Бгылъэ гъунапкъэхэр яхъумэ![]() КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Терскол щригъэблэгъащ УФ-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ, Урысейм и ЛIыхъужь Евкуров Юнус-Бэч Бэмэтджэрий и къуэр. Къуршым щытыкIэ гугъу щихуахэр къегъэлынымрэ а Iуэхум IэщIагъэлIхэр хуэгъэхьэзырынымкIэ, гъунапкъэр хъумэнымкIэ «Терскол» центрыр илъэс 90 зэрырикъуар абдежым щагъэлъэпIащ. Зи гугъу тщIы центрыр 1935 гъэм къызэIуахауэ щытащ, Дзэ альпинизмэм щыхуагъэхьэзыр еджапIэр къыщызэрагъэпэщам щыгъуэ. Ар къэзыухахэм къалэнышхуэ ягъэзэщIащ совет сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ бгыщхьэм щызэуэфу ягъэсэн папщIэ, Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм абыхэм хахуэу Кавказым и къурш щхьэдэхыпIэхэмрэ Iуащхьэмахуэ лъапэрэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм щахъу-мащ.
Поделиться:
Читать также:
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
| ||





