Усэхэр

 

Зэманым и шэрхъ

Уахъты кIэншэм и щIыхуэ пшыныжыпхъэ

Стелъ хуэдэ,сыкIэлъожэ зэман шэрхъым.

Сяпэ итми, ищIэркъым къэувыIэ,

ЗэщIэплъауэ, гъущIышыр щIегъэIэ.

 

Уафэм игъуэщыхьа пшэ хужь

Пшэ хужьыр ныбжьу щIэлъщи уафэ лъащIэм,

ЕгъэпIейтей мы си псэр псэху имыщIэу…

Къуршыщхьэ лъагэхэм къыщежэх жьыбгъэ,

Щхьэ щIыIэр ноби гум и лъащIэм щыкъугърэ?

 

Дуней щэхум

Пшапэр зэхэуэм, къыщIэкIынущ мазэр,

Псэхэр къытхуигъэнэхуу, тхуигъэкъабзэу.

Уахътыншэу итми уэгум мазэм и бзийр,

Мамыру псэуфыркъым зи мы дунейр.

 

Къару мыух

Уахътыншэ щIэмытми мазэм и щIагъым,

ГугъапIэм зэи лIэжын и мыгугъэ.

Зэгуэрым шэчыншэу сщыхъунущ хьэкъ мыр:

Зи гугъэр мыухым мыухщ и къарур.

 

МафIэ ужьыхыж

Бжьыхьэ уэфIым и мафIэ дыхьэрэным

И бзий зэмыфэгъухэр зэбгредз щхьэхынэу…

Ди блэкIахэм щыщу къытхуэнэжыр

И сахуэ закъуэрщ мафIэ ужьыхыжым.

 

ШхуэIу

Къызатащи зы шы емылыдж,

ЕщIыр зэм ислъэмей, зэм мэудж!

Сыт хуэдиз и IэфIагъми щIалэгъуэм,

СIыгъщ сыт щыгъуи и шхуэIур нэхъ Iэгъуэу.

 

Уэшхым сошэс

Сытым щыгъуи согъэщIагъуэ мы гупсысэр:

Дэнэ щыIэ нобэм къэс си шы мыгъасэр?

Зэшыгъуэ схуэмыхьыжыр зыщхьэщысхыу,

Сошэсыр уафэгъуагъуэ уэшхым!

 

Хэт къызэджар?

Хэт а сымыцIыхуу сэ къызэджэу

ЦIыхухэм хэпшэхъуэжыр зэуэзэпсэу?

АрагъэнкIэ хъуну щIауэ Iэджэ

Епсэлъэну къилъыхъуар мы си псэм?

 

Тенджыз ФIыцIэм сыщыхэплъэкIэ

Тенджыз Iуфэу псым щигъэIум и даущ

Аргуэру си гум къыщокIыж си лъэпкъыр -

Къегъэзэжри тхыдэм, хэмыщIауэ щыщ -

БлэкIамкIэ зэщIеIулIэ си Iэпкълъэпкъыр.

 

ЛъэхъэниплI

Мазэ пщыкIутIыр кIэншэу хэтщ илъэсым,

ЛъэхъэниплIу егуэшыжыр мы дунейр.

Ахэм ящыщу зы къыхуэтым уи псэм,

ПлъэкIыфынукъым укIуэну уи пщэдейм.

 

Iэлъын

Къысщыдыхьэшх, ухуейм сыкъэщI ауан,

Пхуэзгъэгъуфынущ, узолъагъури фIыуэ.

Ауэ мы си гугъапIэм и Iэлъын

СIэрылъар згъуэтыжыркъым, кIуэдауэ.

 

ГугъапIэм и пщалъэ

ЩIымахуэр икIри, къытхуэкIуащ гъэмахуэр,

ЩIыр къоушыжыр, жейкIэ зигъэнщIауэ.

КIыфIым хэтми, къыщыстепси нэхур,

Къэхъуакъым псэр гугъапIэ щызгъэщIауэ!

 

Къэблэжь уи Iыхьэщ

КъыщIожыр псынэр, псыежэх хъужыну,

ИужькIэ тенджызышхуэм хэхуэжыну.

ЛIэщIыгъуэхэр зи ныбжь жыгей абрагъуэр

Iуэхуншэм, йогъукIыжыр итырыгъуу.

 

Уафэ лъащIэм и жыхапхъэ

Жыг тхьэмпэр жьыбгъэм егъэщхъыщхъыр,

КъызэщIеубыдэр жьым жыг щхьэкIэр.

Жыг щхьэкIэ бапхъэр и жыхапхъэу,

Уафэм и лъащIэр зэщIепхъанкIэ.

 

Джэрпэджэж

Пщэдджыжь аргуэру къыщIэкIынущ дыгъэр,

Ауэ сфIэмыIэфIыж иджы пшэкIэплъыр.

Сыджэ пэтми, хэзмыхыжу си гугъэр,

Джэрпэджэжырщ къыпэджэжыр си псалъэм.

 

Жьуджалэ

Жьуджалэм къыщежыхьыр губгъуэм,

Къыщыхуауэ пIэрэ Тхьэм и ней,

ЩхьэегъэзыпIэ хуэхъун абгъуэ

Къыщилъыхъуэу пIэрэ мы дунейм?!

 

Жыг закъуэ

Жыг закъуэ, имыгъэщхъыу и щхьэр,

Щытщ уардэу, губгъуэхэр къиплъыхьу.

Апхуэдэ жыгым, сымыдзыхэу,

Сопсыхри, си шыр сэ изопхыр.

 

Си алъпыр

Си гугъапIэ-гупсысэхэр алъпырщ зэзгъэщхьыр.

ГъащIэ, кхъыIэ, зэи абы ущымыхьэ.

Ар сфIэкIуэдмэ, тепщэ схуэхъунущ зэшыгъуэр,

Щалъэхъауэ къысфIэщIу нэгъуэщIым и губгъуэм.

 

Гъэмахуэ - бжьыхьэ

Гъэмахуэ шылэ бадзэуэгъуэм

Дэ щIыIэтыIэм дыщIохъуэпсыр.

Къыдолъытэж гъэмахуэр игъуэу,

Бжьыхьэ уэтIпсытIыр къызэрысу.  

 

Нэхъ иныр

Жыгхэр, бгыхэр, цIыхухэм я нэхъ иныр

Сыт щыгъуи занщIэу нэхъ къыIуедзэр уи нэм,

Нэм къыпхуимыщтэу псэкIэ къулейсызыр

Нэхъ инхэм хузэгуопыр угъурсызу.

 

Хамэ уэрэд

Хамэ уэрэдыр фIэмыIэфIми уи псэм,

ТхьэкIумэм къиIуэ защIэм, уегъэжей.

Ауэ къыпхуихьам хъыбар гущIыхьэ,

Жейм укъыхешри, уи псэм къыпфIыхохьэ.

 

Зыр уи мащIэм, адрейр уи куэдщ

ЩIалэ уи куэдмэ,

Уи куэдынщ нысащIэ,

Хъыджэбз уи куэдмэ,

Малъхъэ ущымыщIэ.

 

Гуащэ къафэ

НысащIэр бзаджэуи? ПцIы зэфэзэщщ ар,

ЖыIэт гуащэр къэзыгъэфэфар!

КъекIухьыр гуащэм лъапэпцIийуэ.

Къимыгъэушыну нысэ жейр…

 

Цей

Адыгэ цейуэ, цей гъуапэхуу,

Къуршыщхьэ уэс чэсейр зи теплъэ,

Шууей ныбжьыщIэр уогъэгушхуэ,

Ущыгъщи, и лъыр зэщIэбгъаплъэу.

 

Уи кIэкъуащIитIри бзу дамэу

ШэщIащ, шыгъажэм ухыхьамэ,

Дахагъэ щапхъэм уримардэщ,

Жьы жэрми ухузогъадэ.

 

Пщыхьэщхьэ пшэплъым, нэхущ пшэплъым

УхабзыкIауэ арагъэнщ,

ЩIэптхьэкъур хэтми, зэ къыптеплъэр,

Къохъуапсэу узыщитIэгъэн.

 

Хьэзыр пщыкIутIри загъэуардэу,

Щхьэж къэс иIэжу и къалэн,

Вагъуэ пщыкIутIу бгъэм щолыдыр,

Хъыбарыжь куэд хуахъумэу тхыдэм.

 

Уи дыпIэхэр къурш лъагъуэ хужьхэу,

ДэкIуей-къехыжу птонэхукI,

Нартыжь пэлъытэу ди лIыхъужьхэм,

Урашугъусэу укъокIуэкI.

 

ЗищIысыр бгъэунэхуащ гъэрыпIэр,

ГуфIэгъуи гуауи зэбнэкIащ,

Щхьэхуитыныгъэм нэхъ бгъэлъапIэ,

ЩымыIэуи укъекIуэкIащ.

 

КъыщодэхащIи акъужь мащIэр,

КъыщыпкIэрихми гынымэ,

КъыптелъэщIыхьурэ бын папщIэу,

Уихуакъым игу адыгэ анэм.

 

Адыгэ цейуэ, цей гъуапэхуу,

Къуршыщхьэ уэс чэсейр зи теплъэ,

Шууей ныбжьыщIэр уогъэгушхуэ,

Ущыгъщи, и лъыр зэщIэбгъаплъэу.

 

Уи кIэкъуащIитIри бзу дамэу

ШэщIащ, шыгъажэм ухыхьамэ,

Дахагъэ щапхъэм уримардэщ,

Жьы жэрми ухузогъадэ.

 

Ди хъыбарыжьхэм, уэрэдыжьхэм

Я Iущагъ нурыр уэ къыпхопс,

Сэ усхуадами ди нэхъыжьхэм,

Кавказ лъэпкъ псоми хъуащ уекIупс.

Акъужь къабзэ

 

Хэшыпсыхьауэ фи макъамэр си лъым,

ФыкъыхоIукIыр, бгырыс пшыналъэхэ,

ЦIыхугъэ нэсым фрипщалъэу,

Мазэ бзийхэр шыкIэпшынэ налъэу.

 

Къуршыщхьэ тхъуар зыхуеплъых удзыпцIэм

Хэджэгухь пщащэ нэ фIыцIэм

И дыхьэшх макъыу къызэрылъэлъыр

Къоджэрэзэхыр къырым псыкъелъэу.

 

КъыхоIукIыжыр бгым телъ уэс къабзэм

ЛъэгущIэт ящIахэм яуса гъыбзэр,

ГъэпцIагъэкIи топкIи яхуэмышынэу,

ЗауэлI лIыхъужьу хэкум къинахэр.

 

Къурш пэлъытэу, къахуэмыланджэу,

Хэку хуитыныгъэм дыкъыхураджэу,

Зэхызох иджыри къызэрыджэр.

ГъэпцIагъэкIэ къытранахэр ныджэм

Ноби хамэщIхэм щолъэуджыджэ.

 

Бгырыс пшыналъэу си гущIагъщIэлъхэ,

Зи макъамэ пэжыр акъужь къабзэ!

Дыгъэ бзийхэр хэухуэнащи фи лъым,

СыводаIуэр, гущIэм зыкъигъазэу!

 

Къуршыпс къиуауэ зэм фожэхыр,

Зэм фыуэшх щабэ укIытэхщ…

КъуэкIыпIэ пшэплъу зэщIэвгъаплъэ,

Си лъынтхуэм хэтщ бгырыс пшыналъэр!

 

Си адыгэбзэ - си анэдэлъхубзэ

Зыгуэрхэм куэдрэ, къеджэу уазым,

Ирагъэщхьыф анэдэлъхубзэр

ЯупIэщIыжакIэ гъуаплъэ щайм,

Щысхьыншэу игъукIыж псыкъуийм,

 

УкъытекIыжмэ бэзэрым,

Уимыхьыфыну жыжьэ дыдэ

ЖаIэф, я напIэри мыхуадэу,

Уагъэкъуэншэжу, яхуумыдэм.

 

Си адыгэщIу, сыщалъхуа щIыналъэ,

КъысIурыплъхьащи уи бзэр си пшыналъэу:

 

СедэIуэфынущ бзур зэрыбзэрабзэм,

Макъамэр зэригъэIум акъужь къабзэм,

Гуапагъэу гъащIэм щызыхэсщIэ псор,

КъызэрысщIэр къысIурыплъхьа бзэрщ.

 

Вагъэбдзумэр щызохьыр адэжьхэм я хьэсэм,

ЩIыгулъ пшэрым псалъэ жылэхэр хэссэу.

Псалъэм псалъэр пызгъэувэжрэ - сатырхэр

Зэхэслъхьэжу адыгэбзэ усэу.

Поделиться:

Читать также: