Уэрэдыр хьэуам хэкIуасэу!
Иджыблагъэ Гъэмахуэ театрым щызэхуэсащ налшыкдэсхэр, республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щыщхэр, ди гъунэгъу республикэхэм къикIа хьэщIэхэр. Псори куэд щIауэ пэплъэрт Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм щIыхь зиIэ я артист, Шэшэн Республикэм и цIыхубэ артист Апэнэс Астемыр и пшыхьым. ЦIыхубэм я гум макъ жьгъырукIэ, утыку итыкIэ екIукIэ, гукъыдэжыр зыIэт гушыIэ дахэкIэ дыхьа уэрэджыIакIуэм и концертым тIысыпIэ нэщI иIэтэкъым, дауи. Ныбжь зиIэхэри, щIалэгъуалэри, сабийхэри зэхуишэсащ уэрэджыIакIуэм. Апэнэсым и дэтхэнэ утыку ихьэгъуэри гукъинэ ещI игъэзащIэ уэрэдхэм щIэщыгъуэ зэрыхэлъым. Пасэрей макъамэ гъэIукIэм ирегъэкIуф иджырей Iэмалхэри. Псалъэм и хьэтыркIэ, Бэдынокъуэ пшыналъэр игъэзэщIэнщ, иджырей макъ зэщIэжьыуэ IэмалхэмкIэ ар щIигъэбыдэрэ, иджырей щIалэгъуалэм я гум дыхьэу. Макъамэ пшыхьыр зэрекIуэкIынур зыкъомкIэ елъытагъэнщ абы пэщIэдзэ хуащIым. АтIэ, къызэхуэсахэр мы пшыхьым и ублэкIэм зэуэ зыIэпишащ, нэхъапэкIэ зримыхьэлIа щIэщыгъуэ пигъаплъэу! ЦIыхухэр зыпэплъар гъэпэжын хуейтэкъэ! Ари фIы дыдэу къайхъулIащ уэрэджыIакIуэми концертыр къызэгъэпэщыным елэжьа ГъукIакъуэ Идар и гупми. Псоми дощIэ Апэнэсым игъэзащIэ «Бела чао» уэрэдым клип гъэщIэгъуэн зэрыдэщIыгъур – фэилъхьэгъуэ плъыжькIэ хуэпарэ я нэкIури маскэкIэ гъэпщкIуауэ къэфакIуэ гупым ягъэдахэ ар. Апхуэдэ «шыфэлIыфэ» зиIэ щIалитI цIыхухэм яхыхьащ, джэгурэ гушыIэжу. Гъэмахуэрэ, уи хъуреягъыр жыгрэ щхъуантIагъэу, уафэм и гущIэм уиплъэу уэрэду узыщIэдэIунухэм уапэплъэныр сыт и уасэ! Апхуэдэ гукъыдэжыр нэхъри къыщIаIэтащ «Белла чао»-м и лIыхъужьхэм» - залым щIэсхэм яхыхьащ, ядэгушыIащ, зылъысми псы траутхащ. Утыкум ихьэжщ, нэкIуIупхъуэр зыIуахри – зыр ТхьэмытлIокъуэ Славикт (езыгъэкIуэкIар), адрейр - Апэнэс Астемырт! Пшыхьыр щIэщыгъуэу иригъэкIуэкIащ ТхьэмытлIокъуэм: концертым щIэсхэр гуапэу къригъэблэгъащ, я гукъыдэжыр пшыхьым хуигъэхьэзыру, гушыIэ дахэкIэ къыдихьэхащ. ПэщIэдзэу «Новые люди» партым и лIыкIуэхэм «AirPods» наушникхэр иратащ джэгукIэ зи насып къихьахэм. - Сыту щIыпIэ дахэ мы гъэмахуэ театрыр! Мыбы къэкIуахэм фи гукъыдэжым зиIэтыным, фыгуфIэным, фыгушхуэным, хуиту зывгъэпсэхуным теухуауэ си щIыбагъ къыдэту, концертыр екIуэкIыным я псэ хуабагъэ халъхьэу холэжьыхь гуп псо. Макъамэ дахэр зэпыун хуейкъым! – жиIащ Апэнэс Астемыр икIи фIыщIэ яхуищIащ налшыкдэсхэми, къуэш республикэхэм къикIахэми. АдыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, шэшэныбзэкIэ, ингушыбзэкIэ пшыхьым щыIуащ уэрэдхэр. Апэнэс Астемыр и концертыр даIыгъащ Кавказ эстрадэм и утыкум и артист пажэхэм. Пшыхьыр ягъэдэхащ Дау Аминэ, Щокъуий Мурат, Уэзрокъуэ Чэрим, КIыщхэ Ислъамрэ Каринэрэ, ХьэIупэ Къантемыр, Третьяк Татьянэ, Жамборэ Заринэ, Нальгиевэ Лемэ, Гасанов Руслан, «Мыст» уэрэджыIакIуэ гупым, «Шардан», «Калисто» къэфакIуэ гупхэм, нэгъуэщIхэми. Еуаз Зубер Апэнэсым тыгъэ хуищIащ езым ищIа шыкIэпшынэ. «Дэ адыгэм ди хабзэр аращ», «Си Къэбэрдей», «Уэ гуфIэ», «Шу», «Нартхэ ди Бэдынокъуэ», «Сыпхуозэш», «Уэрэ сэрэ», «Адыгэ диско», «Уэр нэхъ дахи теткъым дунейм», «Сердце Кавказа», «Белла чао», «Сэлам», «Все мы братья на планете», «Я устал», «Жизнь одна»… Астемыр жиIа уэрэдхэм иджыри къыпыпщэ хъунущ. Пшыхьым къэкIуахэм гукIэ ящIэрт уэрэдхэм ящыщ куэди, дежьурт. Къыхэдгъэщынщи, Апэнэс Астемыр игъэзащIэ уэрэдхэм ящыщ куэд и адэ Апэнэс Валерэ хуитхащ. УэрэджыIакIуэм и макъым, и дуней тетыкIэм, и цIыху хэтыкIэм, и гушыIэкIэм, гупсысэкIэм хуэкIуэрэ хуэфащэу хэт нэхъыфIу итхынт атIэ ахэр! Апэнэс Астемыр и концертым щыIахэм загъэпсэхуащ гукIи псэкIи. Уэрэдхэм хэт сатырхэм, уи гур куэдым зыхь макъамэм, гукъэкIыжхэм ухэзышэ псалъэхэм ихьэхуахэр къытрагъазэурэ куэдрэ едэIуэнущ фIыуэ ялъагъу уэрэджыIакIуэм и уэрэдхэм, дауи, пэплъэнущ и концертхэм. Ар езы уэрэджыIакIуэми къару хуэхъунущ! ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:35 →
АдыгэпсэкIэ псыхьащ и IэрыкIхэр
15.12.2025 - 11:24 →
Зы хэкIыпIэ яIащ
15.12.2025 - 11:13 →
ЖьакIэмыхъу КIунэ ягъэлъапIэ
11.12.2025 - 10:00 →
ГущIэгъу зыхэлъыр гу къабзэрщ
10.12.2025 - 15:05 →
И къалэм жаныр псоми нос
| ||




