Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысейм и махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэу пщIэ зы­хуэсщIхэ, си хэкуэгъу лъапIэхэ!
Урысейм и махуэмкIэ сынывохъуэхъу!
А махуэшхуэр и дамыгъэщ ди Хэкум и илъэс мин гъуэгуа­нэм, къегъэлъагъуэ зэман зэхуэмыдэхэм я зэ­пы­щIэныгъэр, цIыхубэ зэхэтыкIэм и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр, зэкъуэ­тыныгъэр, Хэкум худиIэ лъагъуныгъэр икIи ди но­бэмрэ къэ­кIуэнумкIэ тхэлъ жэуаплыныгъэр.
И тхыдэм къриубыдэу Урысейр пхыкIын хуей ­хъуащ гугъуехь мымащIэм, ауэ ди цIыхубэм сыт хуэдэ лъэпощхьэпори къы­зэринэкIыфащ, текIуащ икIи къэрал лъэщ иухуащ. Дэ ди къалэныр дяпэ итахэр зытета хабзэфIхэм дахуэпэжынырщ, къэ­ралым нэхъри зиужьыным дыхуэлэжьэнырщ, ди Хэкум и къарумрэ лъэщагъымрэ хэгъэхъуэным хуэтщI хэлъхьэныгъэр дгъэбэгъуэнырщ.
Мы зэман мытыншым дэ псори дызэкъуегъэувэ тхэлъ хэкупсагъэм, ди Хэкум папщIэ тхьы жэ­уаплыныгъэр зэры­зы­хэтщIэм. Ди къэрал псом, лъэпкъ куэду зэхэт цIыхубэм дыдо­Iыгъ дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щызыщIэхэр, абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ пэжхэри яхэту. Дрогушхуэ ди лIы­хъужьхэм къагъэлъагъуэ хахуагъэм, дадоIэ­пыкъу, адэкIи защIэдгъэкъуэнущ пэжым, захуа­гъэм щIэбэнхэм.
Хэкур хъумэнми мамыр псэукIэми дызэрыщызэкъуэтыр ди тегъэщIапIэу зэманым къигъэув сыт хуэдэ гугъуехьхэми дазэрыпэлъэщынум, Урысейр ефIэкIуэн, нэхъри лъэщ хъун папщIэ зыхуэдгъэува къалэнхэр зэрызэдгъэхъулIэфынум шэч къытес­хьэркъым.
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ фиIэну, зэIузэпэщу фыпсэуну.

Поделиться: