Тхьэрыкъуэ гъэсахэрХьэр цIыхум зэриныбжьэгъум псори дыщыгъуазэщ. Ауэ ардыдэр хужыпIэ хъунущ тхьэрыкъуэми. А къуалэ телъыджэр ди гъащIэм куууэ хэтщ, къыдэсащ, хэбгъэзыхьмэ, къыддоIэпыкъу. Пэжщ, пэжщ: тхьэрыкъуэхэр гузэвэгъуэ хэхуахэр къызэрырагъэлам теухуа хъыбархэр, уеблэмэ, къыщожьэ Пасэрей Египетым, Алыджым, Къэжэрым (Персием), нэгъуэщI къэралхэми. Щхьэ жыжьэ дыIэбэрэ? Тхьэрыкъуэ гъэсахэм Хэку зауэшхуэм зыкъыщагъэлъэгъуащ укъэзымыгъэщIэхъуну пощтзехьэу икIи шынэ зымыщIэу. ИпэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, тхьэрыкъуэхэр щызэуащ щIы щхьэфэми, уэгуми, хыми. Зэхэуэ гуащIэхэм хэта иужь ди псыщIагърыкIуэ кхъухьым дертышхуэхэр игъуэтат: езыр-езыру зекIуэжыфыртэкъым Апхуэдэхэм я деж зэрыхъущи, я рацэри зэIыхьат. Къахуэнэжыр щежьэм гъусэу къыздащта тхьэрыкъуэ закъуэрт. Къезыгъэлари аращ. МахуитIым километр миным щIигъу зэпичри, пощтзехьэм хъыбарыр зыIэрыхьапхъэхэм я деж нигъэсащ. Ныкъуэкъутэ хъуа кхъухьым дэIэпыкъуну нэгъуэщI ягъэкIуащ, абы ар ишэжащ. Еплъ а псэущхьэ цIыкIум хузэфIэкIам! Апхуэдэ щапхъэхэр апхуэдизу куэдщи, дэтхэнэри щыгъуазэу къыщIэкIынущ я нэхъ мыхъуми зым. Апхуэдэ тхыгъэхэу мин 15-м щIигу тхьэрыкъуэхэм Хэку зауэшхуэм и зэманым зыхуейхэм Iэрагъэхьащ. Абыхэм яхэтт мыхьэнэ ин дыдэ зиIэхэри. Ауэ псом нэхърэ нэхъ лъапIэщ кърагъэла цIыху гъащIэхэр. Мыри щIыгъужын хуейщ: щхьэусыгъуэ зэмылIэужыгъуэхэм я зэранкIэ связым и Iэмэпсымэхэр зэIыхьэрт. Ахэр бийм щакъутэ къэхъурт. Ауэ зи гугъу тщIы пощтзехьэхэм я узи, шыни зыхащIэртэкъым: абыхэм пщэрылъ щащIа къалэныр я псэр пытыху ягъэзащIэрт. И теплъэр егъэлеяуэ дахэщи, дэ ахэр фIыуэ долъагъу, ауэ дегупсысмэ, къыдгуроIуэ ар къытхуиIэ пэжыныгъэм щхьэкIи тлъагъун зэрыхуейр.
Поделиться:
Читать также:
17.06.2025 - 15:33 →
ЛIэщIыгъуэхэр зи ныбжь
17.06.2025 - 14:30 →
ЩIым игу
17.06.2025 - 12:01 →
ТекIуэныгъэр къызэрахьам щыщ Iуэхухэр
17.06.2025 - 11:57 →
И хэкур лIыгъэ хэлъу ихъумащ
17.06.2025 - 10:55 →
Лъэпкъыр зэрыгушхуэ
|