Зеубгъу къэрал дэIэпыкъуныгъэм2025 гъэм и щIышылэм - мэлыжьыхьым къриубыдэу УФ-м и хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытым-рэ къэрал дэIэпыкъуныгъэу сом мелард 236-рэ иратащ. Ар сом мелард 70-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм нэхърэ. 2024 гъэм МСП Корпорацэм а IэнатIэхэм къэрал дэIэпыкъуныгъэу яхухихар псори зэхэту сом триллион 1,2-рэ хъуащ. УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Решетников Максим ар щыжиIащ МСП Корпорацэм и унафэщIхэм я советым иригъэкIуэкIа зэIущIэм. «УФ-м и Президентымрэ Правительствэмрэ я нэIэ щIэт зэпытщ хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ. Правительствэм и комиссэм мыгувэу щызэхуэсыну зэIущIэм къыщаIэтынущ МСП-м зегъэужьыным ехьэлIа Iуэху куэд, иужькIи Санкт-Петербург щызэхэтыну дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм дызытепсэлъыхьынухэм я нэхъыщхьэу ар щытынущ. Кредит къэпщтэну гугъу щыхъуа иджырей зэманым МСП Корпорацэм хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ сом триллион 1,2-кIэ защIигъэкъуащ нэгъабэ. Дызэрыт илъэсым и япэ мазищым а дэIэпыкъуныгъэм процент 30-кIэ щIрагъэгъуащ, абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам елъытауэ», - къыхигъэщащ Решетниковым.
Поделиться:
Читать также:
13.02.2026 - 16:35 →
ЩIэблэм нэхъапэ щыIэкъым
13.02.2026 - 12:55 →
ГъащIэ щыIамэ арат
12.02.2026 - 18:39 →
Гъуэгу лэжьыгъэхэр
12.02.2026 - 12:26 →
Радиом и Iэмалхэр
12.02.2026 - 11:11 →
ЗэгурыIуэныгъэр япэ ирагъэщу
| ||




