиувэ Iуэхугъуэхэм ятеухуат ар. ЗэхуэситIми къалэн зыщащIыжа Iуэхухэм я гъунапкъэхэр зэрызэтехьэм, лъэныкъуитIми я Iэмал хэмылъу ахэр зэфIэхыгъуей зэрыхъунур къалъытэри, къызэгъэпэщакIуэхэм ахэр зэкIэлъыкIуэу ирагъэкIуэкIмэ, игъуэу къалъытащ.
Иджырей щIэныгъэмрэ информацием епхауэ къэунэху технологиехэмрэ я зыужьыкIэ хъуным ехьэлIа Iуэхухэм ирипсэлъэну зэIущIэм кърихьэлIащ Урысейми хамэ къэрал зыбжанэми къикIа щIэныгъэрылажьэхэр, къэхутакIуэхэр, аспирантхэр, магистрантхэр, къэрал къулыкъущIэхэр, хьэрычэтыщIэхэр.
Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ егъэджэныгъэм кIуэ пэтми зыщызыужь бжыгъэрылъанэ IэмалыщIэхэм, интеллект IэрыщIым, зезыгъакIуэр зэрымыс жьыхулъатэхэм (БПЛА) я гъэпсыкIэ-зэхэлъыкIэхэм, информацие шынагъэншагъэм.
ЗэIущIэм хэтащ Информациер хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и унафэщI Лось Владимир. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, интернетым шэщIауэ пыщIа хъуа цIыхум и шынагъэншагъэр къызэгъэпэщыныр къэрал хабзэм къилъытэн хуей Iуэхухэм языхэз зэрыхъурэ куэд щIащ, абыхэм ящыщщ информацие шынагъэншагъэри. «Ди гъащIэм щIэуэ къыхыхьэ технологиехэм къытхуахь фIагъым хуэдиз шынагъи къадокIуэ. Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу дэ интернет IэмалхэмкIи, телефонхэмкIи, банкхэм дазэрыпыщIа картэхэмкIи пцIыIуэпцIышагъэ зыкъомым даIуоуэ. Интернетыр къыщамыгъэсэбэп лэжьапIэ IэнатIэ щыIэжкъым, телефон зымыIыгъ цIыху ухуэзэнукъым, банкым зыгуэркIэ пыщIа мыхъуа къэнакъым – псори технологием епха хъуащи, къызэрыгуэкI цIыхум абы хищIыкIыр мащIэщ, IэщIагъэлI щымыIэмэ, къытхуихьыну фIагъым нэхърэ шынагъэр нэхъыбэщ. Аращ нобэрей зэIущIэр зэхьэлIар, абы и Iэмалхэр зэдгъэуIунырщ дызэхэзышар. ПцIыIуэпцIышагъэм зиубгъу зэпытщ, абыхэм яхэтщ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэхэри, техникэм мыбзаджэу хэзыщIыкIхэри, цIыхум и психологием фIы дыдэу щыгъуазэу ахэр къэзыгъэпцIэфынухэри. ЩIэныгъэм къищынэмыщIауэ, абыхэм уазэрыпэлъэщын щыIэкъым. Абы къыхэкIыу, къэрал хабзэхэм зи гупэр хуэгъэза IэщIагъэлIхэр мымащIэу дгъэхьэзырын хуейуэ гъащIэм къытхуигъэув къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ мэхъу. Егъэджэныгъэр абы щыхуэтшэкIи, щIалэгъуалэм бгъэдалъхьэ щIэныгъэр пцIыIуэпцIышагъэ зезыхьэхэм япэувыным и мызакъуэу, зэрахьэ гуращэхэр къызэпыуда зэрыхъуным хуэунэтIын хуейщ. ПцIыIуэпцIышагъэм пэщIэтыныр зы махуэ лэжьыгъэкъым, ар зэпымычу егъэфIэкIуэн, щыIэ Iэмалхэр нэхъыбэу зыхэлъхьэн хуей къалэнщ», – жиIащ Лось Владимир.
Бытырбыху къалэм дэт къэрал университетым информацие шынагъуэншагъэмкIэ и кафедрэм и унафэщI Беззатеев Сергей и къэпсэлъэныгъэр интеллект IэрыщIымрэ аэроуахэ Iэмэпсымэхэмрэ я мыхьэнэм тригъэщIащ. «Иужьрей илъэсхэм псынщIэу зызыужь интеллект IэрыщIым ди гъащIэм къыхихьа Iуэхугъуэхэм ящыщщ нейропрограммэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм къаруушхуэ зэраIэр IупщIщ. Ди гъащIэр тынш зэращIым хуэдэу, пхуэмыузэхужынкIэ шынагъуэ иIэу гугъуи къыхилъхьэфынущ. Псом хуэмыдэу, сабийхэм я дежкIэ шынагъуэщ нейропрограммэхэр, ахэр зытетепхъэ гъуэгум темыгъэувамэ. ЩIэх-щIэхыурэ зэхэтх хъуащ дипфейккIэ зэджэ пцIыIуэпцIышагъэхэр. Нейропрограммэ щхьэхуэхэр къагъэсэбэпурэ, цIыхум и теплъэр ищIу е и макъым зыпищIыжу хъуагъэщагъэ зэмылIэужьыгъуэхэр интернеткIэ е телефонкIэ зэрахьэу къаублащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, сабийр къэгъэнауэ, балигъыр щыхъумакъым бзаджагъэкIэ псыхьа апхуэдэ пцIым, узыIэщIиубыдэныр зыхуэIуа щыIэкъым – зи сурэт плъагъу е зи макъ зэхэпх цIыхур ппэблагъэмэ, ар зыхэхуа гузэвэгъуэм къыхэпшыжыну иужь уохьэ. Психологием фIыуэ хэзыщIыкI пцIыIуэпцIышэхэм а щытыкIэращ нэхъыбэу тегъэщIапIэ ящIыр. Нэхъыбэм къызэрыщIэкIымкIэ, апхуэдэ щIэпхъаджагъэхэр ялэжьа нэужьщ зыкъыщытщIэжыр, ипэ къихуэу пэувыфыр къызэрымыкIуэу мащIэщ. Псом хуэмыдэу, сабийхэр а шынагъуэмкIэ тIасхъэгъуэ куэдрэ йохуэ», – къыхигъэщащ щIэныгъэлIым.
ЗэIущIэм хэтхэр дихьэхауэ зэдэIуа Беззатев Сергей и гугъу ищIащ сыт хуэдэ шынагъэми уазэрыпэщIэтыфыну Iэмалыр ахэр къэмыхъуауэ зэрыпхузэтемыухуэнум. Абы и щапхъэу къихьащ интернетым ди гъащIэм увыпIэ хэха зэрыщигъуэту вирус зэмылIэужьыгъуэхэр зэуэ уэру къызэрежьэгъар. «Шынагъэр зыхуэдэр IэщIагъэрылажьэхэм къагурыIуа нэужьщ абы уазэрыпэщIэувэну Iэмалхэри наIуэ щыхъуар. Вирусхэм къалъыхъуэ информацэ зэмылIэужьыгъуэхэм къызэрыгуэкI цIыхухэр ягъэбампIэми, нэхъыбэу зытеухуауэ щытыр къэралым дежкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэрат. Арыххэуи, къэрал мыхьэнэ зыгъуэта а шынагъэм щIэх дыдэ информациер хъумэнымкIэ икIи абыкIэ шынагъэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ политикэ стратегиер иубзыхуу хуежьащ. Абы къыкIэрыхуркъым сурэтымрэ макъымкIэ нейропрограммэхэм къагъэщI пцIыри – абыхэм къалъыхъуэр цIыхум и мылъку е бгъэдэлъ информацэ щхьэхуэхэр къапкърыхыным и закъуэкъым, абы къэралым и зыужьыныгъэр къызэтезыгъэувыIэ гуращэхэри хьэкъыншэу хэтщ. Арыххэуи, иджырей технологиехэм хэзыщIыкI, щыIэ шынагъэхэр е къэхъункIэ хъунухэр къэзыхутэф, технологиемрэ интеллект IэрыщIхэмрэ къэзыгъэдэIуэф, аэроуахэм ит Iэмэпсымэхэр абыхэм хуэзыгъэIурыщIэф IэщIагъэлIхэм дахуэныкъуэщ, ахэр иджы щыщIэдзауэ едмыгъаджэмэ, дымыгъэхьэзырмэ, къыдэбгъэрыкIуэ шынагъэхэм япэщIэтыгъуей пщэдейрей махуэхэм хъунущ», – жиIащ Беззатеев Сергей.
КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ интеллект IэрыщIымкIэ и институтым и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща зэIущIэм наIуэ къищIащ цIыху къызэрыгуэкIым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэр зэфIэхыным егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, жылагъуэ лэжьыгъэм пыщIахэм я мызакъуэу, къэрал къаруи зэрыхуэныкъуэр. ЦIыхухэр зыгъэпIейтей, гумэщIыгъуэ къезыт нейрошынагъэхэр псоми зэдайщ, абыхэм ящыхъумакъым зыри, уеблэмэ IуэхущIапIэ псом и лэжьыгъэр къызэтрикъутэнкIи хъунущ. Арыххэуи, технологием щIыпIэшхуэ щызыубыда мы гъащIэм езыр-езырурэ абыхэм япэщIэгъэувапхъэ щIэныгъэри къыдокIуэ, ар зыубзыхун икIи зыгъэпсын щIэныгъэрылажьэ гуп къыкъуэкIын, цIыхухэм зэрыгурагъэIуэн егъэджэныгъэ программэ зэхэгъэувэн хуейуэ ара къудейщ.