Дубай кIуэнухэр![]() Мэзкуу областым щыIэ Домодедовэ къалэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм универсальнэ зэзауэмкIэ и чемпионат. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 37-м я спортсмен 200-м щIигъу икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм, нэгъаби хуэдэу, гупхэм я зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ. Щхьэзакъуэ зэхьэзэхуэхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Хьэвэящхьэ Елдар (кг 65-рэ), Хьэсанэ Мурат (кг 85-рэ), Урыс Мухьэмэд (кг 85-рэ) сымэ. Дыжьын медалхэр къахьащ Бейтыгъуэн Анзоррэ (кг 85-рэ) ДыщэкI Муратрэ (кг 85-рэ). Килограмм 60 зи хьэлъагъхэм я деж ещанэ щыхъуащ Къуэдзокъуэ Марат. Иджы ди щIалэхэм къапэщылъщ мы гъэм жэпуэгъуэм и 31-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 3 пщIондэ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я Дубай къалэм щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатым я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну. Командэм дэлажьэр Бейтыгъуэн Руслан, Тхьэщыгъуей Анзор, Хьэщыкъуей Артур сымэщ.
Поделиться:
Читать также:
11.11.2025 - 15:00 →
Ахъмэт Амир и гъэсэнхэм Кубокыр къахь
09.11.2025 - 12:23 →
Ди ныбжьыщIэхэр нэхъ лъэщщ
05.11.2025 - 12:48 →
КЪАРДЭН Мурат: Спортыр нэгузегъэужьыпIэкъым
04.11.2025 - 15:45 →
Ди бэнакIуэхэр нэхъ лъэщщ
04.11.2025 - 12:43 →
БищIомрэ Мамиймрэ я дыщэ медалхэр
| ||




