Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэр къызэгъэпэщынымкIэ конкурс комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэр  къызэгъэпэщынымкIэ конкурсым теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2008 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэм и IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №85-УФ-мкIэ къащтам и 1.3-нэ пунктым ипкъ иткIэ:

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэр къызэгъэпэщынымкIэ конкурс комиссэм  хэтхэр  къэщтэн.

2.  Къару имыIэу къэлъытэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм мэлыжьыхьым и 27-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэр къызэгъэпэщынымкIэ конкурс комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ»  къыдигъэкIа унафэ №I7I-РГ-м.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек

Налшык къалэ

2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м

№113-РГ

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

Iэтащхьэм 2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м

къыдигъэкIа  унафэ №113-РГ-мкIэ

къащтащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэр къызэгъэпэщынымкIэ конкурс комиссэм

 Хэтхэр

Къуэдзокъуэ М. М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIыр (конкурс комиссэм и унафэщIщ)

Лу А. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрыр (конкурс  комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ)

Абэнокъуэ В. Къ. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм   и Жылагъуэ палатэм Хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ, езыхэм яфIэфIу ящIэхэмкIэ, щIалэгъуалэ политикэмкIэ, ветеранхэр дэIыгъынымкIэ и комиссэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)

 Амщокъуэ Ф. Къ. – «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюзхэм я федерацэ»  Союзым и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)

Апажэ А. Къ. – «КIуэкIуэ В.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ  щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет еджапIэ IуэхущIапIэм  щIалэгъуалэ политикэмрэ IэщIагъэ лей зэгъэгъуэтынымкIэ и проректорыр (зэрызэгурыIуам тету)

Асыкинэ Т. И. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIалэгъуалэм я  IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэр (комиссэм и секретарщ)

Атаев  Ж. Д. – IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я офицерхэу запасым щысхэм я зэгухьэныгъэхэм я лъэпкъ ассоциацэ»  (МЕГАПИР)» фейдэ къегъэщIыным пымыщIа организацэм и  представительствэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)

 Гъудэ А. Ф. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Аппаратым и унафэщIыр

Езауэ А. Къ. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрыр

Емуз Н. Гъу. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ  щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)

Емуз А. С. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и  Iэтащхьэм Администрацэм къэрал къулыкъумрэ къулыкъущIэхэмрэ я IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщIыр

Забаков  А. Б. – Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» Урысейпсо жылагъуэ-къэрал зэщIэхъееныгъэм и щIыналъэ къудамэм и  Советым и унафэщIым и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету)

Кожухов К. В. – Прохладнэ къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам тету)

Кульбаев А. Б. – Шэрэдж муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам тету)

КIурашын А. В. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лъэпкъхэм я IуэхухэмкIэ, жылагъуэ проектхэмкIэ и министрыр

Курманов М. Р. – «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледж»  IэщIагъэ щрагъэгъуэт  къэрал бюджет еджапIэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету)

Рахаев Б. М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрыр

Романовская А. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ  цIыхубэ  зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министерствэм цIыхубэ информацэм и IэмэпсымэхэмкIэ и къудамэм и унафэщIыр

Шыпш А. М.- Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» Урысейпсо жылагъуэ-къэрал зэщIэхъееныгъэм и щIыналъэ  къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и Советым и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)

Поделиться: