ЩIэблэ лъэрызехьэ«Динамо»-м и ныбжьыщIэ» фIэщыгъэр зэрихьэу дзюдомкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Ингушым, Шэшэным, Дагъыстэным я спортсмени 138-рэ.
Ди республикэм и бэнакIуэхэм ящыщу килограмм 55-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр къыщихьащ Унэж Темырлан, Бэч Анзор абы етIуанэ щыхъуащ, Темрокъуэ Идар ещанэщ. Пщыбий Амир дыщэ, Iэрыпщэ Къантемыр дыжьын, Атэбий Темырлан домбеякъ медалхэр къыщахьащ килограмм 60 зи хьэлъагъ бэнакIуэхэм я деж.
Килограмм 66-рэ хъухэм Къамбий Сэфарбий къытекIуэн къахэкIакъым. Бондаренкэ Николай а гупым ещанэ увыпIэр щиубыдащ. Шыкълъашэ Елдар щылъэщащ килограмм 73-рэ зи хьэлъагъхэм я деж икIи дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ, ещанэ увыпIэр Къашыргъэ Мухьэмэд зыIэщIигъэкIакъым. Килограмм 8I-рэ зи хьэлъагъхэм я деж дыжьын медаль къыщихьащ Мизиев Хьэжмусэ, ЦокIыл Ахьмэдрэ Iэпыч Мухьэмэдрэ ещанэ хъуахэщ.
Мамий Атмир щытекIуащ килограмм 90 зи хьэлъагъхэм я деж, Лазариди Давидрэ Шыд Жамболэтрэ мыбдеж щыещанэщ. Килограмми I00 хъухэм я зэхьэзэхуэм хэтахэм Кастахов Марат япэ увыпIэр яфIихьащ, етIуанэр Дер Айдэмыр иубыдащ, ещанэр – Тау Астемыррэ Молэ Мухьэмэдрэ.
Ди командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Куп Эдуард, Джэданэ Залым, Емкъуж Рустам, Ким Руслан, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ, Бэгъуэт Мухьэмэд, Махуэ Олег, Шаваев Хьэнэфий сымэ.
Поделиться:
Читать также:
10.08.2026 - 12:00 →
УащIыдэплъеин ябгъэдэлъщ
28.07.2026 - 11:18 →
Бибрэс и цIэр тхыдэм къыхэнэнущ
27.07.2026 - 20:41 →
ЩыIащ Адыгейм апхуэдэ жылэ
19.07.2026 - 12:26 →
Домбеякъыр и Iэрылъхьэщ Сэлим
16.07.2026 - 17:30 →
Псыгуэнсу щыщщ Жьанэ Мурат
| ||




