Куэдым хуэжыджэр АнастасиеЩэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым и унафэщIым и къуэдзэ, а IуэхущIапIэм и художественнэ унафэщI, къызэгъэпэщакIуэ Мэзыхьэ Анастасие уэрэдхэр, макъамэхэр етх икIи егъэзащIэ. Анастасие къыщалъхуащ и анэм дзэ къулыкъу щищIа Куржы щIыналъэм. И адэр Крымск щыщщ, ухуакIуэщ. ЗэхъуэкIыныгъэхэм я зэманым унагъуэр Крымск, Кабардинка, Геленджик щыпсэуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Тэрч къалэм щыщ, дзэм къулыкъу щызыщIэ адыгэ щIалэ Анастасие псэуэгъу хуэхъури, къалэ-къалэкIэрэ Iэпхъуэу псэуащ. Иужьым, я сабийхэр я гъусэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къэIэпхъуэжыпауэ щопсэу. И щхьэгъусэ Мэзыхьэ Аскэр къыщалъхуа Тэрч къалэм зыщагъэпсэхукIэ унагъуэр къэкIуэжурэ, Анастасие адыгэ хабзэмрэ ди псэукIэмрэ хэгъуэзэну хунэсат. ИлъэсиплIым нэблэгъауэ ди республикэм щопсэури, къызэрыIэпхъуам зы махуи хущIегъуэжакъым. ЯпэщIыкIэ Тэрч къалэм щыпсэуащ, иужькIэ къэIэпхъуащ Налшык къалэм. Зыхэс лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэм, щэнхабзэм, бзэм пщIэ хуэщIыныр япэ ирегъэщ. Аращ адэ-анэшхуэм я къуэрылъхухэм адыгэбзэр щрагъащIэкIэ гуапэ щIыщыхъур. Езы Анастасие и адэ-анэр Геленджик дэсщ. Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым Анастасие япэщIыкIэ уэрэд жыIэнымкIэ егъэджакIуэу ирагъэблэгъащ. А IэнатIэм илъэс зыбжанэкIэ, 2009 гъэм щыщIэдзауэ 2017 гъэ пщIондэ, Геленджик къалэм щIэныгъэ гуэдзэнхэмкIэ и «Эрудит» центрым егъэджакIуэу щылэжьати, Iуэхум фIыуэ щыгъуазэт. И еджакIуэхэм я гъусэу мызэ-мытIэу урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм я лауреат хъуащ. 2012 гъэм Анастасие и гупыр щытекIуащ Франджым щекIуэкIа «Русские сезоны в Париже» зэпеуэм. Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым и унафэщI Жаным Саидэ зригъэцIыхуа нэужь, я IуэхущIапIэм и художественнэ унафэщI къалэныр дзыхь къыхуищIат, лэжьыгъэм зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр къилъытэри. - Жаным Саидэ фIыщIэ хуэфащэщ ди мурадхэр къызэрыддиIыгъым папщIэ. Уэрэд жыIэныр зыхэслъхьэ щыIэкъым. Иджыпсту ныбжьыщIэ 70 согъасэ. А дерсхэм сабийхэр дебгъэхьэхмэ, заужь, я зэфIэкIым ехъулIэныгъэ къыпэкIуэу. Сыт щыгъуи хуэдэу, егъэджакIуэр ныбжьыщIэхэм я дежкIэ щапхъэщ. Егъэджэныгъэ IэнатIэм сызэрыпэрытрэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ сиIэж хъуащи, ахэр сабийхэм зэрабгъэдэслъхьэным иужь ситщ. Курыт еджапIэм къинэмыщIауэ, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм дахьэх ныбжьыщIэхэр псынщIэу йозэш. Абы и лъэныкъуэкIэ куэд и уасэщ сабийхэм я дерсхэр джэгукIэ Iэмалым тету къызэгъэпэщыным, - жеIэ Анастасие. – Адэ-анэхэм яжесIэращи, Iэмал имыIэу щыткъым дэтхэнэ зыри уэрэджыIакIуэ, артист цIэрыIуэ мыхъункIэ. Нэхъыщхьэр ди гупжьейм къекIуалIэ цIыкIухэм зыкъызэкъуахынырщ, утыку щихьэкIэ укIытэ, зыпIытI-зыхуз яхэмылъуу, тегушхуэныгъэ ядэплъагъуу къэхъунырщ. Искож хьэблэм къыщымынэу, къалэм и нэгъуэщI утыкухэми си сабийхэм зэрызыкъыщагъэлъэгъуэным сыхущIокъу, ди центрым щыIэхэм зэфIэкI инхэр зэраIэм нэгъуэщIхэм гу къылъезгъэтэн папщIэ. ГъэщIэгъуэнракъэ, центрым сабийхэм къадэкIуэу, уэрэд жыIэным дихьэх, илъэс 35-м щыщIэдзауэ 55-рэ ныбжьым итхэри йокIуалIэ. Щхьэусыгъуэ гуэрхэм къыхэкIыу абыхэм нэхъапэм Iэмал яIакъым дэзыхьэх Iуэхум зыхуагъэсэну, макъ гуакIуэ зэраIэми емылъытауэ. ГъащIэм зэрыщыхабзэу, фIыуэ плъагъу Iуэхум, IэщIагъэм ухуеджэну зэи кIасэкъым. Центрым и бжэхэр дапщэщи зэIухащ зэрыцIыкIурэ зыхуэпабгъэ Iуэхум зыхуэзыгъэсэну зи хъуэпсапIэхэм я дежкIэ. Тхьэмахуэм зэ-тIэу уэрэд жыIэнымкIэ дерсхэм ахэр зэрекIуалIэм гухэхъуэгъуэу къаритыр къэIуэтэжыгъуейщ. МазитI къэс зэ концерт ягъэхьэзырри, я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ ахэм ирагъэблагъэ. Анастасие уэрэдхэмрэ макъамэхэмрэ тхынми дехьэх. Псалъэм папщIэ, и гъэсэнхэм я гъусэу куэдрэ егъэзащIэ гуапэу къыIущIа Къэбэрдей-Балъкъэрым, абы щыпсэухэм, Хэку зауэшхуэм триухуа «Моя земля» уэрэдыр. А псом къадэкIуэу, Мэзыхьэм мастер-класс гъэщIэгъуэнхэри къызэрегъэпэщ, псапэ зыщIэхэми жыджэру яхэтщ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
10.09.2026 - 15:48 →
ГъащIэм и гъуэгугъэлъагъуэ
09.09.2026 - 15:36 →
Уэрэдхэр – анэдэлъхубзэкIэ
09.09.2026 - 15:28 →
Анэдэлъхубзэхэм я махуэшхуэр ягъэлъапIэ
09.09.2026 - 12:18 →
ДжэбрэIил хахуэм и фэеплъ уэрэд
08.09.2026 - 14:33 →
Кинохэм я жэщ
| ||




