Гугъущ зи цIэм дунейпсо мыхьэнэ игъуэта тхакIуэшхуэм утетхыхьыну. Зы тхыгъэкIэ, дауи, къыпхуэгъэлъэгъуэнукъым, зы цIыху акъылми къитIэщIыфынукъым абы и IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмрэ гупсысэ куухэмрэ, и къекIуэкIыкIамрэ нобэ ныбжькIи, зэфIэкIкIи, зэчийкIи здынэса лъэгапIэшхуэмрэ. ИтIани апхуэдэ тхакIуэ, усакIуэ щэджащэр зэрыадыгэм къыпхилъхьэ гушхуэныгъэм, и усэ сатырхэм гур зэригъэушэм, и тхыдэ романхэм укъызыхэкIа лъэпкъыр къузэригъэцIыхум, езыр уи цIыхугъэрэ и лъахэ уихьэху и псалъэ Iущхэмрэ тхылъыщIэхэмкIэ узэригъафIэм утрегъэшхуэ лIэщIыгъуэм нэблагъэ къэзыгъэщIа цIыху телъыджэм теухуа уи псалъэ жыпIэну.
Мы гъэм и ныбжьыр илъэс 95-рэ ирокъу УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым и унафэщIым и къуэдзэ, Адыгэ Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт, СНГ-м хыхьэ къэралхэм я ТхакIуэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и унафэщIым и къуэдзэ, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ипщэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм егъэщIылIауэ лажьэ Нэхъыжьхэм я советым хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Абхъаз Академием я академик, Кубаным гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, СССР-мрэ Урысей Федерацэмрэ я Къэрал саугъэтхэм, Шолоховым, Островскэм я цIэкIэ щыIэ литературэ саугъэтхэм я лауреат, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» урысей орденым и II, III, IV нагъыщэхэр, «Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэ» орденыр, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр, Абхъаз Республикэм и «ПщIэмрэ ЩIыхьымрэ» орденыр, «Кубаным и зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ» медалым и япэ нагъыщэр зыхуагъэфэща, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ Шумахуэ и къуэм.
Ар Краснодар крайм къыщалъхуащ, Адыгейм щопсэу, Урысей псом къыщацIыху, и тхылъхэр хамэ къэралхэм щызэбграх. МэшбащIэ Исхьэкъ и зэчиймрэ зэфIэкIымрэ куэд къызэщIаубыдэ, лъахэм, лъэпкъым я IэфIыр гурэ псэкIэ зыхыуигъащIэу гухэлъ пшыналъэхэмрэ прозэ купщIафIэхэмрэ къегъэщI. Абы и IэдакъэщIэкIыр лъэпкъпсо зыщIэппIыкI хъун защIэщ, и дэтхэнэ тхыгъэри адыгэм и тхыдэ куущ.
Исхьэкъ къалэм къызэрищтэрэ и хэкумрэ къызыхэкIа лъэпкъымрэ я беягъыр, дахагъыр хъуэпсэгъуэу къызэригъэлъагъуэр, и бзэр гъатхэ жыг хадэу къызэрызэрытIэпIыкIыр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Дэнэ-тIэ а къалэмыпэр къыщежьэр, тхакIуэ щэджащэм езым хиша лъагъуэм пэщIэдзэ хуэхъур? Ар, дауи, и адэжь лъапсэрщ, Краснодар крайм и Успен районым хыхьэ Щхьэщэхуж къуажэрщ. Исхьэкъ и адэ Шумахуэ, Амзан и къуэр, къызыхэкIа лъэпкъым а щIыгум япэу гъавэ щытрасащ, я унагъуэцIэр къызытекIари аращ – мэш бэв хасащ. Бакъ ипхъу и анэ МыIуминати зыщыщ Дэунэжхэ аращ щетIысэхар. ЛъэпкъитIми я сабийхэр а жылэм къыщалъхуащ, лъэ щытеуващ, гъащIэм и дыджымрэ и IэфIымрэ щызыхащIащ, я гуфIэгъуэ-гукъеуэ нэпси щыщIэкIащ. Исхьэкъ япэу жьыбгъэ къыщыжьэхэуар и адэр илъэс щэныкъуэ иримыкъуу дунейм щехыжарагъэнщ, езыр илъэсищ хъууэ арат абы щыгъуэ. ИтIани ар и анэм иригъэцIыхуфащ, абы и щапхъэм щIипIыкIыфащи, гуапэу игу къегъэкIыж. Апхуэдэуи къуажэдэсым хужаIэ дахэ къомымкIэ зэхэлъ образ нэсу и гум щызэфIэуващи, ицIыхуу щытауэ къыпфIегъэщI. КъызэраIуэтэжымкIэ, Шумахуэ лIы быдэт, лэжьакIуэшхуэт. Абы и хахуагъэмрэ и лIыгъэмрэ жылэдэсхэм зэIэпахыу ягъэхъыбарырт, псалъэм папщIэ, и дамащхьэм хьэжыгъэ къэп телъу зригъэзыхыурэ етIуанэ къэпыр дзэкIэ къищтэу щытауэ жаIэж. Уи гуащIэрэ уи пщIэнтIэпскIэ къэблэжьам нэхъ лъапIэрэ нэхъ IэфIрэ зэрыщымыIэр ищIэрти, зыщымысхьыжу лажьэрт.
Апхуэдэ шыфэлIыфэ зиIэ адэр пасэу зэраIэщIэкIам къищынэмыщIауэ, Исхьэкъ и сабиигъуэр зыхиубыда лъэхъэнэр гъаблэ зэмант. Бынитху къызыхуэна бзылъхугъэм хуабжьу къыдэIэпыкъуащ и адэ-анэр. Адэшхуэмрэ анэшхуэмрэщ Исхьэкърэ и анэкъилъхуиплIымрэ зыпIар.
Адэшхуэм и куэщI ирипIыкIа щIалэ жаным и гупсысэр зэтеубыда хъунымкIэ сэбэп къыхуэхъуари аращ. Езым игу къызэригъэкIыжымкIэ, адэшхуэр фIыуэ щыгъуазэт адыгэ тхыдэм - тхылъым къриджыкIауэ аратэкъым, атIэ гъащIэм щызэхихат. Деунэж Бакъ и гурыхуагъэр умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, хъыбарыжьхэри, псысэхэри, тхыдэм щыщхэри куэду ищIэрт, ахэр къиIуэтэжынкIэ Iэзэ дыдэт. Япэ дыдэ нарт Сосрыкъуи, Сэтэнеи, Iэдиихуи, Лъэпщи я гугъу Исхьэкъ къыхуэзыщIар а дадэрщ. КъищынэмыщIауэ, егъэджакIуэфIхэмкIэ гъащIэр къыхуэупсат абы. Ахэращ гъащIэм куууэ пхыплъыфу, пасэм щыIа адыгэ гъукIэхэм хуэдэу, шыIэныгъэ хэлъу псалъэр игъэбзэфу, къыкъуэкI дыгъэми, къуршыщхьэ хужьхэми ящыгуфIыкIыфу, нэхъыщхьэ дыдэу мы дунейм тет ЦIыхур илъытэу зыгъэсар. Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ Исхьэкъ и творчествэм мыхьэнэшхуэ щызыгъэзэщIа урыс егъэджакIуэхэри. Совет Союзым щыцIэрыIуэ тхакIуэ, усакIуэ куэд я зэчиймкIэ къыдэгуэшащ абы, я псэ хьэлэлагъкIэ ягъэгушхуащ. Абыхэм щрихьэлIар, дауи, Горькэм и цIэр зезыхьэ Литературэ институтырщ. Апхуэдэщ и романхэр къэралым къезыгъэцIыхуа, и IэдакъэщIэкIхэр урысыбзэм кърагъэзагъэу къыдэгъуэгурыкIуэ зэдзэкIакIуэхэри.
Литературэр зи лъабжьэ, зи къуэпс, зи гъащIэ хъуа МэшбащIэ Исхьэкъ бзэ куэдкIэ зи IэдакъэщIэкIхэм еджэ тхакIуэ, классик гъуэзэджэ къыхэкIащ. Пэжщ, тыншу щытакъым сабийгъуэмрэ балигъ гъащIэмрэ я зэхуаку дэлъа гъуэгуанэр. Абы зыщыбгъэгъуэзэн щIэбдзэмэ, гу лъыптэнущ, махуэм жэщыр къызэрыкIэлъыкIуэм хуэдэу, тхакIуэм и гъащIэри фIым Iейр кIэлъыкIуэу зэрызэхэлъар. Ар философие куу зыщIэлъ гъуэгуанэт. Гъуазэ хъур и адыгэбзэмрэ абы хуиIэ лъагъуныгъэмрэт. Ущыуэну къыщIэкIынкъым МэшбащIэ Исхьэкъ тхакIуэ зыщIар и анэдэлъхубзэрщ, и адыгэ хабзэрщ, къыщалъхуа и жьэгужьырщ жыпIэмэ. Ахэр сыт щыгъуи япэ иригъэщу къогъуэгурыкIуэ ар.
Анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр къыгурыIуэу дунейм зы цIыху тетмэ, МэшбащIэр етIуанэщ. Сыту жыпIэмэ, апхуэдиз щIэныгъэ бгъэдэлъми, урысыбзэр фIы дыдэу ищIэми, зэи хамэбзэкIэ тхакъым, и анэдэлъхубзэращ и къалэмыр зэригъабзэр. Мис ар фIыгъуэ нэхъыщхьэу бгъэдэлъхэм ящыщщ абы. «ТхакIуэр щыпсэун хуейри щылэжьэн хуейри къыщалъхуа и лъахэрщ. И адэжь хэкум гурыщIэ къабзэ хуимыIэмэ, абы и тхыдэм щымыгъуазэмэ, и блэкIамрэ и щыIэкIэмрэ имыщIэмэ, лъэпкъ таурыхъхэмрэ уэрэдыжьхэмрэ щIамыпIыкIамэ, и анэдэлъхубзэр имыгъэшэрыуэмэ - лъэпкъ тхакIуэ щыIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Сэ куэдрэ Москва сыщылэжьэну срагъэблэгъащ: Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и Правленэм и секретару, ТхакIуэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и унафэщIым и къуэдзэу, «Октябрь» литературэ-художественнэ журналым и редактор нэхъыщхьэу… Зэгупсысыпхъэт, ауэ сегупсысакъым: сэ сыкъулыкъущIэкъым, сэ сытхакIуэщ, сылъэпкъ тхакIуэщ. Сэ сызэреплъымкIэ, тхакIуэр и лъэпкъ хэсыжын хуейщ, и лIыхъужьхэм къаухъуреихьу, арыншамэ купщIэ зиIэ гуэри IэщIэтхыхьынукъым» - жеIэ Исхьэкъ.
НэщIэпыджэ Замирэ.
КъыкIэлъыкIуэнущ.