Уэшхрэ псыIагъэкIэ дызыгъэнщIа мы гъэм и гъатхэр тIэкIу кIыхьыIуэу къытхущIэкIами, иужьрей тхьэмахуэ-тхьэмахуитIым къриубыдэу тлъагъур хьэуам и къызэщIэплъэгъуэм зэрыщIидзарщ. Абы къыхэкIыу, ди республикэм щыпсэухэм ягу къэгъэкIыжыпхъэщ мы гъэм дызэрыт мазэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и губгъуэхэмрэ мэзхэмрэ мафIэс къыщыхъеинымкIэ шынагъуэ щыIэ зэрыхъуар. Апхуэдэ къэхъукъащIэхэр и нэхъыбэм «къызыпэкIуэр» цIыхухэм я Iэпэдэгъэлэлагъымрэ я гудзакъэншагъэмрэщ.
Удз гъуахэм лыгъэ щрадзкIэ, зызыубгъуу къызэщIэлыда мафIэм хокIуадэ а щIыпIэм щыпсэу псэущхьэ цIыкIухэмрэ къуалэхэмрэ, хьэпщхупщхэмрэ удз жылэхэмрэ. Лыгъэм щIыгулъыр Iисраф ещI, езы щIыри епхъэх. АтIэми, щIэныгъэлIхэм мы Iуэхум сэбэпынагъ гуэр къишэу къалъытэххэркъым.
ЦIыхум и гудзакъэншагъэкIэ къызэщIэлында мафIэм унэхэр, бжыхьхэр, гуэщхэр, н.къ. хесхьэ, электрокъару зрикIуэ кIапсэхэм ящIэгъэкъуа пкъохэр къегъауэ, уеблэмэ цIыху щыхэкIуади къохъу. А псом къахэкIыу, КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымрэ экологиемкIэ и министерствэм дигу къегъэкIыж мафIэс шынагъуэншагъэм и хабзэм тетын зэрыхуейр:
- зэрыункIыфIар хьэкъ фщымыхъупауэ тутын кIэфрэ мафIэдзрэ хыфIэвмыдзэ, мыштыкухэм яжьэ пщтырхэр къивмыгъэщэщ, абджым къыхэщIыкIа кумбыгъэхэр адэкIэ-мыдэкIэ къыщывмыгъанэ:
- автомобиль фису тутын фыщефэкIэ (къалэ, къуажэ щIыбхэм фыщызекIуэкIэ) сэхуалъэхэр къэвгъэсэбэп - тутын кIэфхэмрэ мафIэдзхэмрэ щхьэгъубжэхэм дэвмыдз;
- мафIэ фщIын ипэ къихуэу, ар щызэщIэвгъэстыну щIыпIэр сакъыу къыхэфх;
- пхъэ ныкъуэфхэр щызэхуэдзыса, ежьужьхэр куэду зэрыт, жыгхэм къапыху тхьэмпэ гъуахэр щызэтелъ щIыпIэхэм, жыг щIагъхэм мафIэ щывмыщI;
- мафIэ щызэщIэфщIэ щIыпIэр жьуугъуэджэмэ нэхъыфIщ, езы лыгъэми зебгъэубгъущэ хъунукъым, ар хуэм-хуэмурэ зэщIэгъэплъэн хуейщ, пхъэхэр зэкIэлъыгъэкIуауэ теплъхьэурэ;
- мафIэр щызэщIэвгъэстыну щIыпIэр япэщIыкIэ вгъэкъабзэ, щIы фIыцIэр къыщIэщыху, ихъуреягъым сантиметр 50 хуэдиз къызэщIиубыдэху;
- зыщывгъэпсэху мэзылъэ, парк щIыпIэхэм мыункIыфIыжа мафIэ лъэужь къыщывмыгъанэ, тутын кIэфхэр щыхыфIэвмыдзэ;
- ежьэжыгъуэр къэблэгъауэ пхъэ гъэсын кIыхьхэр, гъумхэр мафIэм пэрывмылъхьэ;
- мафIэ щыфщIа щIыпIэм фыкъыIукIыжын ипэкIэ, щIы тIэкIу текIутэн е псы тIекIэн хуейщ, ар зэрыункIыфIыжар флъагъуху;
- дагъэ зыщIэт е бензинрэ фэтыджэнрэ зыщIэзыфа, къэлындынкIэ шынагъуэ тхылъымпIэ, щэкI, бжьэхуц хуэдэхэр фыздэщыса щIыпIэм къыщывмынэ;
- мэзхэр фымыуфIей унагъуэм, ухуэныгъэм, промышленностым я кIэрыхубжьэрыхухэмкIэ;
- удзым, абы сыт хуэдэ теплъэ имыгъуэтами, мафIэ щIэвдзэ хъунукъым. Мэзым мафIэс къыщыхъуауэ е удзым лыгъэ хадзауэ флъагъумэ, Къэбэрдей-Балъкъэр мэз хозяйствэм и къэрал бюджет IуэхущIапIэм и щIыналъэ диспетчер IэнатIэм хъыбар евгъащIэ хъунущ мы телефонымкIэ: (88652) 97-38-76; мэзыр зыхъумэхэм занщIэу икIи пщIэншэу зэрызапыфщIэну телефонри мыращ: 8-800-I00-94-00.