Лабрис – синдхэм я щыхьэр

   «Тыргъэтауэ» зэрыжытIэу, ЖьакIэмыхъу КIунэ ди нэгум къыщIохьэ. IутIыж Борис и драматург Iэзагъымрэ зи цIэ къитIуа артисткэм зыми хэзымыгъэгъуащэ и джэгукIэмрэ зэуIури, тхыдэ жыжьэм и зы теплъэгъуэ ди нэгум хьэзыру къыщIигъэувауэ щытащ. Пэжу пIэрэ-тIэ синдхэмрэ адыгэхэмрэ зыгуэр зэхуаIуэхуу? 
   «Зэкъуэшиблым я кхъэлъахэ» («Семибратнее городище») жыхуаIэ щIыпIэр археологхэм лэжьыгъэшхуэ зрахьэлIа, хьэпшып куэди къыщагъуэтыжа пасэрей лIэщIыгъуэхэм я щIэинщ. Илъэс блэкIам абдежыр щIэрыщIэу «зэхатIыхьын» щIадзэжащ икIи лэжьыгъэр зэрыиным, текIуэдапхъэри зэрымымащIэм къыхэкIыу, 2025 гъэм и гъэмахуэм екIуэкIыну щIытIхэм хэтыну гукъыдэж зиIэхэр археологхэм гъусэ яхуэхъуну зэрыхуитымкIэ хъыбарегъащIэ зэбгратыкIащ. 
  Ди зэманым нэхъ пэгъунэгъуу ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм япкъ иткIэ, Зэкъуэшиблым я кхъэлъахэрщ Синдикэ къэралыгъуэм и щыхьэру щытауэ зыхуагъэфащэ Лабрис къалэр здэщытар. 
  Синдхэр адыгэхэр къызытехъукIа мэуэт лъэпкъхэм язу къалъытэ. 
Ауэ археологхэр зэакъылэгъукъым СиндикэкIэ зэджэу щыта пасэрей къэралыгъуэм щыпсэуахэр зупхыну нэхъ зыхуэфащэ иджырей лъэпкъым теухуауэ. Зым ар скифхэм, адрейм – сарматхэм, ещанэм – лъэпкъ куэду зэхэта мэуэтхэм я къудамэу ебж. Лабрис къалэм и цIэр къыщыхахутыкIар XX лIэщIыгъуэм и пэхэрщ. Алыдж тепщэ Левкон Езанэм Феб-Аполлон и цIэкIэ ящIа тхьэлъэIупIэм деж тхыгъэ къытринауэ къыщIэкIащ, синд тепщэ Гекатей и тепщэгъуэр IэщIэзыха и къуэ Октасамад ар къыIэщIигъэкIыжу, адэм зэрыIэригъэхьэжамкIэ. А лъэхъэнэм Iэгъуэблагъэм нэхъ къэрал лъэрызехьэу итар Алыджым къыгуэщхьэхукIа Босфор къэралыгъуэрати, Синдикэр Левкон и зэманым абы и Iыхьэ хъуауэ, хуэм-хуэмурэ алыджхэм яхэшыпсыхьыжауэ къыхощ тхыдэ лэжьыгъэхэм. 
  Мы хъыбарыр ди дежкIэ щIэрыпсу щыткъым. Синдикэм и хъуреягъкIэ екIуэкIа гъащIэм щыщ зы Iыхьэ IутIыж Борис и «Тыргъэтауэ» трагедием ди нэгу къыщIигъэувауэ щытащ. Алыдж тхыдэтх Полиэн къызэриIуэтэжымкIэ, Тыргъэтауэр ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Гекатей и щхьэгъусэт, Октасамадыр а тIум я къуэт. Гекатей-Джэгъэтейр нэхъ алыдж хуэплъэу, тепщэгъуэр фIэIэфIу, Тыргъэтауэ езым и лъэпкъым и хуитыныгъэр япэ нэхъ иригъэщу, зытекIуэдэжари арауэ къыхощ IутIыжым и трагедием. Адыгэ тхакIуэм жанрым и унафэкIэ Тыргъэтауэ и хъыбарыр гуузу иригъэуха щхьэкIэ, Полиэн и хъыбарымкIэ, абы дзэ зэхуишэсщ, езыр езыгъэукIыну хэта Сатир Езанэмрэ Гекатейрэ ятекIуэри, мамырыгъэм щIигъэлъэIуауэ щытащ. 
   Хэт хъужыну атIэ синдхэр? Мы упщIэм теухуауэ акъылым нэхъ къищтэ жэуап зытар куржы щIэныгъэлIышхуэ Джавахишвили Иванщ. 
«Куржым, Кавказым, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум я пасэрей тхыдэм нэхъ зэIумыбзу хэт тхыдэ-этнологие Iуэхугъуэхэр» зыфIища тхыгъэм щIэныгъэлIым шэчышхуэ къытримыхьэу щыжеIэ синд псалъэм и адыгэбзэр «шындж» псалъэм хуэхьыпхъэу. «Зэрынэрылъагъущи, пасэрей хы ФIыцIэ Iуфэм щызекIуэ географ фIэщыгъэ куэд щыхьэту къоув абдежым щыпсэуахэр адыгей лъэпкъхэм зэрыхуэхьыпхъэр уи фIэщ ящIу. «Псессхэр», «синдхэр» фIэщыгъэхэми я гугъу щIыпхъэщ. Япэ итыр Псыжь къыхэлъадэ Пшыш псыежэхым къызэрытекIар, абдежым щыпсэухам а цIэмкIэ еджэу зэрыщытар гурыIуэгъуэщ. ЕтIуанэ псалъэ «синдхэм» я гугъу тщIымэ, Лопатинскэм зэрыхуигъэфэщам ипкъ иткIэ, ар абдежым щыпсэуа абазэхэхэм я лъэпкъыцIэщ. Услар зэрыжиIэмкIэ, убыххэм я гъунэгъу абазэхэхэм щхьэкIэ «шынджхэр» жаIэу щытащ». 
  УрысыбзэкIэ ятха лъэпкъыцIэр адыгэбзэм къыщыбгъэIэпхъуэжым деж, щыуагъэ гуэр пIэщIэмыкIынкIэ Iэмал иIэкъым, абы къыхэкIыу, мы «шинджиш» псалъэр пэжу тхуэмытхынкIи хъунщ. Ауэ щIэныгъэлIищым жаIэм и щыхьэту иджыри къоув зи цIэр синдхэм ирапх, Адыгейм щыIэ Шенджий къуажэ цIэрыIуэм и тхыдэр. Адыгей республикэм гуманитар щIэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэрылажьэ нэхъыжь, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат ЛопащIэ Нурбий «Шенджий къуажэр къыщыунэхуар ди эрэм и 2I0 гъэрщ» зыфIища тхыгъэм дыкъыщоджэ: «Археолог Анфимов Н. В. I960 гъэм Борэныкъуэ Iуащхьэ кхъэлъахэм деж къыщигъуэтыжа урым кхъуэщыным тетхащ ди эрэм и 2I0 гъэм синдхэр мэуэт-фат лъэпкъхэм къазэрыхэтIысхьар, босфор пащтыхь Рискупорид Ещанэм и зэманым». 
Тхыдэ щIэныгъэр махуэ къэс ипэкIэ мэкIуатэ. Жьым и мыхьэнэр уи нобэрей, пщэдейрей махуэм щIэгъэкъуэн хуэхъунращи, ди лъэпкъым и блэкIар дджыжыным, абы епха къэхутэныгъэхэм щыгъуазэ зытщIыным зэи дыхуэщхьэх хъунукъым. Археологие лэжьыгъэхэр иджыри йокIуэкI. 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: