Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэмрэ мылъку зэлъэфэлIэным пэщIэтыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ къыдигъэкIа языныкъуэ унафэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр яхэлъхьэным ятеухуауэ 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан IэнатIэм и къулыкъухэр зылъагъэсыну хущIэкъу цIыхухэм къат хъыбархэм я пэжагъыр, ахэр нэгъэсауэ зэрыщытыр икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэхэр къулыкъукIэ яхэлъын хуей нэмысым къигъэувхэм зэрытетыр къэпщытэным теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2010 гъэм гъатхэпэм и 4-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан IэнатIэм и къулыкъухэр зылъагъэсыну хущIэкъу цIыхухэм къат хъыбархэм я пэжагъыр, нэгъэсауэ зэрыщытыр икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэхэм къулыкъукIэ яхэлъын хуей нэмысым къигъэувхэм зэрытетыр къэпщытэным и IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №23-УП-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: а) 5-нэ пунктым и «а» пункт щIагъым «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм е Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм» псалъэхэр «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм е Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIым» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын; б) «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIым» псалъэхэм иужькIэ 15-нэ пунктым щыщIыгъужын «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм мылъку зэлъэфэлIэным пэщIэтыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщIым» псалъэхэр. 2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэхэр къулыкъукIэ яхэлъын хуей нэмысым къигъэувхэм тетынымрэ я сэбэп зыхэлъхэр зэрызэжьэхэуэм къишэ къаугъэхэр зэтес щIыжынымкIэ комиссэхэм ятеухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2010 гъэм шыщхьэуIум и 27-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэхэр къулыкъукIэ яхэлъын хуей нэмысым къигъэувхэм тетынымрэ я сэбэп зыхэлъхэр зэрызыжьэхэуэм къишэ къаугъэхэр зэтес щIыжынымкIэ комиссэхэм я IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №85-УП-мкIэ къищтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: а) 3-нэ пунктым и «а» пункт щIагъыр мыпхуэдэу тхын: «а) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэхэр (адэкIэ граждан къулыкъущIэхэщ) «Мылъку зэлъэфэлIэным пэщIэтыным и IуэхукIэ» Федеральнэ законым, нэгъуэщI федеральнэ законхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и хабзэ пщалъэхэм мылъку зэлъэфэлIэным пэщIэтын мурадкIэ мардэхэм хуамыдэхэм тетыным, хуит зыхуамыщIхэм зыпыIуадзыным, я сэбэп зыхэлъхэр зэжьэхэуэныр зэтес ящIыжыным, я къалэнхэр ягъэзэщIэным хуэгъэзауэ хуагъэувхэм (адэкIэ къызэрыкIуэнур къулыкъукIэ яхэлъын хуей нэмысым ехьэлIауэ хуагъэувхэм икIи (е) я сэбэп зыхэлъхэр зэжьэхэуэным къишэ къаугъэр зэтес ящIыжыну хуагъэувхэрщ) б) 15-нэ пунктым и «е» пункт щIагъыр щIыгъужын, мыпхуэдэу тхауэ: «е) къулыкъукIэ хэлъын хуей нэмысым къигъэувхэм тетыным икIи (е) я сэбэп зыхэлъхэр зэжьэхэуэным къишэ къаугъэр зэтес щIыжыным къигъэувхэм тетыным зэран хуэхъу щхьэусыгъуэхэр езым къыбгъэдэмыкIыу къызэрыкъуэкIамкIэ къэрал къулыкъущIэм хъыбар къаригъэщIэныр». в) «16.4-нэ пунктыр мыпхуэдэу тхын: 16.4. Хъыбар кърагъэщIауэ мы Положенэм и 15-нэ пунктым и етхуанэ абзацым и «б» пункт щIагъымрэ «е» пункт щIагъымрэ къыщыгъэлъэгъуахэм хоплъэ мылъку зэлъэфэлIэныр, хабзэр къызэрызэпауд нэгъуэщIхэр къэмыгъэхъунымкIэ къэрал органым кадр лэжьыгъэмкIэ и IэнатIэр (мылъку зэлъэфэлIэныр, хабзэр къызэрызэпауд нэгъуэщIхэр къэмыгъэхъунымкIэ къэрал органым кадр лэжьыгъэмкIэ къулыкъу щызыIыгъыр), хъыбар кърагъэщIам зэрыхэплъам кърикIуахэм ятеухуауэ лъабжьэ зиIэ заключенэхэр зыгъэхьэзырыр»; г) 16.5-нэ пунтым «15-нэ пунктым и «д» пункт щIагъыр» псалъэхэр «15-нэ пунктым и «д», «е» пункт щIагъхэр псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын; д) 16.6-нэ пунктым: «а» пункт щIагъым «15-нэ пунктым и «д» пункт щIагъым» псалъэхэр «15-нэ пунктым и «д», «е» пункт щIагъхэм псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын; «в» пункт щIагъыр мыпхуэдэу щытхын: «в) мы Положенэм и 15-нэ пунктым и «б» пункт щIагъым и етIуанэ, етхуанэ абзацхэм. «д», «е» пункт щIагъхэм къыщыгъэлъэгъуа зыкъыхуэгъэзэныгъэхэмрэ хъыбар кърагъэщIахэмрэ зэкIэ зэрыхэплъам кърикIуахэм ятеухуауэ лъабжьэ яIэу игъэбелджылахэр, апхуэдэу мы Положенэм и 23-нэ, 24.3-нэ, 24.4-нэ, 25,1-нэ пунктхэм къыщыхьа унафэхэм ящыщ зыр е нэгъуэщI унафэ къащтэнымкIэ чэнджэщ ет». е) 17.2-нэ пунктыр мыпхуэдэу тхын: «17.2. КърагъэщIа хъыбархэу мы Положенэм и 15-нэ пунктым и д», «е» пункт щIагъхэм къыщыгъэлъэгъуахэм, хабзэу зэрыщытщи, комиссэм я зи чэзу (планым тет) зэIущIэм щыхоплъэ»; ж) 18-нэ пунктым «15-нэ пунктым и «б» пункт щIагъыр» псалъэхэр «15-нэ пунктым и «б», «е» пункт щIагъхэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын; з) 18.1-нэ пунктым и «а» пункт щIагъым «15-нэ пунктым и «б» пункт щIагъым» псалъэхэр «15-нэ пунктым и «б», «е» пункт щIагъхэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын; и) 24.4-нэ пунктым щIыгъужын: «24.4. Мы Положенэм и 15-нэ пунктым и «е» пункт щIагъым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхум тепсэлъыхьа иужь комиссэм мы унафэхэм ящыщ зыр къещтэ: а) къэрал къулыкъущIэм езым къыбгъэдэмыкIыу къыкъуэкIа щхьэусыгъуэхэр къызэрыкъуэкIамрэ къулыкъукIэ хэлъын хуей нэмысым къигъэувхэм, я сэбэп зыхэлъхэр зэрызыжьэхэуэр зэтес щIыжыным къагъэувхэм тетыну Iэмал зэримыIамрэ къызыхэкIа-кърикIуахэмкIэ зэрызэпыщIар къэлъытэн; б) къэрал къулыкъущIэм езым къыбгъэдэмыкIыу щхьэусыгъуэхэр къызэрыкъуэкIамрэ и къулыкъукIэ хэлъын хуей нэмысым къигъэувхэм, я сэбэп зыхэлъхэр зэжьэхэуэныр зэтес ящIыжыным къагъэувхэм тетыну Iэмал зэримыIамрэ къызыхэкIа- кърикIуахэмкIэ зэпымыщIауэ къэлъытэн; к) 25-нэ пунктыр мыпхуэдэу тхын: «25. Мы Положенэм и 15-нэ пунктым и «а», «б», «г», «д», «е» пункт щIагъхэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхухэм кърикIуахэм ятещIыхьауэ комиссэм, абыкIэ лъабжьэ иIэмэ, нэгъуэщI унафэ къищтэфынущ мы Положенэм и 21-24.4-нэ, 25.1-нэ пунктхэм щыубзыхуахэм темыхуэу. Апхуэдэ унафэ къащтэн папщIэ лъабжьэхэмрэ щхьэусыгъуэхэмрэ комиссэм и зэIущIэм и протоколым къыщагъэлъэгъуэн хуейщ. 3. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мылъку зэлъэфэлIэным пэщIэтыным теухуа лэжьыгъэр щызэгъэуIунымкIэ комиссэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал къулыкъухэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан IэнатIэм языныкъуэ къулыкъухэр щызыIыгъхэм къулыкъукIэ яхэлъын хуей нэмысым къигъэувхэм зэрытетым икIи я сэбэп зыхэлъхэр зэрызэжьэхэуэр зэтес ящIыжыным къигъэувхэм зэрытетым, апхуэдэу цIыхухэм я языныкъуэ закъыхуэгъэзэныгъэхэм ехьэлIа Iуэхухэм зэрыхэплъэ щIыкIэм теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2015 гъэм фокIадэм и 30-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мылъку зэлъэфэлIэным пэщIэтыным теухуауэ щекIуэкI лэжьыгъэр зэгъэуIунымкIэ Комиссэхэм я IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №141-УГ-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: а) 2-нэ пунктым «д», «е» пункт щIагъхэр щIыгъужын, мыпхуэдэу тхауэ: «д») къэрал къулыкъущIэм пэжу икIи нэгъэсауэ щымыт хъыбархэу «Къэрал къулыкъу зыIыгъ цIыхухэм, нэгъуэщI цIыхухэм я хэщIхэр яIэрыхьэ хэхъуэхэм зэрезэгъым кIэлъыплъыным и IуэхукIэ» 2021 гъэм дыгъэгъазэм и 3-м къыдэкIа Федеральнэ закон №230-ФЗ-м (адэкIэ- «Къэрал къулыкъу зыIыгъ цIыхухэм, нэгъуэщI цIыхухэм я хэщIхэр яIэрыхьэ хэхъуэм зэрезэгъым и IуэхукIэ» Федеральнэ законщ) и 3-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуахэр къызэритам щыхьэт техъуэу къэпщытэныгъэм сэтей къищIахэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм, е Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIым къыхалъхьэмэ; е) езым къыбгъэдэмыкI щхьэусыгъуэхэмкIэ къулыкъукIэ хэлъын хуей нэмысым тетыным икIи (е) я сэбэп зыхэлъхэр зэрызэжьэхэуэр зэтес щIыжыным зэран хуэхъухэр къызэрыкъуэкIам теухуа хъыбар Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал къулыкъу щызыIыгъым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан IэнатIэм и къулыкъу е мы Положенэм и 1-нэ пунктым и «б» пункт щIагъым къыщыгъэлъэгъуа къулыкъу зыIыгъым егъэщIэныр. б) 2.1-нэ пункт щIыгъужын , мыпхуэдэу тхауэ: «2.1. Комиссэр хэплъэркъым щIэпхъаджагъэ зэралэжьам, административнэ хабзэхэр къызэрызэпаудам теухуауэ кърагъащIэ хъыбархэм, апхуэдэу къызыбгъэдэкIар имыту кърагъащIэ хъыбархэм, къулыкъукIэ дисциплинэр къызэрызэпаудар къипщытэркъым». 3-нэ пунктым: япэ абзацым «2-нэ пунктым и «б» пункт щIагъым» псалъэхэр «2-нэ пунктым и «б», «е» пункт щIагъхэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын; еплIанэ абзацым «2-нэ пунктым и «б», «в», «г» пункт щIагъхэм» псалъэхэр «2-нэ пунктым и «б», «в», «г», «е» пункт щIагъхэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын; етхуанэ абзацым щIыгъужын мыр: «Мы Положенэм и 2-нэ пунктым и «б» пункт щIагъым и етIуанэ абзацым къыщыгъэлъэгъуа закъызэрыхуигъазэр къит хъунущ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал къулыкъу щызыIыгъыу е мы Положенэм и 1-нэ пунктым и «б» пункт щIагъым къыщыгъэлъэгъуа къулыкъу зыIыгъыу къэрал къулыкъум текIыну зи мурад е трагъэкIыну мурад зыхуащIа цIыхум икIи мы Положенэм ипкъ иткIэ комиссэр абы хэплъэн хуейщ». г) 3.1-нэ пунктым: япэ абзацым «2-нэ пунктым и б», «в», пункт щIагъхэм» псалъэхэр «2-нэ пунктым и «б», «в», «е» пункт щIагъхэм псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын; етIуанэ абзацым «махуэ 30-м къитIасэу» псалъэхэр «махуиблым къитIасэу» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын; ещанэ абзацым «махуэ 60-м къитIасэу» псалъэхэр «махуэ 45-м къитIасэу» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын; д) 3.2-нэ пунктым: «а» пункт щIагъым «2-нэ пунктым и «б», «в», «г» пункт щIагъхэм» псалъэхэр «2-нэ пунктым и «б», «в», «г», «е» пункт щIагъхэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын; «в» пункт щIагъыр» мыпхуэдэу тхын: «в») мы Положенэм и 2-нэ пунктым и «б», «в», «г», «е» пункт щIагъхэм къыщыгъэлъэгъуа зыкъызэрыхуагъазэхэм, лъэIухэм, кърагъэщIа хъыбархэм зэкIэ зэрыхэплъам кърикIуахэм япкъ иткIэ лъабжьэ иIэу ягъэбелджыламрэ апхуэдэу мы Положенэм и 15-16.3-нэ, 16.5-нэ пунктхэм къыщыхьа унафэхэм ящыщ зыр е нэгъуэщI унафэ къащтэным теухуа чэнджэщхэр ет»; е) 5-нэ пунктым еплIанэ абзац щIыгъужын, мыпхуэдэу тхауэ: «мы Положенэм и 2-нэ пунктым и «е» пункт щIагъым къыщыгъэлъэгъуа кърагъэщIа хъыбарым зэрыхэплъам кърикIуахэм япкъ иткIэ лъабжьэ иIэу ягъэхьэзыра заключенэмрэ къэрал къулыкъущIэм къыбгъэдэмыкI щхьэусыгъуэхэр къызэрыкъуэкIамрэ абы къулыкъукIэ хэлъын хуей нэмысым тетыным къигъэувхэр икIи (е) я сэбэп зыхэлъхэр зэжьэхэуэныр зэтес ящIыжынымкIэ къагъэувхэр игъэзэщIэну Iэмал зэримыIамрэ къызыхэкIа-кърикIуамкIэ зэпыщIэныгъэ яку дэлъу урагъэгупсысыну лъабжьэ щыIэмэ, Комиссэм и унафэщIым къищтэ хъунущ мы Положенэм и 16.5-нэ пунктым и «а» пункт щIагъым щыубзыхуа унафэр»; ж) 11-нэ пунктым «2-нэ пунктым и «б», «в» пункт щIагъхэм» псалъэхэр «2-нэ пунктым и «б», «в», «е» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын; з) 11.1-нэ пунктым «2-нэ пунктым и «б», «в» пункт щIагъхэм» псалъэхэр «2-нэ пунктым и «б», «в», «е» пункт щIагъхэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын; и) 16.4-нэ, 16.5-нэ пунктхэр щIыгъужын, мыпхуэдэу тхауэ: «16.4. Мы Положенэм и 2-нэ пунктым и «д» пункт щIагъым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхум хэплъа иужь комиссэм мы унафэхэм ящыщ зыр къещтэ: а) «Къэрал къулыкъу зыIыгъ цIыхухэм, нэгъуэщI цIыхухэм я хэщIхэр абыхэм яIэрыхьэ хэхъуэхэм зэрезэгъым кIэлъыплъыным и IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 3-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ къэрал къулыкъущIэм къитахэр пэжу икIи иримыкъуу къэлъытэн; б) «Къэрал къулыкъу зыIыгъ цIыхухэм, нэгъуэщI цIыхухэм я хэщIхэр абыхэм яIэрыхьэ хэхъуэхэм зэрезэгъым кIэлъыплъыным и IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 3-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ къэрал къулыкъущIэм къитахэр мыпэжу икIи иримыкуу къэлъытэн. Апхуэдэм деж комиссэм къэрал органым и Iэтащхьэм чэнджэщ ирет граждан къулыкъущIэм жэуап пыухыкIам иришэлIэну икIи (е) хэщIхэр къыщапщытэм сэтей къэхъуахэр, Iуэхур зэрыбгъэдыхьэм елъытауэ, прокуратурэм и органхэм е нэгъуэщI къэрал органхэм иригъэхьыну. 1. Мы Положенэм и 2-нэ пунктым и «е» пункт щIагъым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхум хэплъа иужь комиссэм мы унафэхэм ящыщ зыр къещтэ: а) къэрал къулыкъущIэм къыбгъэдэмыкIа щхьэусыгъуэхэр къызэрыкъуэкIамрэ абы къулыкъущIэм хэлъын хуей нэмысым къигъэувхэм, я сэбэп зыхэлъхэр зэжьэхэуэныр зэтес ящIыжыным теухуауэ хуагъэувхэм тетыну Iэмал зэримыIамрэ къызыхэкIа-кърикIуа я лъэныкъукIэ яку зэпыщIэныгъэ дэлъу къэлъытэн; б) къэрал къулыкъущIэм къыбгъэдэмыкIа щхьэусыгъуэхэр къызэрыкъуэкIамрэ абы къэрал къулыкъущIэм хэлъын хуей нэмысым тетыну къигъэувхэр, я сэбэп зыхэлъхэр зэжьэхэуэныр зэтес ящIыжыну хуагъэувхэр игъэзэщIэну Iэмал зэримыIамрэ къызыхэкIа-кърикIуа я лъэныкъуэкIэ яку зэпыщIэныгъэ дэмылъу къэлъытэн»; к) 20.1-нэ пунктым и япэ абзацыр мыпхуэдэу тхын: 20.1. Мы Положенэм и 2-нэ пунктым и «б», «в», «е» пункт щIагъхэм къыщыгъэлъэгъуа закъызэрыхуагъазэхэр, лъэIухэр, кърагъэщIа хъыбархэр къызыбгъэдэкIа цIыхухэр езыхэр Комиссэм и зэIущIэм щIэсыну зэрыхуейр къыхамыгъэщамэ, апхуэдэу мы Положенэм и 2-нэ пунктым и «г», «д» пункт щIагъхэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхухэм, а закъызэрыхуагъазэхэм, лъэIухэм, кърагъэщIа хъыбархэм и зэIущIэм щыхэплъэкIэ Комиссэм и Iэтащхьэм и унафэкIэ абыхэм къемыкIуэлIауэ Iэ ирегъэIэт, зэреупщIхэр зэрыт тхылъхэр, нэгъуэщI дэфтэрхэр хуагъэхьри. 4. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Мылъку зэлъэфэлIэным пэщIэтынымкIэ «Посейдон» къэрал информацэ Iэмэпсымэр къызэрагъэсэбэпыну ЩIыкIэмрэ абы ирилэжьэну пщэрылъ зыщащIа къулыкъущIэхэр зыхуэдэмрэ я IуэхукIэ» 2023 гъэм шыщхьэуIум и 24-м къыдигъэкIа Указ №83-УГ-м мылъку зэлъэфэлIэным «Посейдон» къэрал информацэ IэмэпсымэмкIэ пэщIэтын мурадкIэ ягъэува мардэхэм зэрытетыр зэхэзыгъэкIыну пщэрылъ зыщащIа къулыкъущIэхэр зи хуэдэхэу мылъку зэлъэфэлIэным, «Посейдон» къэрал информацэ IэмэпсымэмкIэ пэщIэтыным къигъэув мардэхэм зэрытетыр къэпщытэныр пщэрылъ зыщащIа къулыкъущIэхэр зи хуэдэхэу, а УказымкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: Указым и 2-нэ пунктыр мыпхуэдэу тхын: «2. Мылъку зэлъэфэлIэным пэщIэтынымкIэ «Посейдон» къэрал информацэ Iэмэпсымэр къызэрагъэсэбэп ЩIыкIэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм мылъку зэлъэфэлIэным пэщIэтынымкIэ и управленэм и унафэщIырщ», б) мылъку зэлъэфэлIэным «Посейдон» къэрал информацэ IэмэпсымэмкIэ пэщIэтын мурадкIэ мардэхэм, паубыдхэм, хуамыдэхэм ятеухуауэ хуагъэувхэм зэрытетыр зэхэзыгъэкIыну пщэрылъ зыщащIа къулыкъущIэхэр зихуэдэхэм я 1-нэ пунктыр хэгъэкIын; в) мылъку зэлъэфэлIэным «Посейдон» къэрал информацэ IэмэпсымэмкIэ пэщIэтын мурадкIэ мардэхэм, паубыдхэм, хуамыдэхэм ятеухуауэ хуагъэувхэм зэрытетым теухуа къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыну пщэрылъ зыщащIа къулыкъущIэхэр зихуэдэхэм я 1-нэ пунктыр хэгъэкIын. 5. Мы Указым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык къалэ 2025 гъэм накъыгъэм и 23-м №50-УГ
Поделиться:
Читать также:
15.07.2025 - 09:45 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
15.07.2025 - 09:30 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
14.07.2025 - 13:12 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
12.07.2025 - 11:00 →
УнэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр ягъэбелджылы
12.07.2025 - 09:30 →
Гъэм и сыт хуэдэ лъэхъэнэми...
|