Лъэпкъищ зэпызыщIа уэрэд

«Урал-Батыр» лъэпкъ эпосыр зейр башкирхэрщ. Нартхэр зи къежьапIэу къэзылъытэ адыгэхэм Сосрыкъуэ япэ зэридгъэщым хуэдэ дыдэу, башкирхэм я IуэрыIуатэм лIыхъужь нэхъыщхьэу къыхощ Урал цIэр зезыхьэ щIалэфIыр.

Башкир IуэрыIуатэм зэрыжиIэмкIэ, Урал къуршкIэ зэджэ бгы гупыр а цIэр зезыхьэ батырым иукIа бийхэм я къупщхьэщ, я зэхуакум къыдэж псыхэри зыутIыпщар Уралщ. А псом щыгъуазэ зытщIын гукъыдэж дгъуэтынутэкъым, мы махуэхэм интернетыр къэзыгъэпсэлъа «Хумай» уэрэдыр зэхэдмыхамэ, псом хуэмыдэу абы Билан Димэ адыгэбзэкIэ щигъэIуа сатырхэр дигу нэмысамэ. КъызэрыщIэкIымкIэ, ахэр зэхэзылъхьар Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэмкIэ и институтыр къэзыуха макъамэтх, усакIуэ Iэпщэ Анзорщ:

Сосрыкъуэу нарт лIыхъужь,

Сабиигъуэм сызыхьыж,

Уи щIыналъэм сыщапIащ,

АдыгэщI сыкъыщыхъуащ.

«Гумэ Маринэ пIалъэ кIэщIым уэрэдым и едзыгъуэхэр стхыну къыщызжиIам, сыпIейтеят, схузэфIэмыкIынкIэ сыгузавэу, ауэ псалъэхэр, сызэримыгугъауэ, сыхьэт бжыгъэм хьэзыр хъуащ. Си гуапэщ ди адыгэ щэнхабзэ щэджащэр ипэкIэ зыгъэкIуатэ сыт хуэдэ IуэхуфIми сыхэтыну», - иритхащ и напэкIуэцIым Iэпщэ Анзор, уэрэдыр хэIущIыIу хъуа нэужь.

 Сыт апхуэдизу мы Iуэху къызэрыгуэкIым хэлъыр, Iэуэлъауэшхуэ епщIэкIын хуэдэу, жызыIэни щыIэщ. Ауэ мыхьэнэ зиIэр урыс уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэм адыгэбзэкIэ уэрэд зэригъэзэщIам и закъуэкъым. Зи гъащIэм и IыхьэфI Къэбэрдей-Балъкъэрым щызыгъэкIуа Билан и фIыгъэкIэ башкирхэм я IуэрыIуатэм щIыпIэшхуэ щызыубыд Хумай хъыджэбзымрэ лIыхъужьыгъэм и дамыгъэу нарт эпосым хэт Сосрыкъуэрэ я цIэхэр зы уэрэдым щызэуIуащ. АпщIондэху лъэпкъитIыр ди щэнхабзэхэм я хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ дызэдэгуэшэну, абыхэм зэщхьу е зэмыщхьу яхэтыр, щхьэж и къежьапIэр адрейм ейм къызэрыщхьэщыкIыр зэдгъэщIэну щхьэусыгъуэ къыдатащ.

«Ай йола» гупыр къызэрыунэхурэ илъэс етIуанэр екIуэкI къудейщ. Рамазанов Ринат уэрэджыIакIуэмрэ макъамэр къизыгъэкI Шайхитдинов Русланрэ зэгъусэу Iуэхур ирашажьэри, иужькIэ Руслан ипхъу Шайхитдиновэ Адель гъусэ зыхуащIащ. Дызэрыт зэманым икъукIэ зиубгъуащ ахэр зытет «этно-фолк» уэрэд гъэзэщIэкIэм. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, ар адрейхэм къазэрыщхьэщыкIыр лъэпкъ щхьэхуэм и IуэрыIуатэмрэ иджырей гъэзэщIэкIэмрэ зэрызэщIалъхьэрщ. Адыгэхэр къапщтэмэ, а унэтIыныгъэм Адыгэ Республикэм нэхъ зыщиужьащ. «Ашэмэз», «Мыст» гупхэм я гъэзэщIэкIэри утыку къихьэкIэри зыгуэркIэ ещхьщ зи гугъу тщIы «Ай йола»-м ейм. Псалъэм папщIэ, иужьрейуэ екIуэкIа «Черкес-ФМ» концертым «Ашэмэзым» щигъэзэщIащ Сосрыкъуэ зыхэт нэгъуэщI уэрэд. Ардыдэм хэта «Мыстым» и гугъу пщIымэ, ахэр гъунэгъу республикэхэми ирагъэблагъэ, езым я утыку ихьэкIэр щIалэгъуалэ гукъыдэжымрэ лъэпкъ хабзэмрэ щызэхэухуэна къыхэхыкIэкIэ гъэпсащ.

«Ай йола»-мкIэ къэдгъэзэжмэ, мы башкир уэрэджыIакIуэ гупым щапхъэ щIатепхын ябгъэдэлъщ. КъызэрыщIэкIымкIэ, зи гугъу тщIы уэрэдыр зыхиубыда альбомыр тюрк-монгол лъэпкъ псоми я зэхуэдэ «Урал-Батыр» эпосым йокIуэлIэж. Уэрэдыр зытеухуа Хумайр лъэпкъым игъэдахэ хъыджэбз зэкIэлъыкIуэм и щапхъэщ, берычэт къызыдэкIуэ, къызыхэкIам хуэпэж, анэ фIэрафIэ къыхэкIынкIэ зыщыгугъ, зыузэщIыныгъэмрэ нэхумрэ я дамыгъэщ. Уэрэдым и псалъэхэр зейр Нажметдиновэ Даринэщ. «Хэт Хумайр?» - жаIэри, къызоупщI, - жеIэ уэрэдым. - Абы и закъуэщ псынэ псэхэлъхьэжыр зыцIыхур. Ар хамэ щIалэм егуэкIуакъым, лъэпкъым и хабзэм ебэкъуакъым. Ди башкир пщащэхэр вагъуэм ещхьщ, насып бзууэ къалъытэ Хумай хуэдэщ».

ГъащIэм фIы куэд щызоуIу. Башкортостаным мэкъуауэгъуэм и 8-м «Урал-Батыр» эпосым и махуэу щагъэуващ, мы гъэм ар япэ дыдэ ягъэлъэпIащ. Башкир IуэрыIуатэм и хъугъуэфIыгъуэр усэу сатыр 4576-рэ, прозэу сатыр 19-рэ мэхъу. Илъэс мин бжыгъэкIэ зэфIэува эпосыр ныбжькIэрэ зэIэпахащ, тхылъымпIэм япэу щытратхар 1910 гъэрщ, ари яхуэхъумакъым. Уфа дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ центрым щIэлъщ латин хьэрфкIэ къэщыпа, напэкIуэцIи 180-рэ хъу абы и копиер. Накъыгъэм и 30-м а тхылъыр Башкортостаным и унафэщI Хабиров Радий лъэпкъ музейм ихъумэну иритащ.

«Нобэ Башкортостаным япэ дыдэ щыдогъэлъапIэ «Урал-Батыр» эпосым и махуэр, - щыжиIащ махуэшхуэм епха дауэдапщэм республикэм и унафэщIым. – Ар щIэдгъэувар башкир тхыбзэм и пасэрей фэеплъыр нэхъри нэхъыфIу тлъагъун, абы и пщIэр республикэм и гъунапкъэм икIыу, цIыху нэхъыбэ дедгъэхьэхын папщIэщ».

КъызэгъэпэщакIуэхэм я мурадыр адыгэхэм я деж къащехъулIауэ жыпIэ хъунущ. Абы и закъуэ? Ар дэ ди эпосыр дджыжынымкIэ, абы пщIэ нэхъыбэ хуэтщIынымкIэ щхьэусыгъуэфI хъуащ. Ауэ «Нарт эпосым и махуэ» диIэу зэкIэ ди нэгум къытхущIэгъэхьэркъым.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: