Дэтхэнэ цIыхуми хэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыщхьэхэр наIуэ къохъу ар щытыкIэ къызэрымыкIуэм щихуэм деж. Зи гугъу сщIы а щытыкIэр къэзышэ щхьэусыгъуэхэм хохьэ уи щхьэкIэ е уи IыхьлыкIэ гузэвэгъуэ ущыхэхуэр, фIэкIыпIэрэ хэкIыпIэрэ зыхуумыгъуэт Iуэхугъуэхэр къыщыкъуэкIыр. Псом хуэдэжкъым, дауи, укъыщалъхуа щIыналъэм, ущыпсэу къэралым шынагъуэ къыщыщхьэщыхьэр. Хэкупсэ гъэсэныгъэ зыхэлъ цIыхум абы щыгъуэ къызыкъуих къарумрэ лIэкIыныгъэмрэ, лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ зыхуэбгъэдэн щымыIэми ярейщ. Апхуэдэ щапхъэхэр гъунэжу щыдолъагъу, ди къэралым и тхыдэ блэкIам хэта къуэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм я напэкIуэцIхэм дыщриплъэжкIэ.
Ноби дыщыпсэур апхуэдэ зэманщ: дуней псом къэралу щыIэм я нэхъыбапIэр хэтщ зэпэщIэувэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Апхуэдэ щытыкIэ ткIийм илъэс еплIанэ мэхъури дитщ дэри. Урысей Федерацэм и Президентым ищIа Унафэм ипкъ иткIэ, гъунэгъу щIыналъэм щокIуэкI дзэ Iуэху хэха. Къэралым хыхьэ щIыналъэ псоми я лIыкIуэхэр хэтщ а зэпэщIэувэныгъэм. Ди лъахэгъухэри мымащIэу итщ зауэ губгъуэхэм, Хэкум и къыщхьэщыжакIуэ нэс хъуауэ. Зы къали къуажи къэнакъым а зауэм зи щIалэхэр зымыгъэкIуа. Ди унагъуэ куэдым я къуэхэр, щхьэгъусэхэр Iутщ а IэнатIэм, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу. Абыхэм ящыщщ Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и дзэ къудамэхэм ящыщ зым и командир Шыкуэ Азрэт Валерэ и къуэр.
Гушхуэныгъэ ин тхэлъу жыдоIэри, ди щIалэхэр зыхэтым фIыкIэ къахэщхэм ящыщщ: я хьэл-щэнкIи, гупым зэрахэзагъэкIи, IэрыхуагъкIи, жыджэрагъкIи, лIыгъэрэ хахуагъэу къакъуэкIымкIи. Апхуэдэщ Шыкуэ Азрэти. «Мыщэ» цIэ лейр зиIэу фронтым Iут адыгэ щIалэр Налшык къыщалъхуащ. Курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ. Дзэ къулыкъур ирихьэкIа нэужь, абы адэкIи щыпищащ Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и дзэ къудамэхэм ящыщ зым. СВО-р зэраублэ лъандэрэ Шыкуэр хэтщ а зэпэщIэувэныгъэм, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу. Азрэт бийм пэщIэтщ, зи цIэджэгъу псэущхьэ Iэлым хэлъ лъэкIыныгъэшхуэм нэхърэ нэхъыбэж зэфIэкI къызыкъуихыу. Ди щIалэхэм зэрахабзэщи, ари щысхьырабгъу лъэпкъ хэмылъу, ерыщу икIи къикIуэт имыщIэу, щхьэмыгъазэу зауэ IэнатIэм Iутщ, захуагъэм, зэпIэзэрытыныгъэм, мамырыгъэм папщIэ.
Хэкум и пащхьэм щиIэ къалэнхэр пэжу, къикIуэт имыщIэу зыгъэзащIэ адыгэ щIалэ лIыхъужьым бгъэдэлъ гупсысэ куумрэ акъылыфIагъымрэ наIуэ дыдэ къэхъуащ, ар зи пашэ дзэ гупыр Луганск, Донецк цIыхубэ республикэхэм, Курск областым я щIыналъэхэр, абыхэм щыпсэухэр хуит къэщIыжыным хуэгъэпса дзэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым. Пщэрылъ къыщащI къалэнхэр къызыхуэтыншэу зэрызэфIихым къыдэкIуэу, Шыкуэм езым зэхигъэувэж план хэхам тету мызэ-мытIэу къызэригъэпэщащ икIи иригъэкIуэкIащ ехъулIэныгъэфIхэр къызыпэкIуа ебгъэрыкIуэныгъэхэр.
Адыгэ щIалэм бгъэдэлъ апхуэдэ зэфIэкI лъагэхэр гулъытэншэ хъуакъым. Шыкуэм къыхуагъэфэщащ къэралым, дзэ IэнатIэхэм я дамыгъэ лъапIэхэр, дзэпщхэм къабгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр. Азрэт и бгъэгум щылыд дамыгъэхэм ящыщщ Луганск ЦIыхубэ Республикэр хуит къэщIыжыным епха дзэ Iуэхухэм лIыгъэшхуэ къигъэлъагъуэу зэрыхэтым къыпэкIуэу, а щIыналъэм и Iэтащхьэм ищIа унафэм ипкъ иткIэ кърата «Хахуагъэм папщIэ» медалыр. А дамыгъэ лъапIэхэм ящыщ дэтхэнэри Шыкуэ Азрэт къилэжьащ къигъэлъэгъуа хахуагъэмкIэ, хэлъ быдагъэмрэ зэпIэзэрытыгъэмкIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэхэр къэрал щхьэхуитыныгъэм къэмылэнджэжу зэрыщIэзэум и щыхьэтхэм ящыщ зыщ Шыкуэм и зауэ гъуэгуанэр. Апхуэдэ щапхъэхэр, шэч хэмылъу, сэбэпышхуэщ щIыналъэм къихъуэ щIэблэр хэкупсэ нэсу, къэралым и къыщхьэщыжакIуэ лъэщу гъэсэнымкIэ. Къытщхьэщытым долъэIу адыгэхэм ди лъэпкъыцIэр фIыкIэ зыгъэIу Шыкуэ Азрэт, апхуэдэуи зауэ IэнатIэ гугъур щIыхь пылъу мы зэманым езыхьэкI адрей ди щIалэхэри узыншэу, Iэпсо-лъэпсоуэ икIэщIыпIэкIэ я унагъуэхэм ихьэжыну, ТекIуэныгъэр къахьауэ. Шэч хэлъкъым: абыхэм я гъащIэр, зэрахьэ лIыгъэмрэ къакъуэкI хахуагъэмрэ быдагъэмрэ бэм я гъуэгугъэ-лъагъуэу, я щапхъэу куэдрэ щытынущ. Апхуэдэ пщIэ ягъуэт хабзэщ къэралым и щхьэхуитыныгъэр зыхъумэхэм.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.