Сакъыну къыхураджэ

КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабыр республикэм щыпсэухэмрэ хьэщIэхэмрэ махуэшхуэмкIэ - Урысейм и махуэмкIэ - йохъуэхъу икIи абы къыхуреджэ набдзэгубдзаплъэу щытыну, террорым зыщыхъумэным хуэгъэза мардэхэм тетыну. ЦIыхухэм зыкъыф­хуагъазэ:
- къызэрымыкIуэ щытыкIэм цIыхухэр хуэзышэнкIэ, шынагъуэ къызыпкърыкIынкIэ хъуну Iуэхугъуэхэр фымылэжь;
- фи автотранспортыр абы хухэха щIыпIэхэм деж щывгъэув;
- хьэпшып гуэрым е автомобилым дзыхь хуэвмыщIмэ, апхуэдэу ­теракт ирагъэкIуэкIыну ягъэхьэзыру, къагъауэ Iэмэпсымэхэр е Iэщэхэр яIыгъыу фыщыгъуазэмэ е, ялэжьыну щIэпхъаджагъэм хэтынкIэ хъуну зыгуэрым шэч хуэфщIмэ, хабзэхъумэ органхэм абыкIэ хъыбар икIэщIыпIэкIэ евгъащIэ; 
- хабзэхъумэ IэнатIэхэм, апхуэдэуи цIыху куэд зыхэт зэхуэсхэр щекIуэкIым деж шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным зи лэжьыгъэр пыщIа нэгъуэщI къулыкъущIэхэм хабзэкIэ къыфхуагъэувхэр вгъэзащIэ.
Сыт хуэдэ Iуэхуми теухуауэ къаIэрыхьэ хъыбарыр нэгъэсауэ къапщытэнущ, зыхуэфащэ Iуэхухэр зэфIахынущ цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ.
КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабым хъыбарыр къызыпкърыкIар хэтми хэIущIыIу ищIынукъым, апхуэдэуи республикэм щыпсэухэм фIыщIэ яхуещI зэрызэхащIыкIым папщIэ.
«Линэ пщтырым» и телефонхэр:
Урысейм и ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм: 48-15-81 (дзыхь зрагъэз телефон);
КъБР-м щыIэ МВД-м: 40-49-10 (плъыр часть), 49-50-62 (дзыхь зрагъэз телефон);
УФ-м СледствиемкIэ и комитетым СледствиемкIэ и управленэу ­КъБР-м щыIэм - 77-64-22 (дзыхь зрагъэз телефон);
Урысейм и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм - 39-99-99 (плъыр часть).

Поделиться: