19-нэ лIэщIыгъуэм Тыркум къыщахута Хьэт къэралыгъуэм и къалащхьэ Хьэтуссэ (Аладжа-Хююк къалэм и Iэхэлъахэр) I835, I860, I88I, I893, I906 гъэхэм щрагъэкIуэкIа археологие къэпщытэныгъэхэм я фIыгъэкIэ дунейпсо щIэныгъэм игъэбелджылащ ди лъэхъэнэм ипэкIэ 2400-I800 гъэхэм нобэ Тыркуу тцIыху къэралыгъуэм щыпсэуа хьэтхэр.
Арами, тхыдэ фэеплъ нэхъыбэ а щIыпIэм къыщыщIахар I935-I948 гъэхэращ, тырку археолог Кошай Хамит Зюбейр иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм я фIыгъэкIэ. Абы щыгъуэщ домбеякъ лъэхъэнэм хэпсэукIа хьэтхэм деж къыщыщIэдзауэ Урым пащтыхьыгъуэм нэс зи гугъу тщIы щIыналъэм щыпсэуа лъэпкъхэм я фэеплъ бжыгъэншэхэр къыщыщIахыжар. Абдежым наIуэ къэхъуащ иужьрей илъэс мини 5-м къриубыдэу Азие ЦIыкIум лъэпкъ зэхуэмыдэхэр зэрыщыпсэуар.
Псом хуэмыдэу щIэныгъэлIым гъэщIэгъуэн щыхъуар хьэт жылагъуэ, хьэпшып, Iэмэпсымэ, илъэс мин бжыгъэкIэ Iэпэ зыхуамыхьа кхъэлъахэ къыщIэщыжахэрт. А кхъэлъахэхэм щIэлът дыщэм, дыжьыным, гъуаплъэм къыхэщIыкIа, мывэ лъапIэ зэхуэмыдэхэмкIэ гъэщIэрэщIа, Iэзэ дыдэу гъэзэщIа, зыхуэбгъэдэн щымыIэ фэилъхьэгъуэхэр.
Илъэс I3-м къриубыдэу Хьэтуссэ къыщагъуэтыжащ кхъэлэгъунэ I3. Ахэр зэпэгъунэгъуу, ауэ, зэхуэмыдэ лъэхъэнэхэм зэрыщыщыр къапщIэу зым нэхърэ адрейр нэхъ куууэ щIым щIэлът. Псори мащэ плIимэт, я инагъкIи кууагъкIи зэхуэмыдэу, мывэкIэ и щхьэр тегъэжыкIауэ, абы и гущIыIум пхъэ «унащхьэ» телъу, тхьэлъэIу нышу яукIа псэущхьэхэм я къупщхьэхэр тепхъауэ апхуэдэт.
Кхъэлэгъунэ къэс зы хьэдэ щIэлът, и Iэ и лъэр щIэупщIауэ, Iэпщэхъухэр, тажхэр, къинэмыщI хьэпшыпхэр бгъурылъуу. Ахэр ди лъэхъэнэм ипэ 2300 гъэхэм псэуауэ, адыгэ-абхъазыбзэм ирипсалъэу хы ФIыцIэм и Анадолэ лъэныкъуэр зи щIыналъэу щыта хьэтхэрауэ къыщIэкIащ.
Археологиер щыхьэт зытехъуа къэхутэныгъэхэм къызэраIуатэмкIэ, а зэманым хьэтхэм яIащ къэралыгъуэ лъэщ, дыщэмрэ дыжьынымрэ ирилъажьэ дыщэкI Iэзэхэр, IэщIагъэлIхэр, ухуакIуэхэр, къинэмыщI фIыгъуэхэр.
Псом хуэмыдэу щIэныгъэлIхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуар – гъуаплъэм къыхэщIыкIа цIыхубз сурэтитIырщ. Ахэр къыщIахат хьэт кхъэлъэгъунэхэм ящыщ зым, къыщагъуэтами хьэдэм и гъунэгъу дыдэу щылът. Ахэр бзылъхугъэ сурэту зэрыщытым шэч хэлъкъым: пщэ кIыхьт, бгы псыгъуэт, нэшхуэт, я тхьэкIумэм тхьэгъу ярылът, зым сабий IэщIэлъым хуэдэу IэкIэ зыгуэр иIыгът. Апхуэдэ бзылъхугъэ сурэт зыбжанэ дыжьыным, дыщэм къыхэщIыкIауэ къыщагъуэтыжащ иджыри кхъэлэгъунитIым. ЩIэныгъэлIхэм дежкIэ щэхуу къэнащ кхъэлэгъунэ I3-м ящыщу а 3-м фIэкI бзылъхугъэ сурэт зэрыщIэмылъар.
Языныкъуэ археологхэмрэ тхыдэтххэмрэ къызэралъытэмкIэ, хьэтхэм я фIэщ хъууэ щытащ Тхьэ Гуащэхэр, икIи ахэр я фIэщхъуныгъэм щыщу зэрыщытам и фэеплъщ бзылъхугъэ сурэтхэр.
Хьэтхэм дыщэкI IэщIагъэлI лъэщхэр зэраIам и щыхьэтщ хьэдэ зыбжанэм дыщэ таж хъархэр къызэрыщхьэрахыжар. Зэ IуплъэгъуэкIэ а тажхэр къызэрыгуэкIыу, лей кIэрымылъу къыпщыхъунущ, ауэ укIэлъыплъыжмэ, илъэс мини 4,5-кIэ узэIэбэкIыжмэ, апхуэдэ хъарыр зэращIа Iэмалхэр нобэми къахуэмыщIэу щIэныгъэлIхэр мэгупсысэ. А кхъэлэгъунэращ дуней псом щыцIэрыIуэрэ фэеплъхэр зыхуагъэув «хьэт дыгъэ» жахуаIэу щыхъумэ телъыджэхэр къызыщIахауэ щытар. Я теплъэкIэ зэхуэмыдэщ ахэр: хэт вы бжьакъуэкIэ гъэщIэрэщIащ, хэт щыхь тетщ, ауэ псоми зэхуэдэу хьэт хъарыр яIэщ. Хьэт дыгъэхэм я мыхьэнэр къагурымыIуэу, илъэс куэдкIэ гупсысащ щIэныгъэлIхэр. Ауэ ахэр къызыхуагъэщIар наIуэ къэхъуащ адыгэ гупсысэкIэм тету щыбгъэдыхьэм.
«Пасэрей хьэд-адыгэм и псэукIар, бгъэдэлъа фIэщхъуныгъэр дызытепсэлъыхь хьэт дыгъэхэм къаIуатэ. ФIэщхъуныгъэм, хьэдрыхэм епхащ а хьэпшыпхэм лъабжьэ яхуэхъуа хъарри. Хьэт дыгъэхэм языхэзыр къапщтэрэ зэпэпплъыхьмэ, тIыбжьиплI тету долъагъу. ПлIыр хъулъхугъэ дамыгъэщ. Мыбдеж занщIэу гурыIуэгъуэ мэхъу зи гугъу тщIы хьэпшыпхэр къызыщIаха кхъэлэгъунэм щIэлъыр цIыхухъуу зэрыщытыр, апхуэдиз дыщэ зэрыдыщIэлъам, пщIэ хуащIу зэрыщIалъхьэжам тепщIыхьмэ – ар пщышхуэт. ТIыбжьэ шыхьам щхьэкIэ «мэ» жиIэу щытащ пасэрей хьэтым. Хьэт дыгъэм и щхьэкIэм хэIэтыкIауэ, бзум ебгъэщхьыну сурэт гуэрхэр тетщ. Ахэр хьэтхэм я фIэщхъуныгъэм къыхэщыжу щIылъэм, уафэм, псым я тхьэхэрщ. Хьэтыбзэм пычыгъуэ къэс мыхьэнэ иIэу зэрыщытар къэплъытэрэ, уи нэм нэхъ къыщIэуэу «щы», «хъу», «мэ» псалъэхэр зэпыбгъэувэжмэ, щыхъумэ мэхъу. КIэщIу жыпIэмэ, хьэдрыхэ ехыжа пщышхуэр ем щыхъума хъун, и кхъэлэгъунэр зэхамыдыгъухьын папщIэ, хьэд дыгъэхэр дыщIалъхьэу арат. Хьэт дыгъэ псоми, тажыр зэрыщIа хъарми зыгуэр къокI, дауи. «Уафэр щымыджэмыпцIэу, щIылъэр щызэпцIагъащIэм дунейр хъыкIэ яухуэрт» жыIэгъуэр сигу къокIыж абы сыщеплъкIэ. Хъыр гъащIэм и лъабжьэу къалъытэу щытагъэнущ. Ауэ езыр зищIыс дыдэр иджыри къызгурыIуакъым», - жеIэ «ЩIыуэпсыбзэ» тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа, Тыркум щыпсэу адыгэ щIэныгъэлI Токъмакъ Айдын.
КъищынэмыщIауэ, зи гугъу тщIы кхъэлэгъунэм къыщIахыжащ дыщэм къыхэщIыкIа мастэкъуаншэхэр, бгъэхэIухэр, щыгъэ блахэр, Iэпщэхъухэр, хьэкъущыкъухэр. ИкIи къагъуэтыжа хьэпшыпхэмкIэ наIуэ мэхъу кхъэлэгъунэм щIэлъыр пащтыхь унагъуэ къызэрыхэкIар.
Мыбдеж гу лъытапхъэщ Месопотамием, Хьэтуссэ, Мейкъуапэ щэнхабзэм щыщу Адыгэ Республикэм къыщыщIахыжа цIыхубз хьэпшыпхэр зы дыщэкIым ищIам хуэдэу зэрызэщхьыр. ЗыгуэркIэ зэщхьэщыкIыу пIэрэ жыпIэу, нэхъ набдзэгубдзаплъэу зэпуплъыхь пэтми, пхузэхэмыгъэкIыну зэщхьщ. Апхуэдизу зэпэжыжьэу псэуа лъэпкъхэм я зэхуэдэ IэдакъэщIэкIхэр зыхуэпхьынур пщIэркъым.
«Дэ дызэригугъэм хуэдэу, лъэпкъыр и пIэ имыкIыу, хами зыхамыгъэхьэу щытакъым пасэрейхэр. ЗекIуэ кIуэхэрт, кхъухьыдзэ яIэт, зэпымычу хыщхьэм тетт, хамэ къэралхэм кIуэрт, сату, политикэ IуэхухэмкIэ япыщIат куэдым. Щэнхабзэри аращ. Псалъэм папщIэ, зыщIыпIэ дыщэкI Iэзэ щыIэу хъыбар къэIумэ, абы деж гъукIэгъэсэн ягъакIуэрти, щэнхабзэр зэIэпахырт. Гъэсэным и хэкум игъэзэжырти, абы щылъащэрт, иужьыIуэкIэ езыри гъэсакIуэ зыгуэрхэм яхуэхъуурэ, зы дыщэкI Iэмалым апхуэдэурэ къикIухьырт. Ауэ къыпхуэщIэнукъым мы къедбжэкIа щIыналъищым ящыщу гъукIэ, дыщэкI нэхъыщхьэр щыпсэуар дэнэми. Дэ диIэр нарт IуэрыIуатэращи, абы къыхощыж, псалъэм папщIэ, Лъэпщ гъукIэгъэсэн иIауэ», - жеIэ сурэтыщI, пасэрей дамыгъэхэмрэ тхъыпхэхэмрэ зыдж ДыщэкI Мурат.