Сабий щэхухэр, псэлъэгъуейхэр, закъуэныгъэр зыфIэфIхэр куэд хъуащ иужьрей зэманым. Абы гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, «аутизм» зыфIаща щытыкIэр зэфыкI сабийхэм я бжыгъэр хэхъуэ зэпытщ.
Дунейм узыфэу тетым и процент 11-р хуозэ неврологиекIэ сэкъат зиIэхэм, икIи а бжыгъэр къахуэмыгъэувыIэу хохъуэ. Ауэ аутизмым къикIыркъым узыфэр зиIэ цIыхухэр мыдрейхэм нэхърэ нэхъыкIэу, нэхъ тхьэмыщкIэу, ныкъуэдыкъуэу. Апхуэдэхэм я зэфIэкIхэмрэ гупсысэкIэмрэ дызэса жыпхъэм къыщхьэщыкI къудейуэ аращ. Хэт ищIэрэ, цIыхур къызыхуэкIуа IT дунейм гугъуехьыншэу хэпсэукIыф цIыху лIэужьыгъуэщIэу къэунэхуауэ къыщIэкIынри хэлъщ аутистхэр, абыхэм я гупсысэкIэр дэ къызэрыдгурымыIуэм къыхэкIыу, сымаджэ ди гугъэ щхьэкIэ.
Сыт-тIэ, аутизмыр зищIысыр, ар къызыхэкIыр? Дауэ ар зэрагъэхъужыр? Пхуэгъэхъужрэ? Дауэ балигъ хъуа аутистхэр зэрыпсэур? А упщIэхэм я жэуап дылъыхъуэу, дэ зыхуэдгъэзащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, сабий невролог Iэзэ Азэмэт Нуржан:
- ЩIэныгъэр здынэсам дохутырхэм ящIэркъым аутизмыр къызыхэкI дыдэри, ар сабийм къызэрефыкIынкIэ хъунури. Абы теухуауэ Iуэху еплъыкIэ куэд дыдэ щыIэщ. Арами, Урысейм Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ и академием зэригъэувамкIэ, аутизмыр къызыхэкIам теухуауэ лIэужьыгъуиблу ягуэш:
1. Каннерым и аутизм;
2. Аспергерым и психопатие;
3. шизофрением и зи чэзу техьэгъуэм къыхэкIа аутизм;
4. резидуально-органическэ аутизм;
5. хромосом зэхэзэрыхьым къыхэкI аутизм;
6. Реттым и узыфэм къыхэкIа аутизм;
7. къызыхэкIар къахуэмыщIэ аутизм.
Мы узыфэр хьэлъэу е мащIэу къефыкIынкIэ мэхъу сабийм. Куэдми мащIэми аутизмым ижь зыщIихуа псоми зэхуэдэу щытыкIищ яIэщ: цIыхухэм декIуэкIыфыркъым, ныбжьэгъу зэрагъэпэщыфыркъым; щIэщыгъуэр къагурыIуэркъым; зэсам текIыфыркъым. Сабийр илъэсищ иримыкъу щIыкIэ аутизм иIэрэ имыIэрэ къыпхуэщIэнущ мы щытыкIэхэмкIэ. КIэщIу жыпIэмэ, цIыху къызэрыгуэкIым и хьэл-щэныр пхуэхъуэжынумэ, пхуэгъэшынэмэ, къыпхуэгъэдаIуэмэ, хабзэ гуэрхэм тетмэ, узыщыгуфIыкIри узыгъэнэщхъейри зыхащIэмэ, аутистхэм а псоми гу лъатэркъым икIи къагурыIуэркъым. Аращ ахэр «нэгъуэщI» зыщIыр. А псори къагурымыIуэн хуэдэу я щхьэкуцIым зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр иIэу къалъху апхуэдэ сабийхэр. Адрей сабийхэм къазэрыщхьэщыкIыр къагурыIуауэ адэ-анэ куэд гузавэу къокIуалIэ си деж.
- Ахэр сыт хуэдэ щытыкIэ, Нуржан? Нэхъ зэхэгъэщхьэхукIауэ и гугъу къытхуэщIыт.
- Къыхэгъэщыпхъэщ аутистхэм уеIусэу, уажьэхэуэу, уедэхащIэу зэрафIэмыфIыр, шхын зэхэдз, щыгъын хэплъыхь зэращIыр, нэгъуэщIхэм ядэджэгу мыхъуу, я щхьэ зэрытрагъэужыр. КъищынэмыщIауэ, ахэр уи нэм къыщIэплъэркъым, уеджэкIэ, узэхамых нэхъей, къаплъэркъым, уакъыфIэIуэхуххэркъым, лъапэпцIийуэ къакIухь, зыгуэр яIуэт нэхъей я Iэпхъуамбэхэр ягъэджэгу, псалъэ гуэрхэр телевизорым е телефоным кърахамэ, къытрагъэзэжурэ ар куэдрэ жаIэфынущ. ИтIанэ: аутизм зиIэхэм хьэпшыпхэр зэбгъурыту, зэгъэзэхуауэ кърагъэувэкI, зэтрагъэувэ, зэбгъурагъэувэ. Псом хуэмыдэжу адэ-анэхэр егъэгузавэ аутистхэр зэрымыпсалъэм, зэрыжыIэмыдаIуэм, зэрыкъииным, зыхуейр къыщыбгурамыгъэIуэфкIэ гъын зэрыщIадзэм. Iуэхум и пэжыпIэр зымыщIэм зэ IуплъэгъуэкIэ аутистыр щыкIауэ, гъэфIауэ жиIэфынущ. Сабийр илъэс щрикъум ирихьэлIэу агъэбыгъэ жимыIэмэ, зыгуэр щыхуейм деж абы и Iэпэр хуимышиймэ, и Iэр къыпхуимыщIмэ, мазэ 16-м ирихьэлIэу зы псалъи къыжьэдэмыкIмэ, илъэситIым деж псалъитI хузэпымыщэмэ, Iэмал имыIэу невролог къегъэплъыпхъэщ. Апхуэдэ цIыкIухэм закъуэныгъэр зэрафIэфIым къикIыркъым ахэр лъагъуныгъэрэ хуабагъэрэ хуэмыныкъуэу, зыри фIыуэ ямылъагъуу. Къапщтэмэ, мыдрей сабийхэм нэхърэ нэхъыбэу хуабагъэрэ лъагъуныгъэрэ мэлъыхъуэ ахэр. Ар яхуэмыгъэлъагъуэу, жамыIэфу, къызэраIуэтэнур ямыщIэу аркъудейщ. ЗэрыжысIащи, мы узыфэм лIэужьыгъуэ Iэджэ иIэщ, сабий къэскIи езым и хьэл-щэн хэлъыжщи, абы Iуэхур нэхъ гугъуж ещI – щхьэж узэрыдекIуэкIын Iэмал къыхуэплъыхъуэн хуейщ.
- Аутизмыр зэрагъэхъуж Iэмалхэм я гугъу уэзгъэщIынут.
- Къыхэгъэщыпхъэщи, аутистхэм уадэлажьэмэ, зыхуейр къаIуэтэфу, курыт еджапIэхэм щеджэфу, ехъулIэныгъэшхуэхэр къагъэлъагъуэу хъуфынущ. Хущхъуэ зыдаIыгъи яхэтщ, хущхъуэншэу яхуэгъаси щыIэщ. Сабийм аутизм зэриIэр нэхъ псынщIэу зэхэбгъэкIыу дэлэжьэн щIэбдзэмэ, ущыуэнукъым. Аутистхэм уадэлэжьэн папщIэ тэмакъкIыхьу ущытын хуейщ. Сыту жыпIэмэ, щыIэщ зэ яжепIар мин бжыгъэрэ къыщытебгъэзэж. Ар зэхахыу къагурыIуэху. Нэжэгужэу уеубзэурэ къыдэпхьэхыфынущ аутистыр. Щхьэж и узым елъытауэ программэ зэхуэмыдэхэр хузэтраублэ сабийхэм. КIэлъыплъын хуейщ цIыкIум ишхми. ТегъэщIапхъэщ лым, бдзэжьейм, хадэхэкIхэм, пхъэщхьэмыщхьэхэм. Тхьэвым къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэм зэрыхъукIэ кIэрыбгъэхумэ нэхъыфIщ. Узым и лIэужьыгъуэмрэ и хьэлъагъымрэ елъытауэ, зыгуэр къефыкIауэ къыпхуэмыщIэххэу яхуэгъэхъужи, унагъуэ зэзыгъэпэщи, лэжьапIэ уви, уеблэмэ дунейм нэхъ Iущ дыдэу тетхэм хуэдэ щыхъуи щыIэщ аутистхэр. Аутизмыр къызыхэкIа щхьэусыгъуэр пхуэмыгъэкIуэдми, цIыхур нэхъ балигъ хъуху и узыр къызэрыпцIыху щытыкIэхэм зашэщIыж, нэхъыфI мэхъу.
Дуней псом зэпымычу щрагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, аутизмым ижь зыщIихуа, зы мащIэ тIэкIукIэ зылъэIэса сабийхэм я IQ-р 50 нэхърэ нэхъ лъагэмэ, хамэбзэхэр тыншу къащтэмэ, зыхэпсэукI зэманым щIэупщIэ зиIэ IэщIагъэ гуэр зригъэгъуэтыфмэ, апхуэдэ цIыхухэр ефIэкIуэнущ.
Тхыгъэм и кIэм къитIуэну дыхуейт аутизм яIэу, ауэ зэ IуплъэгъуэкIэ ар къэпщIэнкIэ Iэмал зимыIэу, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа цIыхухэм я цIэхэр: тхакIуэ Вульф Вирджиния, США-м и 7-нэ президент Джексон Эндрю, США-м и 16-нэ президент Линкольн Авраам, актёр, режиссёр Аллен Вуди, музыкант Дилан Боб, сурэтыщI Ван Гог Винсент, щIэныгъэлI Эйнштейн Альберт, миллиардерхэу Гейтс Билл, Маск Илон.