ЦIыхугъэшхуэ хэлътКIэрашэ Тембот къызэрицIыхуам, иужькIэ абы къызэрыдекIуэкIам теухуа гукъэкIыжхэр итхыжауэ щытащ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр. Абы щыщ теплъэгъуэ щыгъуазэ фыхудощI. «Нобэми срогушхуэ а зэманым, 1943 гъэм, эвакуацэм къикIыжу и хэку Адыгейм зыгъэзэжу гъуэгу тету Налшык къыщызэтеувыIа адыгэ тхакIуэшхуэ КIэрашэ Тембот къэсцIыхуауэ зэрыщытам. Ар Теунэ Хьэчим и ныбжьэгъуфIти, тхьэмахуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу радиом накIуэрт. Хьэчим и фIыгъэкIэ абырэ сэрэ дызэрыцIыхуат. Си дежкIэ ар щIыхьышхуэт - апхуэдэ тхакIуэшхуэм ухуэзэныр, уепсэлъэныр. Абы къыщымынэу, АбытIэ Мухьэб, КIэрашэ Тембот, сэ мазибгъум нэсыхукIэ зы пэшым дыщыпсэуащ, Бахъсэн уэрамкIэ зэджэу щытам тет унэм дыщIэсу. Тембот и гъусэу радиом сыкъыщикIыжкIэ абы сишэрт и бысым АбытIэ Мухьэб деж. Дыпсалъэу дыщысурэ пшапэр зэхэуэмэ е дунейр къызэIыхьэмэ, Кэнжэ самыгъэкIуэжу сыкъагъанэрти, я шэнтжьеижьым силът. А зэманым гъэсыныр гъуэтыгъуафIэтэкъыми, си къуэшыр си гъусэу пхъэ къута гулъэхэр къасшэрт Мухьэб деж. Тембот, Мухьэб, сэ тыншу дызэгурыIуэрт - ди Iуэху еплъыкIэхэмкIэ дызэхъуажэрт, дызэдэпщафIэрт, дызэдэшхэрт. КарточкэкIэ къыдат IэфIыкIэхэмрэ ди щIакхъуэ Iыхьэхэмри зэхэлъу дыпсэурт. А зэманым цIыху куэд фэтэр хуэныкъуэти, Iэмал тIэкIунитIэ зиIэу къалъытэм зыгуэр гъусэ хуащIырт. ЩIалэ фызкъэмышэ АбытIэ Мухьэб фэтэрщIэсу дэ нэхърэ нэхъыфI имыгъуэтыну къэтлъытэжу дыхуэхьэщIэрт. ПщыхьэщхьэкIэрэ дызэхэтIысхьэрти, Iэджэм дытепсэлъыхьырт. АбытIэр тегузэвыхьырт адыгэбзэ грамматикэр тхыныр, ар къыдагъэкIыныр кIыхьлIыхь зэрыхъум. КIэрашэ Тембот зэхуихьэсырт хъыбархэр - партизанхэм яхэта Жанкъазий Софият теухуа повестым къыщигъэсэбэпынур. А повестым щыщ пычыгъуэхэр газетым трыригъэдзат. Сэ усэхэр стхырт, абыхэм радиокIэ сыкъеджэрт. Зэгуэрым, радиом сыщымылэжьэжу, главлитым политредактору сагъакIуэ, адыгэбзэкIэ къыдэкIхэм сакIэлъыплъу. ТхакIуэхэм я союзым сыщIохьэ махуэ гуэрым. Абы и тхьэмадэ Отаров Керим къызжеIэ: - Хьэжбэчыр, Мэзкуу къикIри тхакIуитI къагъэкIуащ, ди Союзым и лэжьыгъэр зыхуэдэр зрагъэщIэну, къыддэIэпыкъуну. Зыр Зенкевич Михаилщ - усакIуэщ икIи нэгъуэщI лъэпкъхэм я усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр урысыбзэкIэ зэредзэкI. Абы и усэхэр ихуащ Мэзкуу 1936 гъэм урысыбзэкIэ къыщыдэкIа тхылъым. Мурад иIэщ ди усакIуэхэм я къалэмыпэм къыщIэкIахэр урысыбзэкIэ зэридзэкIыну, подстрочникхэр иIэмэ. ЕтIуанэр рассказ кIэщIхэр зытх, очерк дэгъуэхэр «Известия» газетым къытригъадзэу абы щылажьэ тхакIуэ Левин Кириллщ. Ахэр хуейщ тхылъеджэхэм дащыIущIэну литературэ пщыхьэщхьэ гъатхэпэм и 5-м къызэдгъэпэщыну. СолъэIунут Алъхъэс Мартин къэбгъуэту а пщыхьэщхьэм къебгъэблэгъэну. 1944 гъэм гъатхэпэм и 5-м Промкооперацэм и клубым, Хэку зауэшхуэм зэрыщIидзэрэ япэу, литературэ пшыхь щокIуэкI, къэбэрдей, балъкъэр, урыс тхакIуэхэр хэту. ЯпэщIыкIэ шэч къытетхьащ литературэ пщыхьэщхьэм цIыху къекIуэлIэным, сыту жыпIэмэ зауэр иджыри иухатэкъым, къалэм дэсхэм я нэхъыбэр лэжьыгъэ нэужьым кIуэрт зэхэкъута унэхэр зэфIагъэувэжыну. АрщхьэкIэ, пщыхьэщхьэм щыщIидзэну зэманыр къыщысым наIуэ къэхъуащ дыщIэгузэвэн зэрыщымыIэр. Пщыхьэщхьэр сыхьэтиблым ирихьэлIэу клубым щIэзу цIыхухэр къызэхуос. Клубым и сценэм япэщIыкIэ къохьэ ди хьэщIэхэр - Зенкевич Михаилрэ Левин Кириллрэ. Абыхэм я ужь итщ Отаров Керим, КIэрашэ Тембот, Кациев Хьэбу, Щомахуэ Амырхъан, Теунэ Хьэчим, Алъхъэс Мартин сымэ, сэри сахэтщ. Къызэхуэсахэм Отаров Керим ехъуэхъуащ, иужькIэ я усэхэм, я повестхэмрэ рассказхэмрэ щыщ пычыгъуэхэм къеджащ Зенкевич Михаил, КIэрашэ Тембот, Теунэ Хьэчим, Левин Кирилл сымэ. Залым щIэсхэр гуапэу IущIащ КIэрашэ Тембот ди партизанхэм ятеухуауэ итха повестым щыщ Iыхьэм. КъыкIэрыхуами, а пщыхьэщхьэм зынригъэхьэлIат АбытIэ Мухьэби. Ар адыгэбзэ кафедрэм и егъэджакIуэхэм я зэIущIэм хэтати арат щIэгувар. НыщIыхьа нэужь, сценэм исхэм ари къытхагъэтIысхьэри, зэIущIэм пащэжащ. Пщыхьэщхьэр дэгъуэу екIуэкIащ, усэхэр адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ щыIуу. ЕтIуанэ махуэм шэджагъуэм унэм декIуэлIэжауэ Мухьэб жеIэ: - Хьэжбэчыррэ Темботрэ фыкIуи, карточкэкIэ къыдатыну крупамрэ лымрэ къеIыфх, сэ кIэртIоф сукъэбзынщ, хьэкум мафIэ исщIэнщ фыкъэсыжыху. Пщыхьэщхьэшхэ екIу тщIынщ, лырэ кIэртIофрэ гъэжьауэ зэщIэлъу. Тембот сэрэ докIуэ карточкэкIэ ерыскъы къыщыдат тыкуэным. А тыкуэныр литературэ пщыхьэщхьэр щедгъэкIуэкIа, Промкооперацэм и клубым и лъабжьэм щIэтт. Дынэсмэ, тыкуэным цIыху куэд щIэтт ерыскъы къыIахыу. Сэ сыIуохьэ лыр щащэ щIыпIэм. Абдежи цIыхур щыIувщ. Сыплъэмэ, лыр зыщэ цIыхубзым Iэ къысхуещI: - Гъунэгъуу къакIуэт, - жиIэу. СыкIуатэмэ, абы къызжеIэ: «Лыр духынущ, моуэ фыкъэкIуатэ». Сэ, Тембот гъусэ сощIри, нэхъ гъунэгъу зыхудощI лыр щашэч тэрэзэр зытет стIолым. Чэзум хэтхэр къыдоплъ. Абыхэм зыри жаIэркъым, ауэ сэ япэкIэ сызэрыкIуатэр зылъэгъуа цIыхубз гуэрым зыкъытхуегъазэ: «Дыгъуэпшыхь арэзы дыкъэфщIащ. Дэгъуэу усэм укъеджащ, уи гъусэр къызэджари дигу ирихьащ». Фызым и псалъэр зэхэзыха Тембот зыфIимыгъэIуэху-зыфIимыгъэIуэхуурэ си гъунэгъу зыкъещI: «Хьэжбэчыр, ныхэкI мыбы. НакIуэ». Сэ ар сымыдэну сыхэтщ, ауэ Тембот: «Зэхэпха а фызым и псалъэхэр? Абы къуиIуэкIар къыбгурыIуа?» - жеIэри, чэзум хуэмурэ сыкъыхеш. Зыри жызимыгъэIэу сыкъешэж. ДыкъызэрыщIыхьэжу, кIэртIоф зыукъэбзу щыс Мухьэб: «ИIэт, Хьэжбэчыр, лыр тхьэщIи, цIыкIу-цIыкIуурэ упщIатэт. Иджыпсту кIэртIоф жьэрыкуей тшхынкъэ, лы гъэжьар абы хэлъу», - жеIэ. Къэхъуар Тембот абы жреIэж. Щыми зы псалъэ жыдмыIэу дошх плъыжьу гъэжьа кIэртIофыр. ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр.
Поделиться:
Читать также:
18.06.2025 - 10:53 →
Лъэпкъищ зэпызыщIа уэрэд
17.06.2025 - 13:28 →
Гупсысэжьейхэр
16.06.2025 - 18:00 →
Хьэт кхъэлъахэхэр
15.06.2025 - 10:57 →
Сосрыкъуэрэ Хумайрэ зэдожьу
14.06.2025 - 12:54 →
IутIыжым и цIэкIэ ягъэува саугъэтхэр
|