БзэщIэныгъэри гъэсэпэтхыдэщ

Анэдэлъхубзэр япэ иригъэщу зи гъащIэр езыхьэкIа, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» зыфIищу 2009 гъэм Налшык къыщыдигъэкIа и тхылъым къитхыжахэм ящыщщ адэкIэ къыщытхьхэр.
Гъагъэпс – бжьэхэм удз гъэгъахэм кърах фоупс (нектар).
Гъазэ – I. Фэбз зиIэ гъущIым фIаIуантIэ кубз – гайка; 
  2. Фэбз зиIэ гъущI Iунэхэр зэрыхаIуантIэ Iэдэ пэ пIащIэ – отвертка для закручивания шурупов.
Гъакъ – щынэхь бгъэшхуэ – беркут, крупный орёл.
Гъэжьбэ - (нарт гъэжьбэ) эпос, нартский эпос.
Гъасэ, гъашэ (полба) – гуэдзымрэ хьэмрэ яку дэт хьэцэпэцэщ, уэгъуми щымышынэ бэвырыкIщ, адыгэхэм ижь лъандэрэ ягъэкIыу щытати, илъэсищэ зауэжьым яIэщIигъэхужат, ауэ илъэс тIощI хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, этноботаник, мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ кандидат Хьэкъун Барэсбий гъасэм и жылэ Дагъыстан бгырыс къуажэ цIыкIу гуэрым къыщигъуэтыжри, хэгъэгум кърихьэжащ, абы иужькIи зыщиубгъужащ. Мы гъавапхъэ хъарзынэр ямыщIэжу щытами, и цIэр зэрахьащ – хьэцэпэцэ пхыру гукIэ щэджым, хьэмым ирашалIэ псоми «гъасэкIэ» еджэрт, ар езы лъэпкъым и гъавапхъэ дэгъуэу щытауи ямыщIэжу.
ГъэзэкIуакIуэ – сытри здыхуэфащэм зыгъэувыф цIыху (систематик).
Гъэлгъэжь – къумым и жьы пщтыр, псори зылыгъуэ.
Гъэлъхутын – пшынэр гъагъын, гум хыхьэу гъэбзэрэбзэн.
Гъэм щинэжын – бжьыхьэм пасэу уэс къесмэ, апхуэдэу жаIэ.
Гъэнэгъуэджэн – гъэпщкIун.
Гъэсэпэтхыдэ – щIэблэр гъэсэнымкIэ сэбэп хъу тхыдэ-хъыбар.
Гъэудысэн – дэпхъеин, щIэгъэпщын.
ГъэуфэнщIын – гъэнщIын.
Гъэхъэржэн – сатум е Iуэху гуэрым фейдэ къегъэщIын.
Гъэсэшагъэ – нысэтыным хэлъ Iубзэ, зратынум и цIэр гъэнэIуауэ. 
ГъэщIыгъэ – цIыхур псэуху Iуэхуу зэфIихыфар.
Гъыжь – гъыбзэжь, сагъыщ.
Гъырбжэр – гъыринэ, тхьэусыхэрилэ. 
Гъуаблэ – иджыри мыгъуа, ерыскъыщIэ.
ГъуазэпщIэ – зекIуэ ежьа шу гупым е шуудзэм я пашэм езыр гъуазэу щымытыфынумэ, вагъуэхэр, гъуэгухэр, дунейм и щэхухэр фIыуэ зыщIэ шу зыдищтэрт. Апхуэдэ шум «гъуазэпщIэ Iыхьэ» щхьэхуэу хухахыжырт. 
Гъуамэжь – псыпцIэ, шэдылъэ, бгъэнрэ гъурцкIэ зэщIэкIа.
Гъуэгыгъуащэ - щыхьхэм я гъуэгыгъуэм я сакъыныгъэр къызэрытIасхъэр къагъэсэбэпурэ щыхь гуухэм зэрещакIуэу щыта Iэмал. 
Гъуэгудэгъазэ – I. Адыгэ гъэхьэщIэкIэм епха хабзэщ. Я къуажэм дэкIыу гъуэгу техьам хьэщIэ къакIуэу илъэгъуамэ, абы пщIэ зэрыхуищIым и щыхьэту и сэмэгурабгъукIэ увырти, къуажэм къыдишэрт. АрщхьэкIэ, хьэщIэр къуажэм щыгъуазэмэ, къыдэзыгъэзам фIыщIэ къыхуищIырти, и гъуэгу зэрыхигъэщIыну иутIыпщыжырт. 
2. Пасэм щыгъуэ, гъуэгу техьа шур пщы е уэркъышхуэ гуп къыхуэкIуэу хуэзамэ, абыхэм задигъэзэн хуейт, хуит къамыщIыжмэ, здэкIуэм нэс.
ГъуэгуфIыжь апщий – гъуэгум щызэхуэзахэм зэрах фIэхъус.
Гъуэджэ – мылъкукIэ хуэмыщIа, хунэмыс.
Гъуэжлау – гъуэ куэд здиIэ щIыпIэ.
Гъуэзэпихьэ – баз зэпихьэ. Мыбдежым мыри къыщыхэдгъэщынут. «Гъуэ» псалъэм ди япэ псэуахэм кърагъэкIыу щытагъэнущ иджыпсту дэ «зэман» жыхуэтIэр. Абы щыхьэт тохъуэ адыгэбзэм и зэхэлъыкIэр джыным илъэс куэдкIэ иужь ита бзэщIэныгъэлIхэм ящыщ гуэрхэри. АтIэми, зи гугъу тщIам и телъхьэкъэ ищхьэкIэ къыщытхьа «гъуэджэ», «гъуэзэпихьэ» жыхуаIэхэри. 
Гъуэмылэукхъуэж – лэжьакIуэ зэдэщыIа гупым я гъуэмылэм щыщ къэнамэ, къэмысыж щIыкIэ я къуажэм пэмыжыжьэу тIысхэрти зэдашхыжырт. Апхуэдэу щIащIыр гупым ящыщ гуэрым и унагъуэм ерыскъы хьэзыр имылъу IущIэжмэ мымэжэлIэн щхьэкIэт. Арат «гъуэмылэукхъуэж» жыхуаIэр.
Гъуэн – щтамылэр къызыхащIыкI, жыгхэм къатекIэ Iэгъэбэгу.
Гъуэншэджыпхъэ – хъунщIакIуэм къыIэрыхьар къызэрихъуэж ахъшэм е мылъкум арат хужаIэр, псалъэм папщIэ, сабий къидыгъуар хы Iуфэм зыхьу щызыщэж хъырцыжьым абы къыщIихам арат зэреджэр.
Гъуэпс – уэтэпс, псыбыбым ирищIэ псы. 
Гъуэфылъэ – къуэ мыкуу, уэх.
Гъуэхсэх – даущыншэ, дуней щым. 
Гъуэш – япэм адыгэхэм выхэр зэрагъакIуэу щыта псалъэщ.
Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар Къумахуэ Аслъэнщ.
Поделиться:

Читать также: