Гъэм и сыт хуэдэ лъэхъэнэми...

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александррэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэ­жьы­гъэ IуэхукIэ Москва щы­зэхуэзащ.

Ахэр тепсэлъыхьащ щIыналъэм и социально-экономикэ зыу­жьыныгъэм, республикэм инвестицэ проектышхуэхэр зэ­рыщагъэзащIэм епха Iуэхухэм. Гулъытэ щхьэхуэ хуащIащ гъэм и сыт хуэдэ зэманми лажьэу щытыну «Iуащхьэмахуэ» турист-рекреацэ комплексым хуэ­гъэза проектымрэ туризм IэнатIэм республикэм нэхъри зыщегъэужьынымрэ пыщIа къалэнхэм.
Республикэм и Iэтащхьэм ­вице-премьерыр щыгъуазэ ищIа­щ республикэм илъэс ­кIуам игъуэта зыужьыныгъэр зыхуэдэм. Къапщтэмэ, про­мыш­ленностым къыщIигъэ­кIым щIышылэм - накъыгъэм процент 11,3-кIэ хэхъуащ, абы­кIи щIыналъэм КИФЩI-м япэ увыпIэр, къэралым етхуанэр щиубыдащ. ЗэхъуэкIыныгъэфI­хэр щыщыIэщ социальнэ IэнатIэми. Республикэм щыпсэухэм я хэхъуэр 2025 гъэм и япэ мазищым процент 13,9-кIэ нэхъыбэ хъуащ, абыкIи Кавказ Ищхъэрэм япэ, къэралым етIуа­нэ увыпIэхэр щиIыгъыу. Ды­зэрыт илъэсми пащэнущ бюджетым къыхэкIыу лэжьапщIэ зратхэм я улахуэм процентипщIкIэ хэгъэхъуэным хуэу­нэтIауэ ирагъэкIуэкI Iуэхум.
ЗэIущIэм и гугъу щащIащ мыхьэнэ хэха зиIэ инвестицэ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъуми - гъэм и сыт хуэдэ лъэхъэнэми лажьэ зыгъэпсэхупIэ Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщызэгъэпэ­щыным, ИТ-парк щIыным, Тырныауз бгы комбинатыр лажьэу егъэжьэжыным, Налшык къалэм псэупIэ хьэблэщIэхэр, Шэ­джэм хуабэщ комплексыр, Бахъсэн Ипщэм ГЭС щыухуэным, апхуэдэуи промышленность псын­щIэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми зегъэужьыным.
Республикэм и дежкIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ илъэсым и етIуанэ мазищым къриубыдэу къы­пэщыта къалэнхэм 2025 гъэм и бадзэуэгъуэм ирихьэлIэу щIрагъэгъуащ. ЛэжьапIэ IэнатIэщIэу 1120-рэ къызэ­Iуахащ (я мурадам нэхърэ проценти 7-кIэ нэхъыбэ), бюджетым щымыщ инвестицэхэр сом мелард 36,2-рэ хъуащ, зыщыгугъам процент 15-кIэ щIигъуу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и мылъ­ку нэхъыщхьэм 2025 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм инвестицэу къыхалъхьам, илъэс кIуам и апхуэдэ пIалъэм ирихьэлIэу яхузэфIэкIауэ щытам елъы­тауэ, процент 18,8-кIэ хэхъуащ, ар Урысейм ику иту щыIэ бжыгъэм нэхърэ нэхъыбэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ республикэм Кав­каз Ищхъэрэ щIыналъэм ещанэ увыпIэр щиубыдащ.
Апхуэдэуи хохъуэ ухуэныгъэ, мэкъумэш, сату IэнатIэхэм лэ­жьыгъэу щызэфIагъэкIми. Унэ­тIыныгъэ нэхъыщхьэу къонэж туризм IэнатIэр. ЩIышылэ – мэ­къуауэгъуэ мазэхэм республикэм туристу къакIуэм я бжыгъэр процент 14,5-кIэ нэхъыбэ хъуащ икIи зыплъы­хьакIуэ а зэманым ди деж щы­Iащ цIыху мин 910-рэ. Абыхэм ящыщ мелуан ныкъуэм щIи­гъум Iуащхьэмахуэ лъапэ зы­ща­гъэпсэхуащ. Абдеж къы­щы­зэгъэпэщащ иджырей зэма­ным екIу инфраструктурэ, гъуэ­гуфI­хэр, хьэщIэщ екIухэр щы­Iэщ икIи ахэр нэхъри егъэ­фIэ­кIуэ­ным хуэунэтIа лэжьыгъэхэм пащэ. А зыгъэпсэхупIэм илъэсым къриубыдэу махуэ 224-кIэ лы­жэкIэ бгым укъышежэх мэхъу. Мы зэманым ­Iуащхьэмахуэ ­лъа­пэ щолажьэ эко-лъагъуэ­хэр, абыхэм яфIэ­фIу зыщап­лъыхь щIалэгъуа­лэмрэ я уна­гъуэхэр я гъусэу зы­зыгъэпсэху туристхэмрэ.
КIуэкIуэ Казбек Новак Александр фIыщIэ хуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и нэIэ къы­зэрытригъэтым, щIыналъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ проектхэр пхыгъэкIынымкIэ сэбэп къызэрыхуэхъум папщIэ.

Поделиться: