Гулъытэ гуапэ![]() КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм, ныкъуэдыкъуэхэм защIэзыгъакъуэ «Надежда» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ IуэхущIапIэр и гъусэу мэкъуауэгъуэм и 9-м ирагъэкIуэкIащ я узыншагъэмкIэ сэкъат зиIэ ныбжьыщIэхэм я зэхыхьэ. Сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Лэгъупыкъу» IуэхущIапIэм къыщызэрагъэпэща зэIущIэм кърашэлIат Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм (Дагъыстэн, Ингуш, Шэшэн, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм, Ставрополь крайм) щыщхэр. Дэтхэнэ республикэми къыбгъэдэкIыу цIыху 15 абы къагъэкIуащ (сабийхэм я адэ-анэхэр я щIыгъуу). НыбжьыщIэхэм езыми пшыхь гукъинэж ягъэхьэзырат.
Поделиться:
Читать также:
17.07.2025 - 12:56 →
КъелIэлIахэм фIыщIэ хуащI
15.07.2025 - 15:30 →
ГукъэкIыжхэр унагъуэхэм щахъумэ
15.07.2025 - 13:00 →
ЛIэщIыгъуэ зи ныбжь нэхъыжьыфI
15.07.2025 - 12:00 →
БахъэрызекIуэ кхъуафэм и махуэ
15.07.2025 - 11:00 →
Унагъуэр зэпэщмэ, лъэпкъыр узыншэщ
|