Нереис - псэущхьэ цIыкIу

Нереисыр уэшх хьэмбылум ещхьщ. Абы и Iэпкълъэпкъыр «уэрдыхъу» цIыкIу-цIыкIуу зэхэлъми ярейщ. Нереисхэм яхэтщ сантиметр 4 - 5 фIэкIа мыхъу кIагуэ жьгъейхэри, метр ныкъуэм фIэкIыу нэхъ кIыхьыIуэхэри. ТIуми шхыныгъуэу яIэр ятIэ щабэщ, плъыжьыфэу, гъуабжафэу е щхъуантIафэу. Нереисыр псэущхьэ къиинкъым, абы псыр шыугъэми мышуми и зэхуэдэщ. Лъышэ (кислород) щымыIэххэми къемэщIэкIми, абы щхьэкIэ гузэвэгъуэ хэткъым.

Псы лъэгум къыщритхъуа гъуэ цIыкIум нереисыр илъэсым нэскIэ щопсэу, ауэ щIэжьей къыщIэхъуэн хуей зэрыхъуу, псыщхьэм къыдокIуей, щIэблэ зэригъуэту езыри малIэ. Псалъэ гуапэ хуэфащэщ а псэущхьэ цIыкIум, сыту жыпIэмэ абы сэбэп зыпылъ Iуэхугъуэшхуэхэр зэфIегъэкI. Хьэмбылум ишхри ар зэрыпсэури ятIэщ. Езы нереисыр бдзэжьейхэм яшх. Ауэ щыхъукIи нереисым ишха ятIэр бдзэжьей хъужауэ, ди Iэнэм къыщытехьэ щыIэщ.

Щытхъу зыхуэфащэр нереисым и закъуэкъым, атIэ жэмми, бжэнми, мэлми, шыми, адрей псэущхьэхэми – кIэщIу жытIэмэ, цIыхур псэун папщIэ ерыскъы къыхуэзылэжь дэтхэнэми фIыщIэ яхуэщIыпхъэщ.

ЩIэныгъэлIхэм зэгуэр ягу къэкIат: «Нереисхэр Каспий тенджызым хэдутIыпщхьэ щхьэ мыхъурэ?» - жаIэри. Хы лъэгум ятIэр щыпэрыхьэтщ. Езыр гуэлышхуэу ябж щхьэкIэ, тенджызым и нэщэнэ псори иIэщ: и кууагъыр километрым щIегъу, и псыр шыугъэщ, хы псэущхьэ мащIи щыпсэуркъым. Дунейпсо хым зыкIи гуэмыпха пэтми, абы пыщIа тенджызхэм нэхърэ нэхъыкIэу, щыгубжьам деж, зихъунщIэркъым, адрейхэм къыщыхъу хы сыджхэм нэхърэ мыбы щызеуэхэр зыкIи щынэхъ цIыкIукъым. АтIэми, куэд щIащ Ищхъэрэ Мылылъэ хым и псэущхьэхэм ящыщ зыбжанэм мы тенджызыр хэщIапIэ зэращIрэ. Ахэр псым хэсу мыбы къэкIуащ, ищхъэрэ лъэныкъуэм и мылджейхэр щыткIужым щыгъуэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ мы тенджызым къыщыхутащ бдзэжьей хужьхэр, аргъейхэр, тюленхэр, псэущхьэ жьгъей дыдэхэу «планктонкIэ» зэджэхэр. Пэжщ, ищхъэрэкIэ къикIахэм нобэр къыздэсым къызытехъукIахэр къызыхэкIа хым и нэщэнэхэр ипщэ тенджызми къыщалъыхъуэ: тюленыр щылъхуэр щIымахуэрщ, мыл гущIыIум телъу; аргъеймрэ бдзэжьей хужьымрэ щIэжьей къащыщIэхъуэр дунейм и щIыIэгъуэрщ; елыркъэш цIыкIухэри псым и куупIэм хохьэ, щIыпIэ нэхъ щIыIэтыIэ къалъыхъуэурэ.

Iузэв тенджызым кърашри Каспий хаутIыпщхьауэ щытащ бдзэжьей лIэужьыгъуэ зыбжанэ. Иджы абыхэм Каспий хуэдэ тенджыз дунейм темыт хуэдэу «къащохъу».

Нереисхэр Каспий хэс бдзэжьейхэм апхуэдизкIэ ягу ирихьащи, нэгъуэщI шхыныгъуэ мылъыхъуэж хуэдэщ. ЗэрыжаIэмкIэ, илъэсым бдзэжьейхэм яшх хьэмбылухэр апхуэдизкIэ куэд мэхъури, ахэр вагон мин 13-м зэгъэзэхуауэ пхуигъахуэми аращ. А вагонхэр зэпыбгъэувэжмэ, я кIыхьагъыр километри 120-м нэсынущ.

АНЗОРЫКЪУЭ Аслъэмырзэ.
Поделиться: