ЗыгъэпсэхуакIуэхэр къыдахьэх

КъБР-м и Правительствэм хэтхэм я зи чэзу зэхуэсыр ды­гъуасэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий. Абы щыхэплъащ Iуэхугъуэ 13-м. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым щIы, мылъку IуэхухэмкIэ и министр Тэхъу Аслъэн къызэхуэсахэм я пащхьэ кърихьащ «Кавказ Авто­сити» АО-м и мылъкур зыри къыпэмыкIуэу къэралым зэрыри­тынум теухуа правительствэ унафэм и проектыр. Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм туризмэм зегъэужьыным теухуауэ щагъэзащIэ къэрал программэм халъхьэжыну зэхъуэкIыныгъэ­хэм я гугъу ищIу къэпсэлъащ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и ­министр Быф Аскэр. Апхуэдэуи ар къытеувыIащ нэгъуэщI Iуэхугъуэ зыбжанэм. 
КъБР-м мэкъумэш IуэхухэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн ди республикэм щащэ ерыскъыпхъэхэм епха шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным и гугъу щищIым къыхигъэщащ абы кIэ­лъып­лъынымкIэ къулыкъущIапIэ зыбжанэм я лIыкIуэхэр зыхэт лэ­жьакIуэ гуп къызэгъэпэщыным теухуа унафэм и проектыр зэ­рыхьэзырыр. 
Лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэнымкIэ, хамэ къэралхэм щыпсэу ди хэкуэгъухэм ядэIэпыкъунымкIэ Правительствэм дэлажьэ къэпщытакIуэ гупым ящыщ зэрыхагъэкIым, нэгъуэщI IэщIагъэлIхэр зэрыхагъэхьэм зэIущIэм щытепсэлъыхьащ ­КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор. 
КъБР-м и Правительствэм къищтэнухэм теухуа унафэхэр, щыIэхэм хэлъхьэжын, дыщIагъужын хуейхэм теухуа Iуэху­гъуэхэр щызэпкърахащ зэIущIэм. 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: