И тхыгъэхэм ноби щIэупщIэ яIэщ

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ Кхъуэхъу (Уэрдокъуэ) Цуцэ къызэралъхурэ мэкъуауэгъуэм и 20-м илъэси 105-рэ ирокъу. 
Кхъуэхъу Цуцэ Мэжид и пхъур Псыжь областым хыхьэ Къэсейхьэблэ къуажэм (иджы Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Хьэбэз къуажэм) 1920 гъэм мэкъуауэгъуэм и 20-м къыщалъхуащ. Ар япэщIыкIэ щеджащ «Школа колхозной молодежи» (КШМ). ИужькIэ абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ педучилищэм, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутым. 1940 гъэм егъэджакIуэ IэнатIэм пэрыуващ. 1947-1957 гъэхэм Кхъуэхъу Цуцэ лэжьащ Къэрэшей-Шэрджэс областым и школ-интернатым и гъэсакIуэу, иужькIэ а интернатым и унафэщIу. 1958-1975 гъэхэм Цуцэ Къэрэшей-Шэрджэс областым и тхылъ тедзапIэм и редактору лэжьащ. И тхыгъэхэр XX лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм щыщIэдзауэ газетхэм къытрадзэр. 1968 гъэ лъандэрэ ТхакIуэхэм я союзым хэтщ.
Кхъуэхъу Цуцэ романхэри иIэщ, тхылъ щхьэхуэ куэди къыдигъэкIащ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «ФатIимэт» романыр, «Нысэ ябгэ» Iуэтэжыр. Цуцэ и лэжьыгъэхэм купщIэшхуэ яхэлъщ, куэдым урагъэгупсыс, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэри жьы хъуакъым. Цуцэ пьесэ куэд итхакъым, ауэ а мащIэми цIыху зэхущытыкIэр белджылыуэ къыхощ.
Къуэхъу Цуцэ 1960 гъэхэм и Iэдакъэ къыщIэкIа пьесэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщщ «Уи япэкIэ мывэ хъурей бгъажэмэ» тхыгъэр. Тхыгъэм и мыхьэнэр къэгъэлъэгъуа мэхъу – «Iей пщIауэ, фIым ущымыгугъ», «Дунейр шэрхъщи мэкIэрахъуэ» псалъэжьхэмкIэ.
Тхыгъэ къигъэщIхэм зи гъащIэр хэзыухуэнэжу цIыхухэм тыгъэ яхуэзыщIа тхакIуэхэм ящыщщ Кхъуэхъу Цуцэ. Абы къиIуатэ гукъеуэхэр унагъуэм, уэрамым, лэжьапIэм узыщрихьэлIэ Iуэхугъуэхэрт. ЦIыкIухэми, балигъхэми, зэрыжаIэу, псоми я гущIэм иплъэфт тхакIуэр. Нэгъэсауэ къитIэщIт гъащIэми жылагъуэми къадекIуэкI Iуэху зэIумыбзхэр. Аращ а тхыгъэхэм ноби щIэупщIэ щIаIэр.
 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: