Хэкум и къуэ пэж

Къыпхуэмылъытэн хуэдизу куущ АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, МэшбащIэ Исхьэкъ адыгэ, урысей, дунейпсо литературэхэм яхуищIа хэлъхьэныгъэр. СатыриплI хъу усэхэм щегъэжьауэ, адыгэ тхыдэм куууэ дризыгъэплъэж романхэр зэрыт тхылъи I00-м щIигъу къыдигъэкIащ абы. Къыщалъхуа лъахэмрэ къызыхэкIа лъэпкъымрэ я къуэ пэжу къыщIэкIа тхакIуэм и тхыгъэхэр бзэ куэдкIэ зэрадзэкIащ. Нобэ абы и зэфIэкIымрэ адыгэм и цIэр жыжьэ зэригъэIумрэ дагъэгушхуэм и закъуэкъым, атIэ абы и тхыгъэхэм дерс къыхыдох, блэкIар ди нэгу къыщIэдгъэхьэжыфын хуэдизу къытхуеIуатэ, ар ди нобэрей гъащIэм едгъапщэурэ лъагъуэ пхытшыну Iэмал къыдет. Абы къыдэкIуэуи къыхэгъэщыпхъэщ адыгэм и псэкупсэ къулеягъыр нэгъуэщIхэм зыхегъэщIэнымкIэ, къыдэкIуэтей щIэблэм я лъэпкъ зэхэщIыкIыр зэфIэувэнымкIэ а тхыгъэхэм къалэнышхуэ зэрагъэзащIэр. Абы и романхэр псори щIэзыджыкIа цIыхур университет зыбжанэ къэзыухам хуэдэу губзыгъэ зэрищIынур, лъэпкъым хуэфэщэн цIыху нэсу зэрыпсэунур хьэкъщ. И усэхэращи, гущIэм нэс защIэщ. ГъэщIэгъуэнракъэ, сатыриплI къудей фIэкI мыхъуми зы гъащIэ Iыхьэ къыщыгъэлъэгъуа гупсысэ зыщIэлъ е философие куу зыхэплъагъуэ яхэтщ абыхэм. КIэщIрэ купщIафIэу, захуэрэ пхыкIыу матхэ Исхьэкъ. Усыгъэр ар езыр талантышхуэщ. Гъуазджэм и дунейм ухыхьэныр зэчийм и закъуэ елъытакъым, атIэ уемызэшу улэжьэн хуейщ. КъищынэмыщIауэ, егъэджакIуэ нэхъ лъэщ дыдэм – гъащIэм - узыхуигъасэхэр зыхэплъхьапхъэщ, цIыхубэм я гурыгъу-гурыщIэхэм ущыгъуэзапхъэщ. Мис ахэр Iэрыхуэу дебгъэкIуфрэ уи зэчийм – итIанэщ лъэныкъуэ куэдкIэ зызыужьа, псэкупсэ къулеягъ зыбгъэдэлъ иджырей тхылъеджэм ущызыхищIэнур. Исхьэкъ бгъэдэлъщ а псор, аращ усыгъэри прозэри зэгъусэу къыщIехъулIэр, цIыхубэм я гущIэм щIынэсыфыр.
Езым и IэдакъэщIэкIхэм къадэкIуэу Исхьэкъ адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ «Слово о полку Игореве», «Медный всадник», «Скупой рыцарь», «Моцарт и Сальеври» (А.С. Пушкин), «Беглец» (М.Ю. Лермонтов), «Железная дорога» (Н.А. Некарсов), «Двенадцать» (А.А. Блок), «Анна Снегина» (С.А. Есенин), «Облако в штанах» (В.В. Маяковский) тхыгъэ телъыджэхэр. НэгъуэщI тхакIуэхэр и гъусэу КъурIэныр адыгэбзэм къригъэзэгъащ. МэшбащIэ Исхьэкъщ Адыгэ Республикэм и Гимным и авторыр. 
Прозэр къапщтэмэ, адыгэм и тхыдэм и нэхъ кууупIэхэр IупщIу къызэрыщигъэлъэгъуэжар, лIэщIыгъуэ зыбжанэм къыщыхъуахэр зэкIэлъыхьауэ ди пащхьэ къызэрырилъхьэр уасэ зимыIэ хъугъуэфIыгъуэщ. «Мывэ щхьэлхэр», «Адыгэхэр», «КъуэкIыпIэмрэ КъухьэпIэмрэ», «Бзиикъуэ зауэ» романхэмрэ нэгъуэщI тхыгъэшхуэхэмрэ – ахэр 80-м щIегъу – зэгъусэу къапщтэмэ, зы художественнэ гупсысэщ щыпхышар, апхуэдэуи лъэпкъ тхыдэм хэлъ щхьэхуэныгъэ псори къыщыхьащ. Исхьэкъ и романхэм къыхэщ лIыхъужь нэхъыщхьэхэм – Хъан-Джэрий, Аишэт, Ридадэ, Некрас Тимофей - я хьэл-щэнхэмрэ дуней тетыкIэмрэ щIэджыкIакIуэ куэдым ягу дыхьащ. Абы къыщымынэу, а образхэр щэныфIагъымрэ хахуагъэмрэ я джэлэсщ, лъэпкъылI нэсхэр ирибгъэсэну зыхуэдэ щымыIэщ. 
Апхуэдизу купщIафIэ, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэшэча романхэр птхыныр мыбдеж щылъкъым, а жанрым къалэн гугъу къыпхуегъэув. Абы къыхэкIыу роман зэхуэмыдэхэм иужь итурэ Исхьэкъ щылэжьащ Москва, Ленинград, Краснодар, Тбилиси, Ставрополь, Истамбыл, Париж, Тегеран, Дамаск, Каир щыIэ архивхэм. Ар хэплъащ лIэщIыгъуэ зэхуэмыдэхэм адыгэхэм я щыIэкIэ-псэукIэм теухуауэ зыплъыхьакIуэ цIэрыIуэхэм ятхахэм, блэкIа жыжьэм къыщыхъуа-къыщыщIахэм ехьэлIауэ ятхыжа дэфтэр гъэщIэгъуэнхэм, щIэныгъэлI ехьэжьахэм я IэдакъэщIэкIхэм. 
ИтIанэ хуабжьу сэбэп къыхуэхъуащ Кремлым щыщыIа илъэсхэр, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутату лажьэрти, зыри пэрыуэгъу къыхуэмыхъуу, урыс офицерхэм, генералхэм я гукъэкIыжхэр щIиджыкIащ, хамэ къэралхэм щыщ авторхэм, дипломатхэм я IэдакъэщIэкIхэм хэплъэфащ. Ахэр куэдым дзыхь хуамыщI архив дэфтэр телъыджэщ.
Исхьэкъ и романхэм къызэщIаубыдэр зы лIэщIыгъуэм къыщыхъуахэракъым, атIэ X лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ адыгэм и тхыдэр къыщыгъэлъэгъуэжащ. ЩIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ ирилъхьащ адыгэпщхэм, дзэзешэхэм, къэрал лэжьакIуэхэм я гъащIэм къыщыхъуахэр, Урысей къэралыгъуэм адыгэм щигъэзэщIа къалэныр. Урыс-Кавказ зауэм теухуа тхылъитху и Iэдакъэ къыщIэкIащ Исхьэкъ, дэтхэнэри архив дэфтэрхэм къыщигъуэта фактхэмкIэ щIэгъэбыдауэ. Абыхэм къахощыж адыгэм и нэгу щIэкIа гузэвэгъуэ куэд. 
Нобэ Исхьэкъ Адыгэ Республикэм и жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэтщ, и лъахэм и щэнхабзэ-тхыдэ щIэиныр хъумэным, нэхъ бей щIыным и гуащIэ хелъхьэ, Адыгейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм илъэс куэд щIауэ и тхьэмадэщ, адыгэбзэкIэ къыдэкI «Зэкъуэшыныгъэ», «Вагъуэбын», урысыбзэкIэ къыдэкI «Литературная Адыгея», «Родничок Адыгеи» журналхэм я редактор нэхъыщхьэщ. 
ТхакIуэхэр жылагъуэ гъащIэм пэIэщIэу зэи щытыфынукъым. ЦIыхур зыгъэпIейтейхэмрэ дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэмрэ и нэр хуиуфIыцIу и хьэлкъым Исхьэкъ. Экономикэм, щэнхабзэм, щIэныгъэм, гъуазджэм, спортым ехъулIэныгъэхэр щызыIэрызыгъэхьэ адыгэхэм ирогушхуэ, и щхьэр лъагэу ирегъэлъагъуж. Ди къэралым и гурыфIыгъуэри и гузэвэгъуэри псэкIэ зыхызыщIэ цIыхущ ар, хузэфIэкIымкIэ абы и зыужьыныгъэм хуэлажьэу. УФ-м и Жылагъуэ палатэм нэхъ жыджэру хэлэжьыхьхэм ящыщщ ди тхакIуэ щэджащэр. Абы утыку къыщрихьэну нэхъ фIэщхьэпэр лъэпкъ Iуэхуращ, шэч хэмылъу. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Урысейм и шынагъуэншагъэр щыпсэу лъэпкъ цIыкIухэм я зэкъуэтыныгъэм епхауэ къелъытэ. 
Зэкъуэтыныгъэм, зэгурыIуэныгъэм, зыужьыныгъэм сыт щыгъуи хущIэкъуу къекIуэкIащ Исхьэкъ. Апхуэдэуи мамырыгъэр, зэныбжьэгъугъэр, лъагъуныгъэр, цIыхухэм я зэхуаку дэлъ пщIэр, лъэпкъхэм я зэхущытыкIэфIхэр и тхыгъэ купщIафIэхэмкIэ дигъэлъэгъуащ. УсакIуэ цIэрыIуэ, тхакIуэ щэджащэ, зи хэкум хуэпэж хэкулI нэс МэшбащIэ Исхьэкъ хуэдэ цIыху къызыхэкIа лъэпкъым насыпыфIэу зыкъилъытэжын хуейщ. 
ТхакIуэм и Iулыджым и лъагагъыр иджыри зэ щIигъэбыдэжу 20I9 гъэм МэшбащIэм къратащ «Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр. Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь дамыгъэр къэралым хуащIа Iуэху инхэм папщIэ яту аращ. А дамыгъэ лъапIэр къэралым ис лъэпкъхэм я литературэ щIэиныр гъэбэгъуэным, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ егъэфIэкIуэным хуэгъэпсауэ МэшбащIэ Исхьэкъ ищIа лэжьыгъэшхуэм и уасэщ. 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: