КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и цIыхухэм Урысыбзэм и махуэмкIэ зэрехъуэхъурПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ! Урысей Федерацэм илъэс къэс мэкъуауэгъуэм и 6-м щагъэлъапIэ Пушкиным и махуэмрэ Урысыбзэм и махуэмрэ. Ди усакIуэ щэджащэ Пушкин Александр Сергей и къуэращ нобэ цIыху мелуан 250-м щIигъу зэрыпсалъэ иджырей урысыбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъар. Ди къэралым и Президент Путин Владимир иджыблагъэ иригъэкIуэкIа, Урысыбзэмрэ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэмрэ зегъэужьынымкIэ Къэрал советым и зэIущIэм зэрыщыжиIамкIэ, мыхьэнэшхуэ иIэщ урысыбзэр егъэджыным и фIагъым хэгъэхъуэным. Шэч хэмылъу, ар шэсыпIэ мэхъу ди цIыхухэм урысыбзэмкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэр нэхъри къэIэтынымкIэ, псэкупсэ лъапIэныгъэхэр адэкIи гъэбыдэнымкIэ, нэхъыщхьэжыращи, урысейпсо щэнхабзэ щIэныгъэр нэхъ лъэщ щIынымкIэ.
Поделиться:
Читать также:
09.08.2026 - 11:18 →
АдыгэщIым и макъыр зэхыдох
09.08.2026 - 09:58 →
Темыркъаным и пшыхьхэр
08.08.2026 - 13:41 →
Жылагъуэ транспортым къыхохъуэ
08.08.2026 - 12:26 →
ЗэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
08.08.2026 - 11:31 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||




