Укъыщалъхуа, ущапIа лъахэм пэпщIын щыIэкъым

КъБР-м и Жылагъуэ палатэм дыгъуасэ Iуэхугъуэ щхьэпэ щекIуэкIащ. Республикэм и ­къалэхэмрэ къуажэхэмрэ дэт курыт школхэм зи ныбжьыр илъэс 14 хъуауэ щIэс ныбжьыщIэхэм ящыщу нэхъыфIу еджэхэм Урысей Федерацэм и паспорт иратащ.

Гу лъытапхъэщ республикэм и Жылагъуэ палатэм къэралым и махуэшхуэхэм ирырагъэхьэлIэу мыбы хуэдэ гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щIэх-щIэхыурэ зэры­щрагъэкIуэкIми. Иджырейм и Iуэху зытетри арат. 
ТIэкIу дызэIэбэкIыжынщи, Урысейм и махуэ зыфIащам и ­къежьэкIэ хъуам кIэщIу дыте­псэлъыхьынщ. И къэунэхукIэ ­хъуари, тхыдэм къызэры­хэщы­жымкIэ, гъэщIэгъуэнщ. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм, зэрытщIэщи, Совет Союзу щы­там хыхьэ республикэхэр, зым иужь адрейр иту, къэрал абра­гъуэм хэмытыжу щхьэхуит хъурт. Ауэрэ здекIуэкIым, 1990 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м РСФСР-м и цIыхубэ депутатхэм я япэ зэ­хуэсышхуэм (съездым) Iэ щытра­дзащ Урысей Федерацэр къэрал щхьэхуэ зэрыхъуам теухуа дэфтэрым. ИлъэсиплI дэкIри, 1994 гъэм Президент Ельцин Борис и унафэкIэ, мэкъуауэгъуэм и 12-р РСФСР къэралыгъуэр хуит щыхъужа (Союзым хэта адрей республикэхэм емыпхауэ) махуэу къалъытащ.
Илъэсий дэкIри, 2002 гъэм мазаем и 1-м, къэралым «Лэжьыгъэ кодекс» къыщащта иужь, мэкъуауэгъуэм и 12-м «Урысейм и махуэ» фIащащ. НэгъуэщIу жытIэ­мэ, мыр, РСФСР-р СССР-м къызэрыхэ­кIам и махуэу къе­жьэри, Урысейр къэралыгъуэ щхьэхуэу зэры­щытыр къэзыгъэ­лъагъуэу къалъытэ хъуащ. 
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и иджырей зэIущIэм и гугъу тщIымэ, абы пщащэ цIыкIухэмрэ щIалэщIэхэмрэ ядэщIыгъуу я адэ-анэхэри къекIуэлIат. 
Iуэхум и щIэдзэкIэти, УФ-м и Гимныр къеуащ. КъызэщIэтэджахэр я пIэ итIысхьэжа иужь, къэпсэлъапIэм къиуващ зи ­гугъу тщIы зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Берд Хьэзрэталий. 
- Ди ныбжьыщIэ лъапIэхэ, адэ-анэ угъурлыхэ, нобэ мыбдеж щекIуэкI Iуэхум мыхьэнэшхуэ иIэщ. ЦIыкIухэм сыныволъэIу фыкъэзылъхуа-фызыпIахэр фIы­уэ флъагъуну, сытым дежи пщIэ яхуэфщIыну, зыщывмыгъэгъупщэну гугъу къызэрывдехьахэр. Фи фIэщ фымыщI, фемыдаIуэ «нэгъуэщI щIыпIэ гъащIэр щынэхъыфIщ» жызыIэхэм. «Хамэ щIыпIэ сыщытхъэ нэхърэ, ­Хэкужь сыщылIэ!» жеIэ псалъэ­жьым. Абы къокI укъыщалъхуа, укъыщыхъуа лъахэм пэпщI ­хъун зэрыщымыIэр. Ауэ, фэ фи къэжэпхъыгъуэ-фи щIэрэщIэ­гъуэщи, къыфпэплъэр илъэс бжыгъэфIкIэ гъэнщIа гъащIэ дахэу согугъэ, - захуигъэзащ Бердым я нэгу зэлъыIухауэ, зэщыгуфIыкIыжу пэшым щIэс ныбжьыщIэхэм.
Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэм хуагъэлъэгъуа цIыкIухэр зырызыххэу къыхудашурэ, Iэнэ кIыхьым нэхъ пасэу трагуэша тыгъэхэмрэ паспортхэмкIэ игъэгуфIащ. 
КIэлъыкIуэу псалъэ иратащ ­КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэм и къуэдзэ, щIэны­гъэм­рэ техникэмкIэ КъБР-м и Къэ­рал саугъэтыр зыхуагъэфэща, профессор Федченкэ Людмилэ.
- Нэхъыжьым жиIахэм сэри срителъхьэщ. Сыт «УФ-м и цIыху» жыхуаIэм къикIыр? Абы и жэуапу цIыкIухэм япэу зэхыдагъэхыр «Хэкур фIыуэ лъагъун зэры­хуейрщ». АтIэ, дауэ ар къызэрыдгурыIуэнур? Сэ къызэрыслъытэмкIэ, Хэкур фIыуэ плъа­гъун папщIэ, абы уи гур кIэ­рыпщIэн хуейщ. Абы щхьэкIэ, нобэ дызыхэт гугъуехьхэм я мызакъуэу, лIэщIыгъуэ блэкIахэм къэралым къыщекIуэкIахэми хэп­щIыкIыпхъэщ. НэгъуэщIу жы­тIэмэ, нобэрей Урысейм ис лъэпкъхэм зэхэт хъуа я тхыдэм нэмыщI, зэман жыжьэ дыдэхэм щыIахэми зыщыдгъэгъуэзапхъэщ. ТхакIуэ­хэм, усакIуэхэм я IэдакъэщIэкI­хэм куэду дащрохьэлIэ Хэкум ­хуаIэу щыта фIы­лъагъуныгъэм теухуа сатырхэм. Иджы фэ, ныбжьыщIэхэм, къэ­ралым и цIыхуу фыкъызэралъытам теухуа тхы­лъыр нобэ мыбдежым къыщыватри, а Iуэхум фи жэ­уаплыныгъэм зэрыхигъахъуэри гурыIуэгъуэщ, - жиIащ абы.
Федченкэ Людмилэ ныбжьы­щIэхэм паспортхэмрэ тыгъэ цIыкIу­хэмрэ яритащ. 
АдэкIэ утыкум зэкIэлъыкIуэу къихьащ Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Туменов Мурадинрэ УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм ­КъБР-м щиIэ и къулыкъум Iэп­хъуэшапхъуэхэмкIэ и управленэм хуит къэзыщI тхылъхэр щат и къудамэм и унафэщI, полицэм и подполковник Iэрэмысэ Анзоррэ. А тIуми ныбжьы­щIэхэм паспор­тыщIэ­хэмрэ тыгъэ цIыкIухэмрэ иратащ. 
ЗэIущIэм и къыкIэлъыкIуэ Iы­хьэт къэралым и цIыхуу къызэралъытам теухуа тхылъыщIэхэр зратахэр къыщагъэпсалъэр. Абыхэм ящыщщ Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №3-м щIэс Пхъэшх Лианэ:
- ФIыщIэ фхузощI мы зэIущIэр къызэзыгъэпэщахэм! Си щхьэкIэ жысIэнщи, сызыщыщ Хэку ЦIыкIуми, зэрыщыту къатщтэмэ, Урысей Федерацэми я цIэр фIыкIэ згъэIуну сыщIохъуэпс, нобэ къызата тхылъым пщIэ хуэсщIу къесхьэкIыну сыхуейщ! КъызэгъэпэщакIуэхэм мы Iуэхур Урысейм и махуэм зэрырагъэхьэлIам папщIи фIыщIэ яхузощI! - жиIащ абы. 

КЪУМАХУЭ Аслъэн. Сурэтхэр Къэрей Элинэ трихащ.
Поделиться: